Мэуэт псэуалъэжьхэр къагъуэтыж

Дон Iус Ростов къалэм мы гъэмахуэм и кIэм щегъэжьауэ археологхэм я къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щокIуэкI. Иджыблагъэ хэIущIыIу хъуащ къалэкум пасэрей мэуэтхэм я псэуалъэу щыта лъапсэжьхэмрэ абы щызэрахьа Iэмэпсымэхэмрэ къызэрыщагъуэтыжар. Хъыбарым щыгъуазэ дещI Ростов къалэм щылажьэ 
Щэнхабзэ мыхьэнэ зиIэ фэеплъхэр хъумэнымкIэ комитетым. 

 Къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр Дон Iус Ростов Чеховымрэ Седовымрэ я цIэкIэ дэт уэрамхэм я зэпылъыпIэм деж щокIуэкI. Абдеж дыдэращ зыхуэзэр «Ростовское городище» зыфIаща пасэрей псэуалъэжьри. А щIыпIэм Псыжь и Iэгъуэблагъэм ди лъэхъэнэм и япэ лIэщIыгъуэм къиIэпхъукIа мэуэт лъэпкъхэр щыпсэуащ. 
 Мэуэтхэр адыгэхэр къызытехъукIа лъэпкъыжьхэм язу зэрыщытым щIэныгъэм шэч куэд щIауэ къытрихьэжыркъым. Фигу къэдгъэкIыжынщ академик Арутюнов Сергей и псалъэхэр: «Нэхъ мащIэ дыдэу илъэс 3000 хъуауэ адыгэхэр Кавказым щопсэу. Илъэс 3000 и пэкIэ абыхэм я хэкум Трабзон щегъэжьауэ Ростов нэс къызэщIиубыдэрт, КъухьэпIэ Куржыри хэтыжу. «Адыгэхэр» щыжысIэм деж абы хызогъэубыдэ абхъаз-адыгэхэри, абхъаз-абазэ лъэпкъхэри. Трабзон щегъэжьауэ Ростов нэс, КъухьэпIэ Куржыри хэту, япэрей адыгэ лъапсэу щытащ». 
Ростов фэеплъ къыщIэхыпIэхэм IэщIагъэлIхэм къыщагъуэтащ щэкI зэрызэIуащэ Iэмэпсымэхэр, ятIэм къыхэщIыкIа вакъэ къупхъэхэр, мывэм къыхэщIыкIэ, щхьэлым ебгъэщхьын хьэдзэтхъунщIхэр. Бдзэжьейхэмрэ псэущхьэхэмрэ я къупщхьэу къагъуэтари мащIэкъым. 
Апхуэдэу щIэгъэхуэбжьауэ къалэм къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр екIуэкIыным щхьэусыгъуэ хуэхъуар Чеховымрэ Седовымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я зэпылъыпIэм деж унэ зэтетыщIэхэр щыдращIеину зэрызагъэхьэзырырщ. Ауэ ухуэныгъэ лэжьыгъэхэм щIидзэнукъым IэщIагъэлIхэм ахэр зытращIыхьыну щIыхэр нэгъэсауэ къамыплъыхьауэ. 
Зи гугъу тщIы фэеплъ къыщIэхыпIэр фIыуэ яджахэм щыщкъым, ауэ щыхъукIэ Станиславскэм и цIэр зезыхьэ уэрамым 2017 - 2018 гъэхэм къыщагъуэта кхъэлъахэм мэуэт къулейхэм къащIэна налкъутналмэсхэр къыщIахауэ щытащ. 
Мы гъэм археологхэм Ростов къалэкум щыщIапщытыкIащ метр минитI зэбгъузэнатIэм нэсын щIы Iыхьэ. Абыхэм иджы къащIащ къагъуэтыжа мэуэт псэуалъэжьым япэм зэрыхуагъэфащэу щытам нэхърэ нэхъ щIыпIэшхуэ зэриIыгъар. КъинэмыщIауэ Дон Ипщэм деж щыпсэуа а пасэрей лъэпкъыжьым и фэеплъхэр щызекIуэ лъапсэ 70-м нэс къагъуэтащ. 
Абыхэм ущрохьэлIэ ятIэ плъыжьым къыхэщIыкIа, лэч плъыжькIэ ла кхъуэщынхэкIхэм, кхъуэщыныщI Iэмэпсымэ къамыгъэсэбэпу ящIа ятIэхэкI хьэкъущыкъухэм. 
Археолог гупым жаIэ: «Зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ фэеплъщ псэуалъэжьхэм я зым къыщыдгъуэта, ятIэм къыхэщIыкIа вакъэ къупхъэхэри. Ростов псэуалъэжьым исахэр нэхъыбэу зыхэпсэукIар мэкъумэшымрэ Iэщ гъэхъунымрэщ. Ахэр бдзэжьей ещэу зэрыщытам и щыхьэтщ бдзэжьейхэмрэ псэущхьэхэмрэ я къупщхьэ куэд, мывэм къыхэщIыкIа, хъыр хым зэрыхадзэ мывэ Iэмэпсымэхэм узэрырихьэлIэм. Абыхэм яхэтыжщ мывэм къыхэщIыкIа, IэкIэ хьэдзэхэр зэратхъунщI Iэмэпсымэри. 
Къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щэкIуэгъуэм ику пщIондэ екIуэкIынущ. 
 
 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: