Аулъэ Мэлыч къызэралъхурэ илъэси 100 ирикъуащ

Тхыдэ   щIэныгъэхэм   я   доктор,  профессор,  Адыгеймрэ   Псыжь  хэгъуэгумрэ   щIэныгъэмкIэ    щIыхь    зиIэ    я   лэжьакIуэ,  Дунейпсо Адыгэ  Академием  и   академик    Аулъэ   Мэлыч  Хьисэ  и  къуэр  1917 гъэм  щэкIуэгъуэм  и  8-м  Адыгейм   щыщ  Хьэкурынэхьэблэ  къуажэм  къыщалъхуащ.  Илъэс   13   фIэкIа    имыныбжьу,  ар    хэтащ     революцэ нэужьым    щIэныгъэншагъэр    зыгъэкIуэд   гупхэм.   Езым и  къуажэм, къыщалъхуа  и  унэм   абы  къыщызэIуихауэ  щытащ   «ЩIэныгъэншагъэр гъэкIуэдынымкIэ  IуэхущIапIэ».

1932 гъэм  Мэлыч   щIотIысхьэ  Краснодар  дэт,   ЕгъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр  институтым    физикэмрэ  есэпымрэ   щадж   и   къудамэм.  

1936 гъэм щегъэжьауэ Аулъэр  физикэмрэ  есэпымрэ  иригъаджэу  къуажэ  школхэм  щолажьэ,  I939 гъэм  щегъэжьауэ   ар  Хъуэдз  еджапIэм  и  унафэщIщ.   

           1939  гъэм  щэкIуэгъуэм  и  11-м  Аулъэр   Армэ  Плъыжьым ираджэри  илъэс  13-кIэ  зауэ IэнатIэм   къулыкъу    щехь.   

1941  гъэм  щегъэжьауэ   ар   Хэку   зауэшхуэм   хэтащ.  Аулъэм  и  цIэр  къыхощ  Мэзкуу   кърагъэлын  папщIэ  нэмыцэ  зэрыпхъуакIуэхэм иращIылIа  зэхэуэм,  ар  щытащ   жыжьэрыуэ   топгъауэхэм   я   унафэщIу. КъинэмыщIауэ, щIалэр Украинэм, КъухьэпIэ, Ипщэ-КъухьэпIэ фронтхэм щызэуащ.  Хэку  зауэшхуэр подполковник  къулыкъур зэрихьэу иухащ.

          1942  гъэм  щегъэжьауэ  I947   гъэ  пщIондэ  Аулъэр  щоджэ   Лениным  и  цIэр  зезыхьэ  Зауэ-политикэ  академием. I947  гъэм  щегъэжьауэ I949  гъэ  пщIондэ  зауэм  къыщыщхьэпэ IэщIагъэхэм   хуезыгъасэ  еджапIэхэм  щрегъаджэ.  Хэку  зауэшхуэм  щызэрихьа  лIыгъэхэм папщIэ  Аулъэм  къыхуагъэфэщащ  Хэку   зауэшхуэ  орденым  и  етIуанэ   нагъыщэр, «Хахуагъэм  папщIэ»   медалымрэ  нэгъуэщI   медаль  15-рэ.

1954  гъэм  Аулъэм «Сталинград  зауэм и  тхыдэр» кандидат диссертацэр пхигъэкIащ, иужькIэ СССР-м  и  еджапIэ зыбжанэм   щригъэджащ.  1954 - 1967  гъэхэм  АРИГИ–м,  I967 - I994  гъэхэм   Краснодар  политехническэ институтым щылэжьащ.

             Лэжьыгъэм къыпэрыкIа нэужь,  Аулъэ   Мэлыч   лэжьащ   Краснодар   крайм   и   Адыгэ Хасэм   и   тхьэмадэу.   

2001  гъэм   дунейм   ехыжащ,  ахърэт  нэху  Алыхьым  кърит.  

Адыгэ     гъэсэныгъэмрэ     тхыдэмрэ    щыпашэ    цIыху   щыпкъэ

         Аулъэ  Мэлыч  1917  гъэм  щэкIуэгъуэм и  8-м Шэуджэн  районым  щыщ  абэзэхэ  къуажэм  дэс  мэкъумэшыщIэ  унагъуэм  къыщалъхуащ.  И  адэ Гьисэ  хуабэ  узым  щилIыкIам сабийр иджыри  илъэс ирикъуатэкъым.  И  анэ  Гуащэнэ  и  дыщ  къэкIуэжри,  щIалэ цIыкIур  и  анэмрэ и анэшхуэ Мосэрэ  япIащ. Сабий  дыщэу  къэтэджащ, и  анэ шыпхъу-анэшхэм фIы  дыдэу къалъагъуу, зыхалъхьэ щымыIэу. ЩIалэ цIыкIур упщIэ куэд зыт, щIэныгъэм зигу  хузэIуха хъупхъэхэм  ящыщт. И анэр,  бзылъхугъэ Iущыгъэ ин зэрыхэлъам нэмыщI, дэн-бзэнкIэ IэкIуэлъакIуэу, пщэфIэнми хуэIэзэу щытащ. Бзылъхугъэр динми  щыгъуазэт: КъурIэн еджэрт, нэмэз ищIырт.  И  сабийм тхьэфIэщхъуныгъэ хилъхьэн папщIэ, ар илъэси 5-6 ныбжьым  щитым къуажэ мыдрисэм иритауэ щытащ. ПIалъэ кIэщIым щIалэ цIыкIур КъурIэным псым хуэдэу  къеджэу хъуащ, тхылъ лъапIэм щэ икIам  мыдрисэр  къиухауэ ялъытэрти,   абыхэм  хабжащ, хьэрыпыбзэ   зэрызригъэщIари   и   лэжьыгъэм  къыщыхуэщхьэпэжащ.

         Мэлыч  и  анэшхуэ  Мосэ  щIалэм  къыбгъэдихащ  хъыбархэр, тхыдэхэр, таурыхъхэр, нарт  уэрэдыжьхэр, абыхэм  едэIуэныр щIалэ цIыкIум и щIасэт, езыми  щIэуэ зыгуэр хигъэувэн  фIэфIу. Къуажэм  щылажьэ  пэщIэдзэ   еджапIэм Мэлыч адыгэбзэми урысыбзэми  щыхуеджащ, хьисэпыр зэригъэщIащ. Мосэ фIыуэ къыгурыIуэрт урысыбзэу умыщIэу жыжьэ узэрынэмысынури,  ар щIалэ цIыкIум  иригъэщIэныр плъапIэ ищIат.  Щэгъумэ  станицэм  Мэлыч  и  анэшхуэм  и  ныбжьэгъу къэзакъ унагъуэ  дэсащ – Лукьян Осипович Ларионов жыхуаIэр. Бын  унагъуэ  дахэу, Iэдэбрэ  хабзэрэ  я  зэхуаку  дэлъу  псэу   Ларионовхэ я   деж  яшэри,   Мэлыч  а  станицэм дэт    еджапIэм   щIагъэтIысхьащ.

         Япэрей классыр щIалэ цIыкIум къытехьэлъами, етIуанэ илъэсым и ныбжьхэм я нэхъ дэгъуэу, еджэнкIи,  зекIуэкIэ дахэкIи  къахэщу  хъуащ икIи а къуажэм   класситхур къыщиухащ.  Аулъэм куэдрэ игу къигъэкIыжащ мы станицэм зэрыщыIа зэманыр, щIэныгъэм хуэгъэза  япэ лъэбакъуэхэр абы зэрыщичар.

        Сыт  хуэдэ  зэмани  Аулъэм еджэныр и щIасэт, художественнэ тхылъхэм, урыс  классикхэм  я тхыгъэхэм зыщигъэгъуазэрт, еджэным къыдэкIуэу цIыхубэ лэжьыгъэхэми  жану  хэтт. Аулъэм и Iыхьэ  хилъхьащ  къуажэм щIэныгъэншагъэр  щагъэкIуэда  лъэхъэнэм,  езыр зэрыщIалэ дыдэм хуэдэу. Абы и ужькIэ  ар щIэтIысхьащ Краснодар дэт институтым и  физикэ-хьисэп къудамэм.   Яблоневскэ  дэт  консерв   щащI  заводым  щылажьэ   щIалэгъуалэр я IэнатIэхэм  зэрыпэрытым   хуэдэурэ  иригъэджащ.   Институтыр фIыуэ къиуха нэужь, абы хэкум къигъэзэжри, Пэнэжыкъуей  дэт  еджапIэм физикэмрэ  химиемрэ  щригъэджащ,  Джаджэ   станицэми    щылэжьащ.

 

Мамырыкъуэ Нуриет.
Поделиться: