Алыджхэмрэ адыгэхэмрэ я зэуэкIэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр

Пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ я зэуэкIэми зэщхь мымащIэхэр яхыдолъагъуэ. Пасэрей адыгэ хабзэмкIэ, зауэлI къаукIарэ абы и хьэдэр бийхэм яIыгъ щIыпIэм къыщынамэ, адыгэхэм абы и хьэдэр къащтэжын е къащэхужын хуей хъурт. Я ныбжьэгъум и хьэдэр зыIэрагъэхьэжын папщIэ, бийхэм ебгъэрыкIуэурэ гупышхуэ щыхэкIуадэ щыIэт. Ар къемыхъулIамэ, къащэхужырт.

«Таймс» газетым и корреспондент Лонгворт Джон XIX лIэщIыгъуэм Урыс-Кавказ зауэм щитхыгъащ: «Я хэкуэгъухэм ящыщ зауэ губгъуэм къинамэ, куэдыр ар къыщаукIа щIыпIэм макIуэ абы и хьэдэр къащтэжыну. А зэхэуэм нэгъуэщI цIыхухэр зэрыхэкIуадэри къафIэIуэхукъым».

Шэрджэсхэм я гъащIэмрэ хабзэмрэ хуабжьу кIэлъыплъа Монпере Фредерики итхыгъащ адыгэхэм «зауэм хэкIуэдахэм я хьэдэхэр къызэращэхужыр». Мыбдеж дигу къыщыдгъэкIыж хъунущ Гектор и хьэдэр къызэращэхужа щIыкIэм теухуауэ Гомер итхари. «Илиада»-м дыкъыщоджэ езым и къуэр къищэхужын папщIэ налкъут куэд къэзыхьа Приам лIыжьыр Ахилл фIэгуэныхь зэрыхъуар икIи ар пщIэншэу зэрыритыжар.

Пасэрей адыгэхэр шынэкъэрабгъэхэм ятеплъэ хъуртэкъым, уеблэмэ апхуэдэхэм къэрабгъэ джанэрэ къэрабгъэ пыIэрэ щатIагъэрт. Пасэрей алыджхэми абы ещхь хабзэ яIащ. Плутарх къыхигъэщхьэхукIащ лIыхъужьхэм я мызакъуэу, къэрабгъэхэми Спартэм уэрэд щыхуаусу зэрыщытар. Ауэ а уэрэдхэр зэщхьэщыкIырт. ЗэуапIэ губгъуэр къагъанэу щIэпхъуэжахэм нэмыплъ иратырт, Лермонтов Михаил и «КIуэрыкIуэсэж» поэмэм къызэрыщыгъэлъэгъуам хуэдэу.

Мыбдеж пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ куэдкIэ щызэтохуэ. Щапхъэ зытIущ къэтхьынщ: «Спартэм щыщ гуэрым и анэм хуиIуэтэжащ езым и къуэшым и псэр лIыхъужьым хуэдэу зэритар. Абы бзылъхугъэм пидзыжар мыращ: «Уэ уукIытэркъэ, апхуэдэу уи псэр зэрумытам щхьэкIэ?!»

Спартэм щыщ нэгъуэщI цIыхубзым и къуитхури зауэм игъэкIуат. Къалэгъунэм Iуту ар пэплъэрт, зауэр зэриухам теухуа хъыбарыр къищIэным. Гъунэгъуу блэкI цIыхухъум къыжриIащ абы и къуэхэр псори зэрыхэкIуэдар.

«Аракъым уэ сыныщIоупщIар, - кIиящ цIыхубзыр. - Я Хэкум и Iуэхур зыхуэкIуарщ». Спартэр зэрытекIуар къыщыжриIэм, бзылъхугъэр гуфIащ: «Апхуэдэу щыщыткIэ, сэ сыщогуфIыкI си къуэхэр зэрыхэкIуэдам».

Апхуэдэ щытыкIэхэм къихутэрт адыгэ цIыхубзхэри. Урыс-Кавказ зауэм и зэманым зы бзылъхугъэм и къуищри зэхэуэхэм хигъэхьащ. Мыгувэу къыхуаIуэхуащ тIум лIыгъэ яхэлъу я псэр зэратар, ещанэр зэрыпсэур. А хъыбар гуауэр хуэзыхьам еупщIащ анэр: «Абы езым и къуэшхэм ялъ ищIэжа?» Мыдрейм жэуап иритащ, бийр къарукIэ къызэребэкIым къыхэкIыу, апхуэдэ Iэмал ещанэм зэримыIар. «Апхуэдэу щыщыткIэ, сэ сиIар къуитIщ», – пиупщIащ и псалъэр цIыхубзым.

НэгъуэщI адыгэ бзылъхугъэм и къуэ закъуэр зауэм щигъакIуэм, щIалэм и Iэблэм щэкI плъыжь ирищIащ: «ЗэгъащIэ, си къуэ, уэ мы щэкI плъыжьыр уи Iэблэм ищIауэ утекIуауэ къэбгъэзэжын е хьэдэу укъахьыжын хуейщ».

Шэрджэсхэм я бийуэ Урыс-Кавказ зауэм хэта декабрист Лорер адыгэхэм къадекIуэкI апхуэдэ пасэрей хабзэм теухуауэ игу къигъэкIыжахэр гъэщIэгъуэнщ. Зи гугъу ищIыр Раевскэмрэ зэхэуэм хэкIуэда шэрджэсхэм я хьэдэхэр иратыжыну лъаIуэу абы къыхуэкIуа адыгэпщымрэ яку дэлъа псалъэмакъырщ. «Сэ зэи сщыгъупщэжынукъым абыхэм яку дэлъа псалъэмакъыр», – итхыжащ Лорер. – «Сыт фэ ди пащтыхьышхуэм и жыIэм фыщIыщIэмыувэр? – еупщIащ Раевскэр пщым. – Сыт лъыр щIэвгъажэр пщIэншэу? СощIэ фи деж, бгыхэм, инджылыз Бёлл зэрызыщигъэпщкIур. Абы фыкъегъапцIэ, инджылызыр къывдэIэпыкъуну жиIэурэ. АрщхьэкIэ, фи фIэщ фщIы фэ зыри къызэрывдэмыIэпыкъунур, абы и пIэкIэ езыр фыпхи къыдэфт, абы пэкIуэуи ди пащтыхь къулей дыдэм налкъут куэд къывитынущ».

Тэрмэшыр къигъэсэбэпри, пщым Раевскэм мыпхуэдэ жэуап иритащ: «Сэ сфIэтелъыджэщ генералым и псалъэхэр. Фи пащтыхьыр апхуэдизу къулеймэ, сыт дэ ди къулейсызыгъэм къыщIехъуапсэр, ди бгы лъапэ къулейсызхэм ху щыхэтсэну Iэмал къыщIыдимытыр? Апхуэдэу щыщыткIэ, фи пащтыхьыр егъэлеяуэ нэпсейуэ къыщIэкIынущ. Инджылыз Бёлл и гугъу пщIымэ, дэ ар фэ фэттыфынукъым, ди ныбжьэгъущи, ди хьэщIэщи, икIи фIы куэд къытхуещIэри. Фэ фхуэдэ дыдэу дэри къытхэтщ къэпщэху хъуну напэншэхэр, арщхьэкIэ, дэ, пщыхэр, лIакъуэлIэшхэр, сыт щыгъуи дыхьэрэмыгъэншэщ икIи фэ фиIэкъым а гъуэгум дытезышыфыну дыщи, дыжьыни, налкъути».

Сэ гу лъыстащ Раевскэр зэрыукIытам икIи зэтекIутауэ зэтелъ хьэдэхэр пщым иратыжыну псынщIэу унафэ зэрищIам. Апхуэдэу бгырысхэм къащтар фочышэхэмкIэ яукIахэм я хьэдэхэрщ: мыжурэр къэгъэсэбэпыныр абыхэм хьэрэмыгъэу къалъытэрт. Языныкъуэ хьэдэхэм я Iэблэхэм хъыдан плъыжьхэр зэрилъым сэ гу лъыстащ. КъызжаIащ зауэм щагъакIуэкIэ, цIыхубзхэм цIыхухъухэм я Iэщхьэхэм ар зэрыралъхьэр: е утекIуэн е улIэн – аращ абы къикIыр. Пасэрей алыджми щыжаIэу щытакъэ: «Е мэIухур пIыгъыу укъэкIуэжын е абы утелъу укъахьыжын. Ещхьыркъабзэщ…»

Пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ я зэуэкIэм нэгъуэщIхэри щызэтехуэу щытащ. Псалъэм папщIэ, бийм щезауэм лIыгъэ иIэу зыкъэзыгъэлъэгъуа урыс офицер хэкIуэдамэ, шэрджэсхэм зауэлI гуп ягъакIуэрт абы и хьэдэщIэлъхьэм хэтыну. Хэбгъэзыхьмэ, апхуэдэ цIыхум хуэщыгъуэу махуищкIэ зауэр ягъэувыIэрт. Апхуэдэ дыдэ хабзэ яIащ пасэрей алыджхэми.

Гомер и деж дыкъыщоджэ: «Махуэ дапщэ уэ Гектор щIэращIэр щIэплъхьэным тебгъэкIуэдэнур? АпщIондэхукIэ сынозэуэнкъым, ахейхэри сутIыпщынкъым». Адыгэхэм мыпхуэдэ хабзэ яIащ: махуэм зэзэуа лъэныкъуэхэр пщыхьэщхьэкIэрэ хьэщIэу зэхуэкIуэрт, дэтхэнэри кърагъэблагъэрт, адыгэ хьэщIагъэ ирахыу. АрщхьэкIэ нэху зэрыщу, лъэныкъуэхэр зэпэщIэувэжырт. Iэщэхэм я гугъу пщIымэ, ахэри щызэтехуэрт алыджхэмрэ адыгэхэмрэ я деж. Зи гугъу тщIыр хьэджэсэрт. Къамэхэм, сэшхуэхэм, джатэхэм къадэкIуэу, ахэр адыгэхэми алыджхэми сыт щыгъуи зэрахьэрт.

УНЭЖ Кашиф, философие щIэныгъэхэм я доктор, профессор.
Поделиться: