Махуэрытхым къиIуатэ хъыбар

Тхыдэм  ущриплъэжкIэ,  абы дыщызрихьэлIэ Iуэхугъуэхэм е цIыху щхьэхуэхэм лъэхъэнэ блэкIам и къэхъукъащIэхэр нэхъ гурыIуэгъуэ къытщащI, абыхэм я мыхьэнэмрэ нобэрей зэманым щаIэ увыпIэмрэ  нэхъыфIу къыдгурагъаIуэ. Апхуэдэхэм ящыщщ Шаек Ван. Пащтыхь унагъуэм и мыхамэу щыта а австриец щIалэр, къулыкъу лъагэхэрэ ехъулIэныгъэрэ зыIэрагъэхьэну Урысейм къэкIуа куэдым хуэдэу, абы щилъэгъуахэмрэ зыIущIа цIыхухэмрэ ятеухуа тхыгъэ куэд къыщIэнащ.

ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 18-19 гъэхэм, ди къэралым и дэнэ щIыпIэри гъащIэщIэр ухуэным епха зэрыхьзэрийм щиубыда лъэхъэнэм, Шаек Ван Кавказым щыIащ икIи 1919 гъэм и шыщхьэIу пщIондэ Нартсанэ, Псыхуабэ, ЕсэнтIыгу, Къэбэрдейм и нэгу щыщIэкIа, зыхуэза, IуэхукIэ зрихьэлIа цIыхухэм ятеухуа и гупсысэхэр зритхэ «Дневник одного свидетеля» тхылъ иIащ.  

1920 гъэм «Большевистская буря» псалъащхьэм щIэту а махуэрытхыр ихуащ Париж къыщыдэкI «ЖурналыщIэ»-м и къыдэкIыгъуэ зыбжанэм. Шаек Ван и IэдакъэщIэкIым ухурегъэплъэкIыж ди хэкум къикIуа гъуэгуанэм хэта лъэхъэнэ нэхъ хьэлъэхэм. Большевикхэм къагъэхъея лъыгъажэ зэрыхьзэрийм къишар зэпэщIэувэныгъэм и закъуэтэкъым, атIэ фIымрэ Iеймрэ, хьэкIэкхъуэкIагъэмрэ жылагъуэм и зыужьыныгъэ лъагэмрэ, гуемыIумрэ гуапагъэмрэ зэрипщытырт.  

Урысейм щекIуэкI апхуэдэ Iуэхум лъэныкъуэкIэ къыщеплъу щытакъым Кавказым и бгырыс жылагъуэр, абыхэм яхэту махуэрытхым ихуащ лIакъуэ зэхуэмыдэхэм къахэкIа, политикэ лагерь зэмыщхьхэм ящыщ, лей зытехьэхэмрэ хьэзабым хадзахэмрэ къащхьэщыжа адыгэхэри. СыкъызыхэкIа лъэпкъым, «хьэкIэкхъуэкIэу», «гъащIэм къыкIэрыхуу» куэдым къалъытэу щытам,  къыхуеджэныгъэ мышухэм щIэту лей зехьэным щызыхъумэн гупсысэкIэ, гъэсэныгъэ тэмэм къалъыкъуэкIащ. Пэжым тетыныр, дзыхьыр гъэзэщIэныр нэхъыщхьэу къалъытащ абыхэм.

Пащтыхьыр зэрытрагъэкIар, ар  зэраубыдар, урысей къалащхьэхэр къызэрекIуэкIар, Кавказым, щIыпIэ жыжьэм, ауэ иужькIэ урысейм и цIыху цIэрыIуэхэр Пащтыхьыгъуэм и курыхым щызэрызехьэ къомым зыщахъумэну, загъэпсэхуну къыздэкIуэ хъуа щIыналъэм, «къыщIэпхъуахэр»… Ахэр псыхуабэ гъущI гъуэгу вокзалым къэса нэужь революцэр къалъэщIыхьащ, гъащIэм и гъэунэхуныгъэ куэдым ирихьэлIащ.

Апхуэдэ къэхъугъэм хэхуахэм ящыщщ пащтыхь унагъуэм щыщхэри: пащтыхьгуащэ Марие Павел и пхъумрэ абы и къуитIымрэ – Борисрэ Андрейрэ. Гугъуехь куэд ятелъу Нартсанэ къэсащ ахэр. Ауэ абы ирихьэлIэу фронтовикхэм  Псыхуабэ щIыпIэ советыр зэбграутIыпщыкIыжат. Махуэ бжыгъэкIэ властыр Iэ дзыхьщIыгъуэджэхэм яIэщIэлъащ. ИкIи шыщхьэуIум и 6 махуэм и жэщым абыхэм я нэхъыщхьэм зы вагон из сэлэт Нартсанэ игъэкIуащ Борисрэ Андрейрэ яубыдыну. Гузэвэгъуэшхуэ хэтащ Марие, и къуитIыр гъэру Псыхуабэ яшэну  щыIэщIачым. Ахэр ягъэтIысыну, къащыну, яукIыну псалъэмакъыр дэнэкIи къыщрахьэкIырт. «Иджыпсту дызэрыт щытыкIэр, - етх Шаек, - пцIы хъужа гугъапIэхэмрэ шынагъуэмрэ я лъэхъэнэщ… Ауэ куэд дэмыкIыу Нартсанэ и уэрамхэм хуабжьу захъуэжащ. Жылагъуэ шынагъуэншагъэр къызэпызыуда, щIыпIэм къитIысхьахэр гуныкъуэгъуэ хэзыдза сэлэт щхьэрыутIыпщхэмрэ къапэщIэхуэр къэзыпхъуатэ матросхэмрэ япIэ ирагъэтIысхьэжащ бгылъэ щIыпIэхэм щыпсэухэм… Адыгэхэр Нартсанэ зэрыдэт къудейм лIыгъэ къахилъхьэрт къэкIуахэм. МазэкIэ екIуэкIа лъыгъажэм кIэ игъуэтащ, абыхэм я фIыгъэкIэ гъащIэр псынщIэу ипIэ иувэжащ».

Адыгэхэм я щIыхькIэ, ахэр я лъэныкъуэ къащIын мурадкIэ Депутатхэм я советым «Парк» рестораным пшыхь къыщызэригъэпэщауэ щытащ. А щIыпIэм апхуэдиз цIыху ипэкIэ зэи щызэхуэсатэкъым. А гупыр игъэдахэрт адыгэ къуажэдэсхэм ящыгъ фащэхэм. «Адыгэ пшыхьым» и щIыхькIэ Совдепым иримыгъащэ фадэри хуиту къэпщэху хъуат.

Дауэ мыхъуми, адыгэхэм ядакъым большевик Совдепым и унафэм щIэувэну, ауэ къалэм дэкIыжыну зэгурыIуащ, хъунщIакIуэхэмрэ лейзехьэхэмрэ зыкъагъэхъеймэ, къагъэзэжу къарукIэ зэрапэувынур къыхагъэщащ.

Я хъумакIуэхэр яIэщIэкIынкIэ шына офицер куэдым я унагъуэхэр я гъусэу адыгэ къуажэхэм Iэпхъуащ. Зыхэхуа бэлыхьыр къагурыIуэжри, а зэманым ирихьэлIэу къаутIыпщыжа пащтыхь щIалэхэми - Борисрэ Андрейрэ - къалэр ябгынащ. Бэлыхьышхуэ ятемылъу Къармэ жылэм екIуэлIащ ахэр. Къуажэм дэс лIы нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщ Шэри Алий деж кIуащ зэкъуэшитIыр. И щхьэгъусэр зэрыдэмысым къыхэкIэ бзылъхугъэм хьэщIэхэр иригъэблэгъэн идэтэкъым, арщхьэкIэ я деж щыпсэу офицер зыбжанэр къелъэIури, дигъэхьащ.

АтIэми пащтыхь щIалэхэм шынагъуэм пэIэщIэ хъуауэ  къыщалъытакъым абдежым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, большевикхэм я жьауэм щIэува языныкъуэ къуажэдэсхэм къащIат ахэр Къармэ зэрыдэсыр. Абы щыгъуэм Борисрэ Андрейрэ къуажэм дэкIыжыныр нэхъыфIу къалъытащ икIи Хьэбэз кIуэри, лъэмыж зыухуэ инженерхэм я гъусэу щIыпIэ гуэрым щетIысэхащ. Пащтыхьыкъуэхэр щэхуу Нартсанэ къызэрыдэкIуэсыкIар япэ щIыкIэ ящIакъым большевикхэм. Ауэ абы и хъыбарыр зэрызэхахыу я блыгущIэтхэр кIэлъагъэпхъэращ. Къармэ къыщалъыхъуэурэ, я лъэужьым иту Хьэбэз нэсащ, арщхьэкIэ абыи щагъуэтакъым. Эмиссархэр нэсыным сыхьэт бжыгъэ иIэжу щIалэхэр Хьэбэз дэIэпхъукIат. Ахэр бгым нэхъ дэкIуейри, Къуэн Мурзэбэч и унэр хэщIапIэ ящIащ. А щIыпIэм Iулыдж ин щызиIэхэм ящыщщ Мурзэбэч. XX лIэщIыгъуэм Къуэн къуажэм и иужьрей старшинауэ щытащ ар. I906 гъэм Iуащхьэмахуэ и лъапэм щыIэ «Нарзан» къыщIэжыпIэр, «Джылы-суу»-кIэ зэджэр илъэс 30-кIэ бэджэнду иратауэ щытащ Мурзэбэч. Пащтыхьыкъуэхэр мазэкIэ щыIащ хьэщIэхуэфIу къалъытэ, лIыгъэшхуэ зыхэлъ, псэ къабзэ, хьэлэл зиIэ, бгырыс хабзэм тет, гъэшхэкIымрэ щынэ пшэрхэмрэ зи шхыныгъуэ Къуэн Мурзэбэч деж. Абы щыгъуэм Мурзэбэч Пащтыхь гуащэ Марие деж лIыкIуэ игъэкIуауэ щытащ и къуэхэм я хъыбар хуригъэхьри.

Мазэ бжыгъэ дэкIыу, Шкуро Нартсанэ иубыда нэужьщ пащтыхьыкъуэхэм къагъэзэжыну Iэмал щагъуэтар. Абы щыгъуэм нэгъуэщI адыгэ щIалэщ Марие  сэбэп хъуэхъуну хэтар – Тамбийщ. Борисрэ Андрейрэ къилъыхъуэн щхьэкIэ шым шэсри, пащтыхьгуащэм жриIащ: «Псори тэмэму зэфIэкIмэ, пщэдей дэкIмэ, пщыхьэщхьэм уи къуэхэр къыпхуэзгъэсыжынщ».

Ауэ ар къэхъуну Тхьэм иухатэкъым. Тамбийри абы и гъусэу ежьа и къуэшым и къуэри плъыжьхэм къаувыхьщ, гъэр ящIри Псыхуабэ яшащ. ИужькIэ тIури абы щаукIыгъащ. Тамбиймрэ щIалэщIэмрэ я гъащIэр зыщIата пащтыхьыкъуэхэм я щхьэм кърикIуам и гугъу пщIымэ, иужькIэ я анэ Марие деж къагъэзэжауэ щытащ.

Марие Павел и пхъур Александр II-м и къуэ Владимир и щхьэгъусэу щытащ. Абы и хьэгъуэлIыгъуэм Владимир тыгъэ къыхуищIат налкъутналмэсымрэ жемчугымрэ къыхэщIыкIа щхьэфIэлъхьэр (тиара), иужькIэ дыщэхэкIхэр зэрыт каталогым «Владимир» фIэщыгъэцIэ иIэу ихуар. Марие и къуэхэм Къэбэрдейм зыщыщагъэпщкIуам, большевикхэр абы и уардэунэм теуэри, яхъунщIауэ щытащ, пащтыхьгуащэм и хьэпшыпхэри ядыгъуащ. Ауэ бгырысхэм ящыщ зым абы и налкъутналмэсхэр хуихъумэфауэ щытащ. Уеблэмэ, бгырыс щIалэр большевикхэм япэуват, Марие еIусэ хъужыкъуэмэ, иукIыну жиIэу.

Марие и насып токIуэри, и бынхэр и гъусэу йоIэпхъукI граждан зауэм зэщIищта Урысейм. АрщхьэкIэ, зыхэта бэлыхь къомыр хуэмышэчу I920 гъэм Франджым дунейм щохыж. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым абы и пхъум щхьэфIэлъхьэр ещэри, инджылыз пащтыхьгуащэ Елизаветэ II-м махуэшхуэхэм деж зэрызигъэщIэращIэ хьэпшып мэхъу. Андрей щхьэгъусэу къешэ Николай  II-м фIыуэ илъагъуу щыта урыс балеринэ цIэрыIуэ Кшесинскэ Матильдэ. Абы пащтыхьым Петербург щыхуищIа уардэунэрщ иужькIэ Ленин Владимир гуащIэрыпсэухэм я революцэр къыщыхилъхьар. Пащтыхьыкъуэхэр Къэбэрдейм ажалым къызэрыщрагъэлар Кшесинскэ Матильдэ и «ГукъэкIыжхэм» къызэрыхэщыжыр зы сатыр закъуэкIэщ, ари и щхьэгъусэм жиIэу зэхихауэ арагъэнт. Шаек Ван и «Махуэрытхым» и фIыгъэщ а хъыбарыр апхуэдэу гъэщIэгъуэну ди деж къызэрысар.

Апхуэдэ «Махуэрытхыр» тхынри, хъумэнри лIыгъэшхуэу къылъыкъуэкIащ Шаек. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы и Iэрытххэр къагъуэтрэ къеджауэ щытамэ, Ван и гъащIэр щIитын хуей хъунут. «Махуэрытхым» и напэкIуэцIхэм къыбжаIэ ахэр щIыпIэ зэхуэмыдэ куэдым зэрыщахъумар: шкаф щIагъым, пхъэнкIий зэрылъ пэгунхэм, пальто Iэгъуапэхэм, блын джабэхэм, нэгъуэщIхэми. Ауэ, Алыхьым иухауэ къыщIэкIынт, абы и напэкIуэцIхэр ди деж къэсыныр, дыкъеджэныр, ди блэкIам хэта апхуэдэ хъыбар гъэщIэгъуэныр къэтщIэныр.

Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.

Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: