Гум имыхужым и махуэ

Мэзкуу къалэшхуэр бийм щахъумэу екIуэкIа зауэзэрылIыр Хэку зауэшхуэм и тхыдэм лIыгъэрэ псэемыблэжыгъэкIэ гъэнщIа напэкIуэцIу хыхьащ. Абы лъандэрэ илъэс 80 дэкIами, нобэр къыздэсым щIэныгъэри цIыхури зыщымыгъуазэ Iуэхугъуэ куэд архив хъумапIэхэм къыхокIыж, зэхэуэ гуащIэр зэрекIуэкIамрэ абы кърикIуахэмрэ щIагъуэ дэмыкIыу Iуэху еплъыкIэщIэхэмрэ къэхутэныгъэщIэхэмрэ иращIылIэ. Сыт хуэдэу щымытми, хахуагъэм и щапхъэу тхыдэм хэува а махуэхэм шэч къызытумыхьэжыну зы пэж хэлъщ - ди щIалэхэр я псэ емыблэжу зэуащ, къэзылъхуа адэ-анэхэр, зыхэкIа унагъуэхэр, щалъхуа хэкур, я цIыкIущхьэмрэ щIалэгъуэмрэ щагъэкIуа хьэблэр зэрыпхъуакIуэхэм зэрыщахъумэр я гум щагъафIэу, абы дыгъэнэпсыр зэрытрагъэпсэжынум къару къариту. ЛIыгъэм кIуэд иIэкъым, абы и фэеплъыр сыт щыгъуи псэунущ. ЩIэблэр зыгъэгупсысэн, мамырыгъэмрэ зэгурыIуэмрэ нэхъыфI зэрыщымыIэм уезышалIэ лIыгъэщIыгъэ щапхъэхэр абыхэм къыхрагъэхын щхьэкIэ иджыблагъэ сабий зэчиифIэхэм я «ДыгъафIэ къалэм» щеджэ ныбжьыщIэхэр зэIущIэ зыбжанэм хэтащ. Апхуэдэу ахэр ирихьэлIащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу Налшык къалэ дэтым деж щызэхэта пэкIум, абы иужькIэ КъБР-м и Лъэпкъ музейм фэеплъ махуэм ирихьэлIэу къыщызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэми хэтащ.
Лъэпкъ музейм щекIуэкIа зэIущIэр къызэгъэпэщыным и гуащIэ хилъхьащ «Урысейм и гугъапIэ» урысейпсо цIыхубз жылагъуэ зэгухьэныгъэм и къудамэу ди щIыналъэм щыIэм и унафэщI Черновэ Аленэ. А цIыхубзыр емышыжу толажьэ Хэку зауэшхуэм и фэеплъыр мыкIуэсэжу щIэблэм ялъэгъэIэса зэрыхъуным, кIэщI-кIэщIурэ Iэнэ хъурейхэр, зэхуэсхэр, щIэнIуатэхэр къызэрегъэпэщ. Музей гъэлъэгъуэныгъэхэри а жэрдэмхэм языхэзщ.
Пасэрей хьэпшыпыжьхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ я къекIуэкIыкIам, я тхыдэм цIыхухэр щыгъуазэ хуэзыщI къудамэм и унафэщI Къантемыр Ларисэ «ДыгъафIэ къалэм» къикIа ныбжьыщIэхэр музейм и пэшхэм къыщришэкIащ, гъэлъэгъуапIэ къэс удэзыхьэх хъыбархэмкIэ ахэр зыIэпишэу. Нэхъ убгъуауэ ар къыщызэтеувыIащ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Кавказ щIыналъэм щекIуэкIа зауэм, абы Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэхэр шыщхьэмыгъазэу зэрыщызэуам. Махуэр Мэзкуу щекIуэкIа зауэр зэриухрэ илъэс 80 зэрырикъум техуати, Къантемырыр тепсэлъыхьащ ди щIыналъэм щыщу абы хэтахэм. «Девгъэгупсысыт псори: дэ нобэ мамыру допсэу, дызыхуейр догъуэт, дызэхъуапсэр зыIэрыдогъэхьэ. Дауэ феплърэ, хуэмеяуэ пIэрэ ди япэ ита ди нэхъыжьхэр, зэгуэр ныбжьыщIэу щытахэр, хъуэпсапIэхэр я куэдрэ Iэджэ гугъапIэхэр зэIузыщэу щыта щIалэхэр фэ фиIэм хуэдэ? Дауи, щIэхъуэпсырт. Бийм абыхэм яIэщIиха хъуэпсапIэхэр фэ фиIэн щхьэкIэщ-тIэ а зауэм кIуахэр щIыдэкIари, зыщывмыгъэгъупщэ абыхэм я лIыгъэр. Дэ хабзэ диIэщ ди адэжьхэм я цIибл къитIуэу, абыхэм я гугъу щытщIкIэ дакъыхуэтэджу, я пщIэр тлъытэу - мыхэри абыхэм ящыщщи, я щапхъэр гъуазэ фщIы…», - гум итIысхьэу къайпсэлъылIащ Къантемыр Ларисэ сабийхэм.
Къантемырым жиIар нэрылъагъу ищIу пIэрэ жыпIэну адэкIэ сабийхэр бгъэдишащ иджырей гъуазджэм теухуа теплъэгъуэхэр къызытещ гъэлъэгъуапIэм. Апхуэдэу сабийхэм Iэмал яIащ узыншагъэкIэ зи зэфIэкIыр мащIэ, езыхэм я лъэгуажьэгъу сабийхэм я сурэтхэм еплъыну, «Пасэрей Налшык» зи фIэщыгъэ плIанэпэм иджырей я псэупIэхэр къыщалъыхъуэжыну, щыхьэрым зэрызихъуэжар зэрагъэпщэну. «Мы псэукIэр къыдэзытар лъы нэпскIэ ди гъуэгур мамырыгъэр хузэщIэзыгъэкъэбза ди щIалэхэращ», - гу лъаригъэтащ Къантемырым сабийхэм, махуэр зытеухуа Iуэхугъуэри яIэщIимыгъэхуу.
КъытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэ-псэкупсэу къэгъэтэджыным хуэунэтIауэ лэжьыгъэ блэзымыгъэкI, «ДыгъафIэ къалэм» и гъэсакIуэ пашэ Жамбэч Маритэ зэрыжиIэмкIэ, сабийм и дуней еплъыкIэр унагъуэм щызэфIэувэми, абы къипс нурыр еджапIэращ нэхъ нэху зыщIыфынур. «Мыпхуэдэ зэIущIэхэр щIэх-щIэхыурэ щIызэхэтшэри ди сабийхэр гумащIэу, дахагъэр ямыхамэу къэхъун, тхыдэм хуеплъэкIрэ я къэкIуэныр зэIузэпэщ ящIын щхьэкIэщ. Сыт хуэдэ щыуагъэри зэгуэр къэхъуащ. Абыхэм къытрамыгъэзэжын щхьэкIэщ тхыдэм щIыщыгъуэзэн хуейри, ди гуапэщ а Iуэхугъуэм мыхъуми зымащIэкIэ дыхуэщхьэпэмэ», - жиIащ Жэмбэчым.
«Дэ илъэс Iэджэ щIауэ дызэдолажьэ, - къыхигъэщащ Черновэм. - Лэжьыгъэм дызэпищIами, ныбжьэгъугъэм гъунэгъу дызэхуищIащ. Жэмбэчым иригъэкIуэкI лэжьыгъэр цIыхуипщIым къыдаIыгъыу драхьэжьатэмэ, фи фIэщ фщIы ди щIыналъэм щекIуэкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэм къылъэщIыхьэ щымыIэу лъагэу зиIэтынутэм. Ди зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм жану хэт Къудей Лилэ, Букинэ Еленэ, Шэру Маринэ, Летинэ Валентинэ мызэ-мытIэу Маритэ и хьэщIэщым еблэгъащ, сабийхэм я зэфIэкIыр къэзыгъэлъагъуэ пшыхь хьэлэмэтыщэхэр яхузэхишэу, ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэри, я гъуазджэри, я дуней тетыкIэри къызытещ зэIущIэхэр яхузэхиублэу. Ауэ сыт щыгъуи дэ едгъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм я курыхыу къанэр Дзэ Плъыжьым и тхыдэращи, абыкIэ Маритэ къызэригъэпэщ проектхэм хуэдэ щыIэкъым. Ар зыми хуэмыдэ зыщIыр проектыр гъэщIэгъуэну зэрызэгъэIуам и закъуэкъым. АтIэ дызыхущIэкъур къызэрыхэщырщ – сабийхэм яхэпщащ а псор, я гъащIэм щыщщ, фэрыщIыгъэ халъхьэркъым, зыхащIэ. Сыт нэгъуэщI дэ дызыхуейр? ДыщIэлажьэр аращ».
ЩIэблэм нобэ хэплъхьэрщ пщэдей къыуитыжынур. Илъэс 80-м нэблэгъащ Хэку зауэшхуэр зэриухрэ икIи махуэ къэс нэхъ мащIэ мэхъу абы хэта ди зауэлIхэр, езы зауаем и бэлыхьлажьэхэри кIуэ пэтми тхыдэ жыжьэм хелъасэ. Ауэ цIыхур цIыху зыщIыж щапхъэхэм ящыщщ щIэжыр, ар блэкIам хэзылъэсэжын къару щыIэкъым, цIыхум цIыхугъэ хэлъыхъу, фэеплъыр ихъумэху.
 

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: