Псысэм къыхэбэкъукIа

Мыщэм и махуэр, дыгъэгъазэм и 13-р, Урысей Федерацэм имызакъуэу, нэгъуэщI къэралхэми щагъэлъапIэ.

ЩакIуэхэм, мэзхъумэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ гу зэрылъатамкIэ, мэзым щыпсэу хьэкIэкхъуэкIэхэм я нэхъ иныр щIымахуэ жей кIыхь щищIыну и гъуэм щигъуэлъхьэжыр а махуэращ.

Псысэхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ зи цIэр фIыкIэ къыхэщ мы хьэкIэкхъуэкIэр, зэрытщIэмкIэ, къаруушхуэ зыбгъэдэлъщ, зи щхьэр зыхъумэжыфщ, шынэ зымыщIэщ, набдзэгубдзаплъэщ, езым нэхърэ нэхъ гуащIэмащIэхэм фIырыфIкIэ ящымыхьэщ. АрщхьэкIэ, и бын цIыкIухэм е езым утеуамэ, къыпхуимыгъэгъун хуэдизу и жагъуэ пщIауэ аращи, дахэ хэзэгъэжынкIэ гугъэ щIэпщIыжын щымыIэжу апхуэдэщ.

Зи зыгъазэ зы мазэу фэ зраплъ псэущхьэм псынщIагъэ къызэрымыкIуэхэр къыщыкъуэкIи къохъу. Апхуэдэхэм деж ар шым тежыфынущ, щыхьым я нэхъ иныр и IэплIакIуэмкIэ хуэгъэмэхынущ, ар дыдэр и фIалъэ лъакъуитIымкIэ хуелъэфэжьэнущ, щIыгум куууэ зыщIэзыгъэпщкIухьа дзыгъуэ цIыкIур мэкIэ къигъуэтынурэ, чачэу кърихынущ.

Телъыджэщ

ЩIымахуэ жей кIыхьу махуэ 200-м нэблагъэкIэ екIуэкIым, зыщыхуигъэхьэзыркIэ, лъэбыцэжьым и шхэныр щегъэтри, и кIуэцIым къыщызэтенахэри егъэкIуэщIыж.

Мыщэбзым и шырхэр дунейм къыщытригъэхьэр щIымахуэм езыр жейуэ гъуэм щилъырщ. ЩIэжьей цIыкIухэм къашэчыр мащIэ дыдэщ - грамм 350-м нызэрыхьэсщ.

Лъэбыцэжьхэм яхэтщ килограмм 800-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэри. КъагъащIэр илъэс 25-м къыщыщIэдзауэ 40-м нызэрыхьэсщ.

Мыщэ лъэпкъыгъуэхэм ящыщу нэхъ цIыкIу дыдэр Малайзием щыIэхэращ. Абыхэм, ику иту, метр 1,5-рэ я кIыхьагъщ, килограмм 30-м къыщыщIэдзауэ 60-м нэблагъэ я хьэлъагъщ.

И гъэлъэпIэкIэм ехьэлIауэ

Мыщэм и махуэр ягъэлъапIэ цIыху къызэрыгуэкIхэми а псэущхьэхэм якIэлъыплъ экологхэми. Дыгъэгъазэм и 13-м къызэрагъэпэщ гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм сабийхэр ирашалIэ, Iуэхум ехьэлIа усэ цIыкIухэм къыщрагъаджэ, зи гугъу тщIы псэущхьэр лIыхъужь нэхъыщхьэу зыхэт театр теплъэгъуэхэм, макъамэрэ уэрэдкIэ гъэнщIахэм, щрагъэплъ. Гукъыдэжыр щебэкI апхуэдэ зэхуэсхэу джэгукIэ дахэкIэ гъэпсахэм быным я гъусэу къэкIуа адэ-анэхэри, псысэм къызэрыхэхутар я нэгум къищрэ нэжэгужагъи къыщагъэлъагъуэу, жыджэру яхэтщ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: