ХузэфIэкI зыщIэ щIалэ

Псапэ щIэныр гъуазэ зыхуэхъуа цIыхум и дуней еплъыкIэри нэгъуэщIщ. Абы и гуащIэ псор триухэфынущ зы мащIэу нэхъ мыхъуми дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэу гу зылъита дэтхэнэ зыми, ирехъу ар зеиншэу къэна сабий, зыхузэфIэмыкIыж лIыжь - фызыжь, пIалъэкIэ щытыкIэ гугъум ихуа унагъуэ бынунагъуэшхуэ…

            Нобэ фэдгъэцIыхуну дыхуейт республикэм псапэ зыпылъ Iуэхухэу щекIуэкIхэм зи зэфIэкI хэзылъхьэ Хьэту Астемыр. Зи ныбжьыр илъэс 23-рэ ирикъуа щIалэ гуащIафIэм и дэтхэнэ зы махуэри лэжьыгъэкIэ гъэнщIащ. «ДэIэпыкъуэгъум и Iэр» фIэщыгъэм щIэту нобэ абы игъэлажьэ Интернет сайтыр зи Iуэху хуэмыщIа дэтхэнэ зымкIи зэIухащ: лъэIукIэ зыкъыхуэзыгъазэхэм чэнджэщ щхьэпэ ярет, Iуэхутхьэбзэ абыхэм щагъуэтыну центрхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ япещIэ. Дыздэпсалъэм, телефонкIэ абы зыкъыпызыщIа цIыхубзыр къелъэIуащ, зэрыжьыщIэ машинэ къезытыжыфын щыIэмэ, пищIэну – бынунагъуэшхуэщ,  иджыпсту щIэуэ къахуэщэхунукъым…

            Астемыр псалъэ химылъхьэу, хъыбар зэгъэщIапхъэхэм запищIэри, етIуанэ махуэм нэхъ фIимышу лъэIур игъэзэщIащ. ЕтIуанэу къэпсэлъар ныбжь зиIэ цIыху дэIэпыкъуэгъуншэт: щIыIэ къэмыхъу щIыкIэ и пщIантIэ тIэкIум сыхьэтыпэ хуэдэкIэ щыIэбэн къелъыхъуэ, пэкIуэ уасэри иритынущ. Уасэ лъэпкъи Iуэхум хэмыту, Хьэтум къыдэлажьэ волонтерхэм хъыбар псынщIэу яригъэщIащ…

- Мис мыпхуэдэрыххэщи, щхьэ къэIэтыпIэ симыIэу махуэ псор щыкIуэ щыIэщ. Ауэ еш жыхуаIэр зэхэсщIэркъым, сэ си Iуэхутхьэбзэм хуэныкъуэ гуэр къыспэплъэу зэрыщысыр къызгуроIуэри, - жеIэ Астемыр.

 Псапэ пщIэныр, дауи, куэд и уасэщ, ауэ апхуэдэ къалэныр зи пщэ дэзылъхьэжым, езым и узыншагъэкIэ иIэ гуныкъуэгъуэр лъэныкъуэкIэ иригъэкIуэтэкIыу, нэгъуэщIым щадэIэпыкъум и деж фIыщIэри псапэри тIуащIэкъэ?

            Псапэ зыпылъ Iуэхум деж щиухыркъым Астемыр унэм щIэсу кърихьэлIэ лэжьыгъэр - зэрысабийрэ журналист хъуныр и хъуэпсапIэшхуэт. Псыхуабэ юрист IэщIагъэр щызригъэгъуэта пэтми, ди республикэм къыщыдэкI газетхэм, радиом, телевиденэм ядолажьэ. Псоми фIыуэ къалъагъу. И щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэным хэтщ.

-Журналистхэм я бзэм, я гупсысэм, я тхыгъэхэм зыщызогъэгъуазэ.  ИджыпстукIэ схузэфIэкIращи, хъыбар егъащIэ сайт къызэIусхауэ абы си тхыгъэхэр изолъхьэ, си щIэджыкIакIуи сиIэжщ. Си Iуэхум къыхохьэ сымыщIэмкIэ къыздэIэпыкъуну хуей егъэджакIуэхэр, студентхэр, уеблэмэ Москва нэс къыщипсэлъыкI щыIэхэу. Абыхэм сагъэгушхуэ. Сюжет гъэщIэгъуэнхэми къапэскIухьыркъым. Монтаж лэжьыгъэр нэхъ къыстехьэлъэрти, Шэшэн телевиденэм щылажьэ зы щIалэ а Iуэхум хэлъ щэхухэм сыщигъэгъуэзащ. Сызыпэрыт псапэ зыпылъ Iуэхум куууэ сыхэгъуэзэнымкIэ къыздэIэпыкъухэм ящыщщ илъэс куэд хъуауэ а Iуэхум ирилажьэ, КъБР-м  егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и щIалэгъуалэ центрым и щIэныгъэрылажьэ Къарэ Ратмир. Си сайтыр блыщхьэм къыщыщIэдзауэ мэремым нэсыху согъэлажьэ.  Си нэтынхэр теухуащ гъащIэм, лэжьыгъэм, цIыху гъэщIэгъуэнхэм.

            Астемыр мурадыфIхэр иIэщи, дызытехьэ ИлъэсыщIэм ехъулIэныгъэ куэд къыхудэкIуэну Тхьэм жиIэ.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: