КIуэкIуэ Казбек ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ IэнатIэм и ветеранхэмрэ ехъуэхъуащ я IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысей ФСБ-м и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и лэ­жьакIуэхэмрэ IэнатIэм и ветеранхэмрэ ехъуэхъуащ я IэщIагъэм ехьэлIа махуэшхуэмкIэ - Урысей Федерацэм ШынагъуэншагъэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэмкIэ. Абы и щIыхькIэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ зэ­хуэсым республикэм и Iэтащхьэм щIыхь тхылъхэр щаритащ къулыкъум къыщыхэжаныкIахэм.

ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэ­жьакIуэхэм я IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ ­ехъуэхъуу, КIуэкIуэ Казбек жиIащ: «Дэ нобэ, ­дыгъэгъазэм и 20-м, догъэлъапIэ пэжу, псэе­мыблэжу хэкум къулыкъу хуэзыщIэ цIыху къа­рууфIэхэр, хахуэхэр, къэралым и конституцэ ухуэныгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ зыхъумэхэр. ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэ­жьа­кIуэхэр адрейхэм сыт щыгъуи къахощ я IэщIагъэмкIэ зэфIэкI лъагэхэр зэрабгъэдэлъымкIэ, яхэлъ лIыгъэмкIэ, хуагъэув къалэнхэр я гъащIэм хуемыплъэкIыжу ягъэзэщIэну зэрыхьэ­зы­рымкIэ. Япэ ита нэхъыжьхэм я щапхъэ дахэм фытету, фэ экстремизмэмрэ терроризмэмрэ, ­Iулъхьэ зэ­Iэ­пыхынымрэ щIэпхъаджащIэ гуп зэщIэгъэуIуа-­ хэм ялэжь хабзэншагъэхэмрэ фапэщIоувэ, псынщIэу икIи жэуаплыныгъэр зых­эф­щIэу. Дэ пщIэшхуэ худощI Управленэм и лэ­жьакIуэхэм щIыналъэм и социально-политикэ зэпIэзэ­ры­тыныгъэр, жылагъуэм, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр, мамыр псэукIэр хъумэным хуащI хэлъ­хьэныгъэ иным. ФIыщIэ фхузощI фи IэщIагъэм фызэрыхуэпэжым, Хэкум фыкъэмыланджэу къу­лыкъу зэрыхуэфщIэм папщIэ. Си гумрэ си псэмрэ къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ, къару, бэшэчыгъэ фиIэну, фызыпэрыт къулыкъум ехъулIэныгъэхэр щызыIэрывгъэхьэну».

Поделиться: