Угъурлы тхуэхъуну!

ДыхуэпIащIэу, фIы куэдкIэ дыщыгугъыу апхуэдэщ сыт щыгъуи Илъэ­сы­щIэр. А псалъэм дэтхэнэ цIыхуми ирип­хыр езыр нэхъ зыхуэпабгъэ, къехъулIэну нэхъ зыщIэхъуэпсу и пщIыхьым хэмыкI Iуэхугъуэхэращ. Щрет ар мылъкушхуэу е узыншагъэ быдэу, щIэныгъэу, ехъулIэныгъэу, лъагъуныгъэу е мамырыгъэу. А псоми сахэмыдэу икIи зэкIэрызмычу, зы хэмыщIу, зэуIуу фхузогъэфащэ ди цIыху псоми, Тхьэшхуэри а фIыгъуэхэмкIэ къыфхуэупсэну сыф­хуо­хъуахъуэ.

НобэкIэ дуней псор зыгъэгулэз ко­рона­вирус узыфэр ИлъэсыщIэм тщхьэ­щы­кIыну, ди гъащIэм узыщрихьэлIэ нэ­гъуэщI лъэпощхьэпохэми ди лъэр щIамыгъэхуу, абыхэм дазэрытекIуэфын акъыл жанрэ гупсысэ нэхурэ дэтхэнэми ди гум Тхьэм кърилъхьэну сыщIохъуэпс. ЦIы­хубэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэу­нэ­тIауэ ди унафэщIхэми я мурадыфIхэр Тхьэм къаригъэхъулIэ, бэм я уэчыл нэсу я тетыгъуэр кIыхь ирехъу.
Зызыужь икIи зызыузэщI ди лъэпкъ га­зе­тым, ди анэдэлъхубзэмкIэ къыдэкI «Адыгэ псалъэ» газетым и унафэщI Жыласэ Заурбэчи абы и нэIэм щIэту ла­жьэ дэтхэнэми сынывохъуэхъу Илъэ­сы­щIэ дызытехьэмкIэ. Фи гуащIэмрэ фи дуней тетыкIэ дахэмрэ, фи щIэныгъэ куумрэ акъыл къабзэмрэ къадэкIуэ IуэхущIафэ екIухэр, цIыхубэм я арэзыныгъэр, жылагъуэм щывиIэ пщIэмрэ щIыхьымрэ щэрэ минкIэ бэгъуауэ, абыхэм къапэкIуэ фIыгъуэхэм фи лъэр щIагъэкIыу, дэрэжэгъуэ ин къыфхуахьрэ фи псэхэр дэгуфIэу куэдрэ узыншэу фызэдэлэжьэну, лъэпкъ Iуэхур ипэкIэ вгъэкIуэтэну си гуапэщ.
2022 ИлъэсыщIэр хэткIи ирехъу угъурлы.

ДЫЩЭКI Марие, КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ.
Поделиться: