Къэзанокъуэ Жэбагъы и щIэиныр

 КъБР-м и Егъэджэныгъэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, культурологие щIэныгъэхэм я кандидат, ГъуазджэхэмкIэ Ищхъэрэ Кавказ институтым и кафедрэм и унафэщI, егъэджакIуэ ЩауэцIыкIу Людмилэ иджыблагъэ «Принт-Центр» тедзапIэм къыщыдигъэкIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа тхылъыщIэ: «XVIII лIэщIыгъуэм и узэщIакIуэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и философиер адыгэ щэнгъасэм зэрылъэIэсыр». 
 Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуауэ щIэ гуэр пхужыIэну утегушхуэн папщIэ, е узэщIакIуэр егъэлеяуэ фIыуэ плъагъун хуейщ, махуэ къэс щIэ гуэр и щIэиным къыщызэIупхыу. Е абы и гупсысэкIэм адрейхэм ямылъагъу гуэр къыщыпхуэгъуэтыным ухуэмыщхьэхыу ущытыпхъэщ. А тIуми хуэхейкъым адыгэ къэс зыщыгуфIыкIыну къытфIэщI ЩауэцIыкIу Людмилэ и лэжьыгъэщIэр. 
 «Къэзэнокъуэм и гъэсэныгъэ щIэиныр, абы гъащIэм къыпхиха и цIыхугъэмрэ лъэпкъ гупсысэкIэмрэ япкъ иткIэ зэфIигъэува щэнгъасэр зэрызэхэтыр зыгурыдгъэIуэну и ужь дыщитым, - щетх Людмилэ пэублэм, - дэ тегъэщIапIэ тщIащ Жэбагъы теухуауэ тхылъхэм ихуа хъыбарыжь 99-мрэ 200-м нэблагъэ абы и жыIэгъуэ шэрыуэхэмрэ. Абыхэм ядэщIыгъуу дэ къэдгъэщхьэпащ КъБР-м Гуманитар щIэныгъэхэмкIэ институтым и архивымрэ Къэрал архив нэхъыщхьэмрэ я гъэтIылъыгъэхэр, узэщIакIуэм епха гукъэкIыжхэр». 
 Людмилэ и IэщIагъэкIэ щэнхабзэмкIэ щIэныгъэрылажьэщ. Аращ абы и къалэмыр зытригъапсэ псори цIыху зэхэтыкIэм щIытрилъагъукIыр. Мы тхылъми бзылъхугъэ набдзэгубдзаплъэм тхылъеджэм и гулъытэр зэрихьэхур узэщIакIуэм теухуауэ ямыщIэ зэрыжиIэмкIэкъым, атIэ абы нэгъуэщIынэкIэ узэрыригъэплъымкIэщ. 
 Дыкъевгъаджэт, псалъэм папщIэ, «Насып» зи псалъащхьэ Iыхьэм. Абы Людмилэ Жэбагъы и еплъыкIэр щыпэщIегъэувэ дуней псом ижь- ижьыж лъандэрэ къыщрахьэлIа щIэныгъэм. ЦIыхур ягъэсэныр къалэн зыщызыщIыжу щыта Паскаль Блез, Фейербах Людвиг, Сенекэ, Эпикур, Толстой Лев сымэ я деж нэс мэIэбэ ЩауэцIыкIури, дэтхэнэ зыми насыпыр къызэрыгурыIуэр ди пащхьэ кърелъхьэ. ЦIыхур насыпыфIэну зэрыхуейм шэч хэлъкъым икIи аращ абы ищIэ псори зыхуэунэтIар, - жеIэ щIэныгъэрылажьэм, - ар шхэным, зыхуэпэным, я цIэр фIыкIэ жрагъэIэным епхауэ щытми. 
 «Гугъущ псоми ебгъэзэгъын гупсысэ насыпым теухуауэ къэбгъуэтыну, - етх Людмилэ. - Ауэ къызэщIэубыдауэ пхужыIэнур зыщ: псоми IэпкълъэпкъкIэ зыхащIэр яфIэфIу, я гъащIэр ефIакIуэ зэпыту, къащыщIымкIэ арэзыуэ псэуну хуейщ. Аращ насыпым хущIэкъу цIыху псори зыщIэхъуэпсыр». 
 И гупсысэм зригъэужьурэ, ЩауэцIыкIур бгъэдохьэ Жэбагъы насыпым щIилъхьэ мыхьэнэми. УзэщIакIуэм къызэрилъытэмкIэ, мылъкуми, пщIэми, узыншагъэми, уехъулIауэ укъалъытэнми уищIыркъым насыпыфIэ. Ауэ щыхъукIэ, насыпыншэ узыщIыр гурыIуэгъуэщ: акъылыншагъэ, гужьгъэжь, хьэл мыгъуэ зыхужаIэхэр уи Iэпэгъумэ, абыхэм насыпыншагъэ псори йокIуэлIэж.
 «Напэр ныбэкIэ ящэркъым», - къехь ЩауэцIыкIум Жэбагъы и насып ухуэкIэм и Iэмэпсымэхэр. ЦIыхур езым и щхьэ ебэкъуэфынырщ, и щхьэзыфIэфIагъыр зытримыгъэкIуэнырщ адыгэ хьэлым игъащIэми и лъабжьэ быдэр. 
 Жэбагъы узэщIакIуэ хужытIэ щхьэкIэ, Людмилэ и лэжьыгъэм щIэх-щIэхыурэ «хабзэубзыху» - «моралист» псалъэм ущрохьэлIэ. Апхуэдэ щIыкIэу, адыгэ щIэныгъэрылажьэм Къэзанокъуэм и пщIэр еIэтри, дунейпсо щэнхабзэм щыцIэрыIуэ алыдж гупсысакIуэхэмрэ франджы моралистхэмрэ я сатырым хегъэувэ. 
 Тхылъеджэм и пащхьэм и чэзу дыдэу къихута, адыгэ щэнхабзэр зи лъащIэ узыщIэмыплъэ хъугъуэфIыгъуэу зэрыщытыр уи фIэщ зыщI къыдэкIыгъуэ щхьэпэщ ЩауэцIыкIу Людмилэ и IэдакъэщIэкIыр. 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ