И псалъэ гуапэхэмкIэ игъэгушхуэу

Илъэс 35-рэ хъуауэ Бахъсэн район сымаджэщым и хирургие къудамэм медсестрауэ щыIэ Бакъ Марие и пщIыхьи къыхэхуэртэкъым зэгуэр зыпэрыт IэнатIэр ихъуэжыну.
- Медицинэ училищэр къызэрызухыу мы сымаджэщым сыкъэкIуауэ щытащ. Пэжыр жысIэнщи, сыкъызыхэхуа гупыр япэ махуэхэм щегъэжьауэ си гум къыдэхьат. Гуапэу къысIущIат, лэжьыгъэм сыхэгъуэзэхукIи IуэхукIи чэнджэщкIи зыкъысщIагъэкъуащ. ИужькIи гуп зэкъуэту дыкъыздэгъуэгурыкIуащ. 2020 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм, коронавирус уз зэрыцIалэр зыпкърытхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ щыхъум, мурад сщIащ госпиталым сыщылэжьэну. Сымаджэщым и унафэщIхэми а гупсысэр къыщыздаIыгъым, тегушхуауэ Iуэхум иужь сихьащ, - жеIэ Марие.
Бакъыр щыIащ Налшык къалэ клиникэ сымаджэщ №I-м хэт госпиталым узыфэ зэрыцIалэхэмкIэ и етIуанэ къудамэм. Марие щылэжьар сымаджэ нэхъ хьэлъэхэр зыщIэлъырщ. ГурыIуэгъуэщ, дауи, ар зыпэрыхьа IэнатIэри зэрыгугъур. Ауэ Iуэхум и пIалъэ фIыуэ зыщIэ бзылъхугъэр псынщIэу хэзэгъащ икIи сымаджэхэм якIэлъыплъащ. Гулъытэ зиIэ, гущIэгъу зыхэлъ Бакъ Марие дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуигъуэтыфу, и псалъэ гуапэхэмкIэ игъэгушхуэу яхэтащ.
- Ди лэжьыгъэр нэхъ гугъу къытщызыщIыр узым зэырызыщытхъумэ щыгъын мытыншырт, - жеIэ Бакъым. – Псом хуэмыдэу хьэлъэт гъэмахуэм ар пщыгъыну, псы уефэну, уи нэкIу къэпщIэнтIар плъэщIыну Iэмал уимыIэу, уеблэмэ тэмэму зыпхуэгъэхъейртэкъым. Иужьым нэхъ десэжащ. Ауэ а гугъуехьри пщхьэщихырт узым зи псэм гузэвэгъуэ къытрилъхьауэ щыта сымаджэр хъужауэ щыплъагъукIэ.
    Мазэ бжыгъэкIэ уи благъэ-Iыхьлыхэр умылъагъуу улэжьэныр ар гъэунэхуныгъэшхуэщ. Санитар-эпидемиологие шынагъуэншагъэм къигъэув хабзэхэм ящыщти, ахэр унэм кIуэж хъурткъым.
    - Ди зыгъэпсэхугъуэ зэманри хъарзынэу къызэрагъэпэщат. ЯпэщIэкIэ «Грушевая роща», иужькIэ «Вершина» санаторэм дыщыпсэуащ. ДызыщIэс пэшхэр къабзэт, хуитт, ерыскъыкIи къыдэгугъащ, дызыхуеину хьэпшып псори щыдгъуэту апхуэдэт. Республикэ унафэщIхэми, дыщылажьэ госпиталым и нэхъыщхьэми сытым дежи я нэIэ къыттрагъэтащ, - къыхегъэщ Марие.
    Бакъыр лэжьыгъэм псэ хьэлэлу зэрыпэрытыр гулъытэншэ хъуакъым. Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм земыгъэубыгъунымкIэ ирагъэкIуэкIа Iуэхухэм и гуащIэ зэрыхилъхьам, и IэщIагъэм зэрыхуэпэжым папщIэ Марие къыхуагъэфэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъ.

Бакъ Мадинэ.
Поделиться:

Читать также: