Фестивалым пашэ щохъу

   Бахъсэн район администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэр щытекIуащ Адыгэ республикэм щекIуэкIа «Возвращение к истокам – путь к возрождению» фестиваль-зэпеуэм. Ар къызэрагъэпэщат Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ  ЦIыхубэ щэнхабзэмкIэ центрымрэ, Адыгейм и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ.
   ЗэпэIэщIэу ирагъэкIуэкIа зэпеуэм ирагъэхьащ «КъуейплъыжькIэрыщIэ» дауэдапщэм теухуа видеонэтыныр. Унагъуэм щIалэ къыщихъуэкIэ къызэрагъэпэщ а   зэхыхьэр спорт джэгу-зэпеуэхэмкIэ,   гуфIэгъуэ Iэнэ берычэтхэмкIэ, саугъэтхэмкIэ гъэнщIащ.
Лъэпкъым къыдекIуэкI а хабзэм и дахагъэмрэ и мыхьэнэмрэ гу лърагъэтэн папщIэ, IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм    кхъуейплъыжькIэрыщIэр  зэрырагъэкIуэкIыр зыубгъуауэ къагъэлъэгъуащ. Абы щIалэхэр я къарумкIэ, пщащэхэр адыгэ шхыныгъуэхэр гъэхьэзырыным щаIэ зэфIэкIхэмкIэ щызэпеуащ.
   Адыгэ хабзэм и дахагъэр апхуэдэу екIуу, удихьэхыу къыщыгъэлъэгъуа видеонэтыным и фIагъыр, къэпщытакIуэхэм я мызакъуэу, Интернетым абы щыкIэлъыплъахэми къалъытащ, абы папщIэ   саугъэт щхьэхуэри къалъысащ. Зэхьэзэхуэм зэрыхэта   лэжьыгъэм еплъыну гупыж зыщIхэм ар къыщагъуэтынущ Адыгэ Республикэм и ЦIыхубэ щэнхабзэ центрым и сайтым.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: