ГъащIэм и пэжыпIэр къыщIэзыгъэщыфа тхакIуэ

Илъэсищэм нэблагъэкIэ дэхуэхауэ, и цIэми и тхыгъэхэми цIыхур щымыгъуазэу къэгъуэгурыкIуа адыгэ тхуакIуэ КIашэ Адэлджэрий къызэралъхурэ илъэси 185-рэ ирокъу мы мазэм. «Къалэмбий» цIэр зыфIэзыщыжа тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр урыс журналхэм къытехуэрт, «Шэрджэсым и тхыгъэхэр» псалъащхьэм щIэту. ЛIэщIыгъуэм нэблагъэ зэпичащ а псевдонимым, зейр ямыщIэу.

Илъэс 60-м нэсауэ аращ «Къалэмбий» псевдонимыр зыфIэзыщыжар Шэрджэсым къызэрыщалъхуар, ар зэры-КIашэ Адэлджэрийр къызэрытщIэрэ. Ар зи фIыщIэр Мейкъуапэ щыщ къэхутакIуэ Голубевэ Ларисэщ. Аращ Къалэмбий и цIэр, и лэжьыгъэхэр хэIущIыIу зыщIыжар. «Дружба народов» журналым (1963 гъ., №9) тридза тхыгъэмкIэ Голубевэм цIыхур щыгъуазэ ищIащ «Библиотека для чтения»», «Русский вестник» урыс журналхэм зи тхыгъэхэр традза «шэрджэсыр» хэтми. КIашэми ди литературэм хуэфащэ увыпIэр щиубыдыжащ. Ар хабжэ адыгэ, абазэ лъэпкъ литературэхэр зэхэзыублахэм, и творчествэр школхэм, университетхэм щадж. Литературовед цIэрыIуэ Андроников Ираклий зэритхыгъащи, Къалэмбий гъащIэм и пэжыпIэр къыщIэзыгъэщыфа тхакIуэщ, къалэмыр телъыджэу зыгъэшэрыуэф художник набдзэгубдзаплъэщ.

КIашэр абазэ лIакъуэлIэш унагъуэщ къыщалъхуар. «Шэрджэсым и тхыгъэхэр» - апхуэдэ псалъащхьэм щIэтущ КIашэ Адэлджэрий и Iэдакъэ къыщIэкIа япэ тхыгъэхэр («МазитIкIэ къуажэм», «Жин пэшэгъу», «Пыпхэ») «Библиотека для чтения» журналым зэрытридзар. «Шэрджэсым и тхыгъэхэм» лъабжьэ яхуэхъуар, зэрынэрылъагъущи, адыгэхэм, абазэхэм я гъащIэмрэ я дунеймрэщ. Къалэмбий и тхыгъэхэр дунейм къызэрытехьар урысыбзэкIэщ - абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ: щыпсэуа зэманым тепщIыхьмэ, абы нэгъуэщI Iэмал иIакъым, урысыбзэкIэ тхэн фIэкIа (и тхыгъэхэр хэIущIыIу ищIын - тридзэн мурад щищIакIэ). КIашэ Адэлджэрий и тхыгъэхэр дунейм къызэрытехьар урысыбзэкIэми, ахэр ди лъэпкъ (абазэ, адыгэ) литературэхэм я тхыдэм и зы напэкIуэцIщ. Ахэр дэркIэ лъапIэщ, Нэгумэ Шорэ, Хъан-Джэрий, ХьэтIохъущокъуэ Къазий сымэ къызэранэкIа тхыгъэхэм хуэдабзэу. Лъэпкъыр щIэныгъэм и гъуэгум тешэнырщ, «бгырыс Iэлыр» кIыфIыгъэм къызэрыхашынырщ, ар тхылъымрэ щIэныгъэмрэ къызэрыщIагъэтэджэнырщ КIашэр зыхуэлэжьар. КIашэ Адэлджэрий и тхыгъэхэм хыболъагъуэ щIэныгъэм зи гур къиуIа, кIыфIыгъэм щхьэмыгъазэу зезыпщыта щIалэщIэм и образыр. Гу лъытэгъуафIэщ а образым щапхъэ хуэхъуар езы тхакIуэм и гъащIэр ару зэрыщытым.

Къалэмбий и Iэдакъэ къыщIэкIа дэтхэнэ тхыгъэри бгырысхэр зыхэта кIыфIыгъэм, хабзэ мыхъумыщIэхэм хуэунэтIа удын пэлъытэщ. ТхакIуэм и гур мэуз бгырыс цIыхубзым и дуней Iыхьэр щилъагъукIэ. «Абы и дунейр дыщэ IуданэкIэ хидыкI тхыпхъэщIыпхъэхэм деж щеух, и пщэдейм адэри анэри егупсысыркъым», - щитхыгъащ Къалэмбий «МазитIкIэ къуажэм» рассказым. ЦIыхубзым и дуней Iыхьэр зэрыдыджыр, абы и насыпыр, и гъащIэр, и щIыхьыр хэутэн зэращIыр тхакIуэм ди нэгу щыщIигъэкIащ «Пыпхэ» рассказым. Хьэлэмэту тхащ «Абрэджхэр» повестри. Абы упкърыджыхьмэ, тхакIуэм шэч хуэпщIыфынукъым а зауэм теплъэкъукIын е ар ибзыщIын мурад иIауэ. Ар дэнэ къэна, тхакIуэм куууэ къитIэщIащ адыгэхэм я щхьэм кърикIуа мыгъуагъэмрэ насыпыншагъэмрэ къызыхэкIа псом я зы щхьэусыгъуэ. «Абрэджхэр» повестымкIэ тхакIуэм сэтей ищIащ пасэрей хабзэ мыхъумыщIэхэм лъэпкъым, хэкум къыхуахьу щыта насыпыншагъэхэр. Абы и тхыгъэхэм я фIыпIэр, дауи, а повестырщ.

Апхуэдэу купщIафIэщ КIашэ Адэлджэрий (Къалэмбий) и Iэдакъэ къыщIэкIа дэтхэнэ тхыгъэри. Нобэ зызыужь абазэ литературэри адыгэ литературэри зэрыпагэ тхакIуэ щэджащэщ КIашэ Адэлджэрий. ЛъэпкъитIми зэдай художественнэ хъугъуэфIыгъуэ мылъытэщ абы и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэхэри.

КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.
Поделиться: