ЩIыналъэ зэпеуэм кIуэнухэр къыхах

Тэрч къалэм дэт «Олимп» спорт комлпексым щекIуэкIащ 2005-2006 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм бэнэкIэ хуитымкIэ я республикэпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ псоми къикIа спортсмен 150-м нэблагъэ.
КъБР-м и зэхьэзэхуэм хэтхэм захуигъэзащ икIи зэIущIэ дахэхэр къагъэлъэгъуэну ехъуэхъуащ Тэрч щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Хъущт Аслъэнбий.
Я хьэлъагъ елъытауэ ныбжьыщIэхэр гуп 11-у гуэшауэ щытащ. Абыхэм ящыщ гупитIым щыбэнащ Европэ, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ. Ахэр 2021 гъэм Европэм и чемпион хъуа, Хьэсэней жылагъуэм щыщ килограмм 60 нэблагъэ зи хьэлъагъ Гергоков Саид, Аруан районым къикIа зи хьэлъагъыр килограмм 51-м нэблагъэхэм я деж 2021 гъэм дунейпсо зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щызыубыда Iэщын Алихъан сымэщ. Къыхэдгъэщынщи, щIалитIри иджырей зэпеуэм щыбэна гупхэм щытекIуащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым бэнэкIэ хуитымкIэ и зэхьэзэхуэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ Iэмал ягъуэтащ гъатхэпэм и 5-7-хэм Грознэ къалэ щекIуэкIыну Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ щIыналъэм и зэхьэзэхуэм хэтыну.

Къэхъун Бэч.
Поделиться: