Сом мелуан 915-м щIигъу

КъБР-м щыIэ МВД-м Экономикэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм къыщIагъэщащ инвестицэ Iуэху хузэрахуэу цIыхухэм жраIэурэ абыхэм я ахъшэхэр къыIэщIагъэкIыурэ зыкIэщIэзыупщIа щIэпхъаджащIэ гупыр.
«Следствием къызэригъэлъагъуэмкIэ, гъэпцIакIуэхэм финанс пирамидэр къызэрагъэпэщащ 2020 гъэм. Абыхэм Интернетым иралъхьэрт хэхъуэ къызыпэкIуэ бизнес-проектхэм ехьэлIа инвестицэхэм теухуа хъыбархэр. А Iуэхум хыхьэну гупыж зыщIхэм хуагъэлъагъуэрт халъхьэ мылъкум хуэдиз дыдэ хэхъуэ яIэну. ЯпэщIыкIэ Iуэхур апхуэдэуи ежьащ - къыкIэлъыкIуэу абы хыхьахэм я ахъшэр къагъэсэбэпурэ япэрейхэр къызэрагъэгугъар ягъэзащIэу, ауэ иужькIэ щагъэтыжащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ цIыху минищым нэблагъэм къыIэщIахащ сом мелуан 9I5-м щIигъу.
Республикэ МВД-м и лэжьакIуэхэм хьэгъэщагъэ зылэжьхэм я Iуэхур къызэпаудащ. ГъэпцIакIуэхэм ящыщу I8-р яубыдащ, 2-р къалъыхъуэ. Яубыдахэм ящыщу тхум шэч хуащI щIэпхъаджагъэ Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэу.
Уголовнэ Iуэхухэр къаIэтащ, УФ-м и УК-м и 2I0-нэ статьям и япэ, етIуанэ Iыхьэхэм, I59-нэ статьям и еплIанэ Iыхьэмрэ I74.I статьямрэ къыщыхьа щIэпхъаджагъэхэм хуэдэхэр ялэжьауэ ягъэкъуаншэу. ЦIыху I8-р ябыдащ - хэти Iуэхур зэхагъэкIыху ягъэтIысащ, хэти и унэм къыщIэкIыну хуимыту щIаубыдащ, хэти Iуэху хэхахэм хыхьэныр паубыдащ.
 ЗэраубзыхуамкIэ, ягъэкъуаншэхэм ящыщу 2-м, къадыгъуа ахъшэр къагъэсэбэпри, хамэ къэрал къыщыщIагъэкIа хьэлъэзешэ автомашинэшхуэ, прицеп пыщIауэ къащэхуащ, сом мелуани 9-м щIигъу и уасэу. Хабзэм ипкъ иткIэ, а мылъкур къатхьэкъужащ ягъэкъуаншэхэм зи мылъку зыфIашхахэм къагъэувхэм пагъэкIуэжын мурадкIэ.
Iуэхур щызэхагъэкIым наIуэ къызэрыхъуамкIэ, хабзэншагъэкIэ зыIэрагъэхьа ахъшэр къигъэсэбэпри, ягъэкъуаншэхэм языхэзым Мэзкуу областым щыпсэум деж 2020 гъэм и щэкIуэгъуэм сом мелуан 33-кIэ щIы Iыхьэрэ унэрэ къыщищэхуащ. АрщхьэкIэ, мазэ зыбжанэ дэкIри, ар нэгъуэщIым ирищэжащ сом мелуан 38,5-кIэ. КъищынэмыщIауэ, бзаджащIэм къратащ сом мелуани 7,5-рэ, а унэлъапсэр иригъэфIэкIуэным, зэпэщ ищIыным тригъэкIуэда хуэдэу. А ахъшэхэри къатхьэкъуащ.
Iуэхум ехьэлIа экспертизэ зэмылIэужьыгъуэу 23-рэ ирагъэкIуэкIащ, иджыри тIу къапэщылъщ», - къет Урысей МВД-м и официальнэ лIыкIуэ Волк Иринэ.
ГъэпцIагъэкIэ зи мылъку къызыIэщIагъэкIахэм ахэр хуапшыныжыным къыхуагъэсэбэпыну апхуэдэу бзаджащIэхэм къытрахыжащ сом мелуан 21-рэ США-м и доллар мин 20-рэ, апхуэдэуи псоми зэхэту сом мелуан 32-рэ и уасэ автомашинэ I7, сом мелуани 9,7-рэ и уасэ дыщэхэкIыу 139-рэ. Iуэхур зэхэгъэкIыным пащэ.

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться:

Читать также: