Iэщхэр гъуэгум къытевмыгъэхьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицэм цIыхухэр къыхуреджэ Iэхъуэхэм я нэIэ щIэмыту, абы хухэха хъупIэхэм икIауэ Iэщхэр щхьэрыутIыпщу уэрамхэм дэту ирихьэлIэмэ, абыкIэ хабзэхъумэхэм хъыбар ирагъэщIэну. Сыту жыпIэмэ, кIэлъыплъыныгъэншэу шыхэмрэ Iэщышхуэхэмрэ автомобиль гъуэгухэм къытехьэмэ, абы бэлыхь кърикIуэнкIэ хъунущ.
Аруан районым щыпсэу, илъэс 28-рэ зи ныбжь щIалэр «ВАЗ-2114» автомашинэм ису мы гъэм мазаем и 15-м сыхьэтитхум деж Лэскэн ЕтIуанэм и гъунэгъуу шым щыжьэхэуащ.
А гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэм щигъуэта фэбжьым рулым дэсар илIыкIащ. Полицэм ар къызэрыхъуар, шыр зейр зэхегъэкI.
ПщIэ зыхуэтщI ди хэкуэгъухэ! Хабзэм къемызэгъыу Iэщхэр ягъэхъуу е автомобиль гъуэгум къытехьауэ гу лъыфтэмэ, абы теухуа хъыбар евгъащIэ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я плъыр частхэм, е 102 (жып телефонымкIэ), 112 номерхэмкIэ.
Къэрал автоинспекцэм шыхэр, Iэщышхуэхэр зейхэм захуегъазэ транспорт куэд щызэблэкI гъуэгухэм я Iуфэхэм ахэр кIэлъыплъыныгъэншэу щыхъуэкIуэныр къамыгъэхъуну, жэщым былымхэм гу лъозыгъатэ Iэмэпсымэ цIыкIухэр абыхэм кIэрагъэзэгъэну, Iэщ зехуэным теухуауэ хабзэм къигъэувхэр ягу къегъэкIыж.
УФ-м гъуэгум зэрыщызекIуэ и хабзэхэм я 1.2 пунктым ипкъ иткIэ шыгу, псэущхьэ зыщIэщIа абы хуэдэ нэгъуэщIхэр зезыгъакIуэхэр хуагъадэ рулым дэсхэм икIи гъуэгурыкIуэхэм ящыщщ. Апхуэдэщ гъуэгум тету Iэщыр зыху дэтхэнэри, ар сыт хуэдэ Iэщ ирехъуи, зытетIысхьэхэри яхэту. ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа хабзэхэм я 25-нэ Iыхьэм хуит ищIыркъым:
- Iэщхэр кIэлъыплъыныгъэншэу гъуэгум къыщагъэнэну;
- нэгъуэщI гъуэгу щыIэмэ, асфальт зытелъ гъуэгум Iэщыр къытрагъэхьэну;
- абы хухэмыха щIыпIэхэм деж гъуэгум Iэщыр щызэпрахуну, а Iуэхур жэщым е пшагъэу ирагъэкIуэкIыну.
Iэщ зезыхуэу хабзэр зымыгъэзащIэм административнэ къуэдыуэ сом 800 тралъхьэнущ. Абы къыдэкIуэу, Iэщыр зезыхуэм къалэн щащIынкIэ хъунущ транспортыр зейм игъуэта мылъку хэщIыныгъэр ипшыныныр.

Дыгулыбгъу Жантинэ.
Поделиться:

Читать также: