Дызэрыгушхуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил

Урысей Федерацэм, Адыгэ Республикэм гъуазджэ­хэм­к­Iэ щIыхь зиIэ я лэ­жьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист, УФ-м и Композиторхэм я союзым Шостаковичым и цIэр зэрихьэу ит саугъэтым и лауреат, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, УФ-м и композиторхэм я союзым хэт, а IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI ХьэIупэ ДжэбрэIил и ныбжьыр мазаем и 20-м илъэс 80 ирокъу.

И IэдакъэщIэкIхэр псэунущ

ХьэIупэ ДжэбрэIил куэд щIауэ сцIыху къудейкъым, атIэ дызэныбжьэгъущ ды­зэрыцIыкIу лъандэрэ. Зэманым, гъащIэм къуэшым хуэдэу дызэхущыту дищIащи, мащIэ-куэдми къытхуэнэжар апхуэдэу екIуэ­кIынущ. 

Лъэпкъ къэсыхукIэ, къапщтэмэ, зыгъэлъэпкъыр бзэ­ращ. Абы теухуауэ жыс­Iэну сыхуейщ: ДжэбрэIил хуэдэу адыгэбзэр зыгъэпсалъэ, зыгъэбзэрабзэ, шэ­рыуэу зыгъэлажьэ, адыгэм къахэбгъуэтэну къы­щIэ­кIынкъым. Тхьэм сыщыуэу къыщIигъэкI, ауэ апхуэдэу къысщохъу, апхуэдизкIэ абы жиIэ псалъэ Iущхэр, и усэхэр гум носри. ЗыIэ­рымыхьа, зимыIэ иджыри щыIэмэ, чэнджэщ изот ДжэбрэIил и «Iэгуауэншэ пшыхь» усэ тхылъыр къи­щэхуну. Ди тхыдэм, ди лъэп­къым ятеухуауэ узыгъэтхытх усэ куэд итщ абы. 
ДжэбрэIил адыгэ лъэп­къым и композитор нэхъ гъуэ­зэджэ дыдэу диIэщ. Уэрэд дахэ куэд итхахэр дызыгъэгушхуэщ икIи ахэращ цIыхубэм нэхъыбэу къы­зэрацIыхур. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, ДжэбрэIил ейуэ уэрэд зыбгъупщI езгъэтхауэ ди радиом и фондым хэлъщ, абы нэмыщIкIэ дискым трезгъэтхауи щы­Iэщ. КIэщIу жыпIэмэ, езы ДжэбрэIили и уэрэдхэр жы­зыIахэри дыщымыIэжу щытми, абы и Iэдакъэ къы­щIэкIахэр псэунущ, лъэпкъ тхыдэм къыхэнэнущ. 
Згъэнэхъапэу мыр къы­хэзгъэщыну сыхуейт: Джэб­рэIил Iущыгъэ куэд жеIэ щIалэгъуалэр едаIуэу дерс къыхахын хуэдэу. 
Аращи, ДжэбрэIил, си ­къуэшышхуэ, Тхьэм куэдрэ утхуигъэпсэу! Си гуапэ дыдэ хъунущ дяпэкIи макъамэ дахэхэр къэбгъэщIу, сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи уи Iуэхур ефIакIуэу, къару ­бгъуэту, дэрэжэгъуэ уиIэу куэдрэ, куэдрэ утхуэпсэумэ!
Iуэху дахэ куэд тлъагъуу, ди щIэблэм я фIыгъуэм дыхэплъэу, зауэ-банэрэ зэ­рызехьэрэ къэмыхъуу, цIыхур лажьэрэ шхэжу, узын­шэу, ди къэралыр ефIакIуэу гъащIэ зэпэщ Тхьэм дигъэлъагъу псоми! 

ТУТ Заур,
УФ-м и цIыхубэ артист. 

 

Адыгэ  лъэпкъым  и  фIыгъуэ

ХьэIупэ ДжэбрэIил сэрэ лэжьыгъэ и лъэны­къуэ­кIи, цIыхугъэ ехьэлIауи куэд щIауэ дыкъыздогъуэгурыкIуэ. Зэгъусэу деджащ, консерваторэр зы профессорым и деж къыщыдухащ. Зы илъэскIэ си япэ итауэ аращ ДжэбрэIил.

Мис а 1980 гъэхэм щегъэжьауэ илъэс 40 хъуащи дызэныбжьэгъущ, зэрыхъукIэ дызэдолажьэ. И IэщIагъэм хуэнабдзэгубдзаплъэ, еш имыщIэу зэ­лэжьыж цIыхущ ХьэIупэр.  Композитор гъуэзэ­джэщ, симфонист IэпщIэлъапщIэщ, цIыхугъэшхуэ хэлъщ, унагъуэлIщ. ЖыпIэнурамэ, ДжэбрэIил хуэдэр закъуэтIакъуэщ. 
Адыгей Республикэращ абы и япэ щIыхьыцIэр къыщыфIащауэ щытар. Ди деж мызэ-мытIэу щедгъэкIуэкIащ ДжэбрэIил и концерт, ди щIыналъэм абы и гуащIэм пщIэшхуэ щыхуащI, езыр фIыуэ щалъагъу. И макъамэр Адыгейм и симфоние оркестрым зэпымыууэ егъэзащIэ. Къыхэбгъэщмэ, зи ехъулIэныгъэхэм сыщыгуфIыкI си ныбжьэгъуфIщ, езыращи, сыт къызэхъулIэми япэу къэпсалъэхэм ящыщщ. 
Налшык сыкIуа иужь гуапэу срегъэблагъэ. И унагъуэм сохьэ, и щхьэгъусэр, и бынхэр фIы дыдэу соцIыху. Мы гъащIэм зы цIыху щыспэгъунэгъумэ, Джэб­рэIил етIуанэщ. Апхуэдэ ныбжьэгъу, къуэш, композиторэгъу къызэрыскъуэтым срогушхуэ. Псом хуэмыдэжу сэ сыщогуфIыкI апхуэдэ композитор адыгэ лъэпкъым зэриIэм. Къэбэрдейм щып­сэухэми, дэнэ щIыпIэ щикъухьа адыгэхэми солъэIу абы и творчествэм пщIэ хуащIыну. Лъэпкъым и гупсысэр, и псэр зыгъэбейр ХьэIупэ ДжэбрэIил хуэ­­дэхэращ. 
Сынохъуэхъу, си ныбжьэгъужь, узыншагъэ быдэ уиIэну, тхылъ куэдыкIейуэ узэджам къыхэпха фIыгъуэр лъэпкъ псом щхьэпэну.    

Нэхей Аслъэн, 
композитор, УФ-м, Адыгейм, 
КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист. 

 

- Пхуримыкъум сыт и
щхьэусыгъуэр? - Лъагъуныгъэщ.

Сыт и - дахагъми, гъащIэр щыз хъуну гурыщIэ ­куум къимыгъэнэхумэ? Пшыналъэр зэгущ хъуну лъагъуныгъэр дыгъэ нэбзийуэ хэмыухуэнамэ? Пшыналъэри макъамэри зи гум щызыгъафIэ ХьэIупэ ДжэбрэIил дауэ блэкIынт а щытыкIэ телъы­джэм… ФIыуэ плъэгъуа цIыхур, жэуапыншэ уищIауи ирехъуи, беягъ гуэру гум къонэ. ХьэIупэм и пшыналъэм абы и лъэужьыр усэ сатыру къыхонэ, усэм макъамэ къыщIоувэжри уэрэд мэхъу. КъохъулIэ гурыщIэм и цIэ къримыIуэу, фIыуэ илъагъум поэтическэ гупсысэ нэху хэлъу, щIагъыбзэкIэ епсэлъэну, тепсэлъыхьыну. Апхуэдэ щыпкъагъэр къызэгъэпэща мэхъу зэпсалъэм зэрыхуэнэхъуеиншэр, гу щимыхуэнкIэ зэрышынэр къызыхэщ псалъэ къы­хэхыкIэмкIэ. Усэ-уэрэдым упходэIукI зы макъ е зы псалъэ лейуэ зэрыхэмытым уихьэхуу. Гуры­щIэбэщ, макъамэр щабэщ, лантIэщ, поэзие нэгъэсам и хабзэкIэ тхащ.

ФIылъагъуныгъэ

Мазэгъуэ жэщу,
Ихъуреягъыр даущу,
СыноIущащэу зы жэщ закъуэ
Сыббгъэдэсащэрэт.

Уэрэд пхуэзусым
Псалъэ хэмытми,
Дахагъэу хэлъым
Уи псэм зыдилъэу,
Iэлъын пIэрыгъым
Гугъэ есшэкIыу,
Зы дуней кIапэ 
Зэ къыслъысащэрэт.

Е дыIущащэу,
Акъужьыр гущэу,
Зы нэхущ мыхъуми
Дыхэмыгъуащэм - 
ФIэсщын симыIэ
Къысхуэна гъащIэм.

Апхуэдэу гукъинэ хъууэ, псэм дыхьэу, уи фIэщ хъууэ тха лирическэ усэхэр и мащIэкъым ХьэIупэм. Зэпэдзыж псэлъэкIэм тету зэриухуам и фIыгъэкIэ усэ кIэщIым къеIуэтэф зы цIыху и тхыдэ: и гурыгъу-гуры­щIэр, фIэдахэр, лъапIэныгъэу къилъытэр,  зы­хыдегъащIэ а лъапIэныгъэр фIэмыкIуэду гъащIэм зэрыпхрихар. Уэсэпс ткIуэпсыр дыгъэ нэбзийм зэмыфэгъуу къызэрызэщIигъаблэм ещхьу, псалъэ къэс езым и плъыфэкIэ зыкъыдегъэлъагъу. Сатырхэм къибджыкIым нэхърэ нэхъыбэ сатыр зэхуакум къыдыбоджыкI, ар ДжэбрэIил и усэ­хэм я щытыкIэщ:
- Пхуримыкъум сыт и щхьэусыгъуэр?
- Лъагъуныгъэщ.
- АтIэ жыIэт, сыт нэхъ уи щIэщыгъуэ?
- Пщэдджыжь дыгъэ.
- Уи гукъинэм ихъумам нэхъ лъапIэр?
- Лъагъуныгъэщ.
- Сытым ебгъэщхьынт ар ухэплъатэм?
- МафIэ лыгъэм!

Лъагъуныгъэм цIыхум и гъащIэр нэгъэса ещIыф, ауэ зэпэныкъуэ щищIри мащIэкъым. Хьэлэмэт дыдэу а Iуэхум хэлъращи, лъагъуныгъэ нэсым жэуап имыгъуэтауэ е насыпыр кIэщIауэ арами, ­губ­ж­ькIэ, лъагъумыхъуныгъэкIэ зихъуэжыркъым. Нэщхъеигъуэщ, гуауэ мэхъу, ауэ гыбзэрэ шхыдэрэ къыхэкIкъым. 
Псэрыд уэрэдырщ къытенэр дунейм,
Абы и джылъым и лъахэр гухэлъщ,
Ар япэ лъагъуныгъэм и фэеплъщ,
ЩIэмылъу псалъэ куэдрэ жытIэрейщ.

ФIылъагъуныгъэр къыщылыдынури щыужьыхы­жынури зыми зэримыщIэр, ар хуитыныгъэ къритыну зыми зэремыупщIыр, чэзурэ мардэрэ зэримы­щIэр а гурыщIэм и хьэл-щэну зэрыщытыр игъэу­нэхуащ мыпхуэдэ сатырхэр зытхам:
ГъащIэ Iуэхущи, гухэлъ-щхъухь исфам
Зэм сеIэтри уафэм сыщызоуэ…
Зысплъыхь пэтрэ тIэкIу зыщиуфам,
ЩIылъэм къызохьыжыр си гукъеуэр.

Сыту щытыкIэ дахащэ цIыхур фIыуэ илъагъум щысхьмэ, и псэри и пщIэри хуихъумэмэ… Сыту лIыхъужьыр игъэдахэрэ и шыIэныгъэм, и щабагъым, зэгъэзахуэ зэриIэм. 
Ныптеухуауэ къыпхуэсIущэщыр
Уэ ныпщызгъэпщкIуми, фIыт зэхэпхамэ.

ИтIанэ, дауи, узыхэхуэнкIэ
Хъун гуныкъуэгъуэр къэпщытэгъуейщ.
Гугъуехьу сшэчыр къыздэбухуэнкIи –
Насып пщыхъуну? Ар жыIэгъуейщ.

Лъагъуныгъэр шыIэныгъэм нэхъри лъагэ зэри­щIыр къыхощ «Зыхыумых щхьэкIэ, уафэр зи ­плъэгъу…» усэми. Тыншу къехъулIэркъым  лирическэ лIыхъужьым а шыIэныгъэр. «Гугъэр гъэрыпIэм иту» псэуныр хьэлъэщи, псори зэхуэдэу пэлъэщкъым: зым зешыIэф, нэгъуэщIыр егъэгухэ, адрейр егъэгубжь, щIегъуэжри щыIэщ. «Зыри сыхуейкъым упсэу къудейм»,- жызыIэфыр цIыху нэгъэсащ, лъагъукIэм и сэнаушыр зыбгъэдэлъ цIыху псэ хейщ.
ХЬЭЦIЫКIУ Раисэ,
егъэджакIуэ, «Адыгэ дуней» 
лъэпкъ фондым и къызэгъэпэщакIуэ. 

Поделиться: