ТхакIуэм и дунейпсо махуэ![]() Гъатхэпэм и 3-м дунейм и къэрал куэдым ТхакIуэм и махуэр щагъэлъапIэ. 1986 гъэм дунейпсо PEN-клубым и 48-нэ конгрессым а махуэр къыщызэдащтауэ щытащ. PEN хьэрфхэм къарыкIыр гъэщIэгъуэнщ. Poets-усакIуэхэр, Essayists-очеркытххэр, Novelists - романытххэр. ТхакIуэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэр къэрал къэс хъыбарыщIэр хуиту, пэрыуэншэу щызекIуэным, щызэIэпыха хъуным и хъумакIуэщ. Ауэ щыхъукIи, а махуэр къыхэзылъхьахэр хъыбар нэпцIым, «шыпсэм» и бийщ. Дунейм и къэрал куэдым щагъэлъапIэ гъатхэпэм и 3-р, къэбгъэлъагъуэмэ, а махуэр зейр тхакIуэхэм я закъуэкъым, атIэ псалъэр зыгъэшэрыуэ, ар зи «Iэщэ» дэтхэнэми ейуэ къалъытэ. Абы ирихьэлIэу ягъэлъапIэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэм къыщыхэжаныкIа тхакIуэхэр, дауэдапщэхэр ирагъэкIуэкI.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2026 - 10:33 →
Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь
22.04.2026 - 16:00 →
Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм траухуэ
19.04.2026 - 11:00 →
Лианэ и IэрыкIхэр
19.04.2026 - 10:00 →
Тетащ дунейм нэфIэгуфIэу
12.04.2026 - 13:24 →
«Iуащхьэмахуэ и щыгу щагъэзащIэ къафэхэр»
| ||





