Пшынэр зыгъэбзэрабзэ

Илъэситхум къэзан пшынэ цIыкIур Iэпэгъу хуэхъури, Джэдгъэф ФатIимэ пшынауэ Iэзэ къыхэкIащ.
«Пшынэ еуэну псори зыщыгугъар си шыпхъурат, абы и Iэпэхэр а Iэмэпсымэм хуэщIауэ къалъытэрт. АрщхьэкIэ ар къэзыщтар сэращ, - жеIэ бзылъхугъэм. - Пшынэм къиIукI макъым сызэрыдихьэхым гу лъызытар ди гъунэгъуу псэу цIыхубзрат, абы си адэ-анэм къажриIауэ щытащ а макъамэ Iэмэпсымэм щыхуагъасэ еджапIэм сратыну…
Налшык къалэм и Музыкэ школым къыщыщIидзэри, ФатIимэ пшынэ еуэным щыхуеджащ Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжымрэ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтымрэ. Псори зэхэту а IэщIагъэм бзылъхугъэр илъэс I4-кIэ хуеджащ. Илъэс тIощIым щIигъуауэ «Кавказ пшэплъхэр» сабий ансамблым щолажьэ.
 - Адыгэ къафэжьхэр нэхъ хэубыдыкIауэ сыт щыгъуи сфIэфIу щытащ. ЕджапIэм нэгъуэщI лъэпкъ къафэхэр хъуми, классикэ жыпIэми, псори зэхэту дагъэджырти, ди макъамэхэм сызэрыхуейм хуэдэу гулъытэ щыхуэтщIыфыртэкъым. Абы къыхэкIыу Бер Мадинэ и деж сыкIуэурэ нэхъ тегъэщIауэ ди лъэпкъ къафэхэм зэреуэм зыхэзгъэгъуэзащ. ЕгъэджакIуэу сиIахэм я гугъу пщIымэ, ар Кхъуэжь Мадинэ, Къашыргъэ Мадинэ, Сокъур Анжелэ сымэщ. ФIыщIэ яхузощI дэтхэнэми, - къыхегъэщ цIыхубзым.
ФатIимэ и щхьэгъусэ Заури пшынауэщ, колледжым щызэдеджауэ щытащ. Заур илъэс тIощI хъуауэ «Нальчанка» гупым и пшынауэщ. Зэщхьэгъусэхэм езыхэми пшынэ еуэкIэм ныбжьыщIэхэр хуагъасэ, къищынэмыщIауэ, илъэсипщIым щIигъуащ «Пшыналъэ» ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ. Абыхэм я пшынауэ гупыр лъэпкъ щэнхабзэм къыхожаныкI. Республикэм хьэщIэ лъапIэхэр къыщыкIуэкIэ «Пшыналъэ» ансамблым куэдрэ къыхуохуэ я макъамэхэмкIэ ахэр кърагъэблэгъэну.     Апхуэдэуи, ФатIимэ зэрыжиIэмкIэ, щIыналъэ, урысейпсо зэпеуэхэми гупыр жыджэру хэтыну хунэсащ. Псалъэм папщIэ, абыхэм саугъэт нэхъыщхьэр къыщыхуагъэфэщащ «Шемякиным и гъатхэ» дунейпсо фестивалым и зы Iыхьэм, япэ увыпIэр къыщахьащ «Верь в свою звезду» VIII дунейпсо зэхьэзэхуэми.
 - Гупым сыдэлэжьэныр сыт щыгъуи сфIэфIти, нэхъапэIуэкIэ сегупсысатэкъым ныбжьыщIэхэр гъэсэным и ужь сихьэну. Нобэ хуэдэу сощIэж зы щэдджыжь гуэрым щIакхъуэхьэ сыкъыщIэкIауэ, ди хьэблэ щIалэ цIыкIу къызбгъэдыхьэу пшынэ еуэфу згъэсэну къызэрызэлъэIуар. Абы сригъэгупсысащ а Iуэхум икIи щIалэгъуалэм садэлэжьэну сытегушхуащ. Си мурадри си щхьэгъусэм къыздиIыгъащ, хуэмурэ езыр-езыру лэжьэн щIэддзащ. Иджыпсту дгъасэ сабийхэри нэхъыбэ хъуащ, я зэфIэкIхэри нэхъ нэрылъагъущ, - жеIэ ФатIимэ.
Зауррэ ФатIимэрэ я «Пшыналъэ» гупым цIыху I3 хэтщ, тIур хъыджэбзщ адрейхэр щIалэщ. Ансамблым къищынэмыщIа, зэщхьэгъусэхэр ядолажьэ иджыри ныбжьыщIэ 20-м щIигъум.
- Пасэ зэманым цIыхубз пшынауэхэр нэхъыбэу щытамэ, иджыпсту а IэщIагъэр нэхъыбэу къэзыщтэр щIалэ цIыкIухэращ. Ди лъэпкъ щэнхабзэм зэрыдедгъэхьэхынум дыхущIокъу, къищынэмыщIауи, осетин, дагъыстэн, шэшэн къафэхэми щIалэгъуалэр хыдогъэгъуазэ. Ди дерсхэм къекIуэлIа зыбжанэ музыкэ еджапIэ щIэтIысхьащ, - жеIэ ФатIимэ.
    Пшынауэ зэщхьэгъусэхэм я унагъуэм щIалитI къыщохъу, Анзоррэ Идаррэ. ЩIалэ цIыкIуитIри «Пшыналъэ» гупым хэтщ. Зыр бэрэбэнауэщ, адрейр пхъэцIыч йоуэ. Пшынэр Iэпэгъу ямыщIами, ахэри щэнхабзэм дихьэхащ: Анзор ударнэ Iэмэпсымэхэр къыхихауэ музыкэ школым абы зыщыхуегъасэ, зэпеуэхэм саугъэт нэхъыщхьэхэр къыщехь. Сочэ щыIэ «Сириус» еджапIэм ар иджыблагъэ щыIащ. «ТIуми япэдубыдакъым Iэмал имыIэу пшынэ еуэн хуейуэ. А IэщIагъэр уи гум къимыщтэмэ мыхьэнэ иIэкъым. Сэ пшынэр сымыIыгъыу си нэгу къысхущIэгъэхьэркъым, си гъащIэр абы теухуа зэрыхъуам си гур хегъахъуэ», - къыхегъэщ ди псэлъэгъум.
    ФатIимэ макъами етх. Абы итха уэрэдхэр жаIэ республикэм и артист пажэхэу Хьэкъул Оксанэ, Абей Рустам, Кудзаев Казбек сымэ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: