Фэ фыщымыIамэ…

Бзылъхугъэхэм яхуэгъэза гурылъ IэфIыпсхэр
Iуэхур щекIуэкIыр Бзылъхугъэхэм я махуэ дахэу мартым и 8-м шэджагъуэ нэужьхэм дежщ. Пэж дыдэу, къызыщывгъэхъут а махуэрауэ. Къызыщывгъэхъуа? НтIэ, аращи, Iуэхур щекIуэкIыр пщэфIапIэ инышхуэ гуэрщ… Гуэгушыр мавэ. Джэдхэр мажьэ. Лыбжьэри дагъэр нэрынэ-нэрынэу щхьэщыту мэлыбжьэри хьэкум тетщ…
Хъурымэбжьэрымейр къызыщIих пщэфIапIэшхуэм кIэпхын зырыз яIулъу цIыхухъу куэдыкIей щызэрызохьэ: зым тхьэв епщ, адрейм еху, ещанэм зэпеупщI, еплIанэм хьэлэмэтыщэу зэхеIуантIэ, дагъэм хедзэри, а дакъикъэм тхъурыжьышхуэхэр къэуцэрэфыжауэ къыхедзыж. МодэкIэ, и пащIэкIитI пщIэнтIэпс къыпыткIуу, зы лIы тхъуэплъышхуэ бэлагъкIэ мэлъащэри плIанэпэм дэтщ. АдэкIэ псоми зэдэтцIыху, игъащIэкIэ апхуэдэ зыхуумыгъэфэщэн зызыгъэбжьыныху гуэр бжьыныху еубри къыдэсщ. АдкIэжкIэ мэрэмэжьейм вагъэсеплъ трихыу а зэдэтщIэжьыр шкIаф къуагъым къуэсщ…
Сытми, жыпIэнуракъэ, зэрызехьэшхуэщ, гуфIэгъуэшхуэщ, махуэшхуэщ…
Ей, мы цIыхухъухэри мы цIыхухъухэр! Хэт къигъэщIами гумащIащэу къигъэщIат ахэр. Фи фIэщ хъуркъэ? Мыхъумэ, бжьэ зырыз яIэщIэту цIыхубзхэм япежьа мо цIыхухъу къомым жаIэм федаIуэ:
- ФIыуэ тлъагъу ди цIыхубзхэ! Ди анэхэ. Ди шыпхъухэ. Ди псэгъухэ. Ди къэшэнхэ. Дэ дыхуейт цIыхухъуу дунейм тетым къабгъэдэкI псалъэ гуапэкIэ зыфхуэдгъэзэну. Фи махуэшхуэм теухуа мы ди хъуэхъур гуапагъэ хэлъу фэ къыфхужаIэ, иджыри къыфхужаIэну псом я зы налъэщ. Фэ фыщагъэлъапIэ хъунур мартым хиубыдэ махуэ закъуэракъым. Дэ ди гум IэфIу фхуилъыр псалъэ тщIыуэ дынывэхъуэхъуну дыхуежьамэ, а мартри, а мартыр зыхиубыдэж илъэсым и махуэ псори къыдэмэщIэкIынкIэ хъунут. Аращи, фи фэ зэтплъ мы гъатхэ махуэм дэ хъуэхъукIэ чэзууэрэ зыфхудогъазэ.
Ди анэхэ! Сыт тхуэщIэнут фэ фыдимыIамэ, фи жьауэм дыщIэту гъащIэ гъуэгум дытевмышамэ? Фэ фи Iэ щабэмрэ фи гу щабэмрэ я зэхуакум дэ ди гъащIэм и пкъыр щызэрыубыдащ, ди мурадхэм зыщаужьащ, ди гугъэ нэхъыфIхэм дащылъэIэсащ. Фэращ дэ ди ехъулIэныгъэ псом я гъуазэр: жьыщхьэ махуэ фыхъу, ди анэхэ!
Ди шыпхъухэ! Зэгуэр дыкъызэрылъэтыкIа абгъуэу ди адэжь и унэм дыщыхуэзэшым деж, фэ занщIэу ди нэгум фыкъыщIоувэ. ЦIыхухэри бзум хуэдэщ: зы абгъуэм къихъукIахэм, я дамэхэр зэрыжэпхъыу, заIэт, зэбгролъэтыкIри, абгъуэ щхьэхуэхэр яухуэ. Аращ гъащIэм и хабзэри, а хабзэм цIыхухэр ебэкъуэфынукъым. Ауэ ди шыпхъу гумащIэхэр дапщэщи фыкъытлъоIэс, фи дамэхэр къытщIывогъакъуэ, фигухэмкIэ дывогъэхуабэ: фыпсэу, ди шыпхъухэ!
Ди псэгъухэ! Феплъыт зэрыдахащэ а дызэрывэджэ псалъэр: ди псэгъухэ! Ар ауэ сытми дэ къэдгупсыса псалъэкъым. Псэ къызэрыгуэкIитI зэхэплъхьэу зы псэ инышхуэ пщIы хъууэ къыщагупсыса зэман лъандэрэ къекIуэкI псалъэщ ар. Дунейм теткъым дэ фэр папщIэ дызыщысхь, ди гум къыщыщIэдзарэ… ди улахуэм щыщIэтIыкIыжауэ! АрщхьэкIэ фэ апхуэдизкIэ фыжумартщ, фыгущIэгъулыщи, дыффIэгуэныхь хъууэрэ, ди гум фи гур дэщIыгъуу къыдывотыж, ди улахуэм фи улахуэм щыщ гуэрхэр хэзэрыхьауэ къыщыфIэщIэдгъэкIыжыфи къохъу… Фэр мыхъуамэ, дэ дышыдыгу шэрхъыншэти, дыаркъэншэ ефакIуэт, дыбохъшэ ахъшэншэти, дысондэджэрыншэ бэзэрт… Зы уэрэд дахэ цIыкIу гуэри щыIэщ мыдэ, фэ дигу фыкъызэрыридзэу къыхэддзэрэ жытIэу: «ФыщымыIамэ, фыщымыIамэ-э-э»… Узижагъуэн и махуэт фэ фыщымыIамэ, дэ къытщыщIынур: тхьэщIэнри, жьыщIэнри, лъэсэнри, пхъэнкIэнри, пщэфIэнри… А-а-у-уей, фыщыIэ, ди псэгъухэ! ФыщыIэ! ФыщымыIэн лъэпкъи къыхэвмыгъэкI! Фемыжьэж! ФыщIэмыпхъуэж! Унэ зэхэтхъуам ди закъуэу дыкъыщIэвмынэ! Дэ фэрыншэу дыпсэуфынукъым, дызекIуэфынукъым, дыбэуэфынукъым, кIэртIоф жьэрыкуей къудей тхуэщIынукъым. ГущIэгъу къытхуэфщIи, фыщыIэ ди деж! Абы къыпэкIуэу дэ фхуэтщIэну псом фыщIэмыупщIэ, ауэ нобэкIэ IыхьэхэмыIуу, иджырей адыгэбзэкIэ жыпIэмэ, - авансу, дынывохъуэхъу: насып натIэ фыхъу, ди псэгъухэ!
Ди къэшэнхэ! Гува-щIэхами дэ фэ фыкъэтшэнущ, ауэ усакIуэ гуэрым зэрыжиIащи, «апхуэдизу фIыщэу фыдолъагъури, даже фыкъэтшэну дыныфщосхь».
Дыщосхь фи дахагъэм. Дыщосхь фи къабзагъэм. Дыщосхь фи щIалагъэм. Фэ дунейр фогъэбжьыфIэ, фогъэдахэ, щхъуэкIэплъыкIэ фощI. НтIэ, дэ фызэбгрытхыу дытIысыжмэ, дауэ хъуну мы дунейр? Гуэныхькъэ хущхьэрэ щатэу, нэкIи гукIи фэ фыкъалъыхъуэу уэрам нэщIыжьхэм къыдэднэну къомыр. Хьэуэ, мы гъатхэ махуэшхуэм апхуэдэу дайгуауэ хъунукъым дэ гуащIэрыпсэухэм. Дахагъэр – ар езыр псоми ди зэхуэдэ хъугъуэфIыгъуэщ. КъызыбгъэдэкIыр къатепхыфми, а хъугъуэфIыгъуэр псоми къахуэнэнущ… Фытет дунейм, а фи дахагъэмкIэ псори къэвгъэнэхуу, фи теплъэ къудеймкIэ цIыхухэм я псэр вгъэгуфIэу, мы дунейм и бжэIум къыIуува гъатхэм фыдэщIэращIэу! Дэ фыкъыдогъэгугъэ бжьыхьэр къызэрысу дигухэмрэ ди лэгъунэхэмрэ я IункIыбзэIух къомыр къэгъази-нэзати щымыIэу фэтту, апхуэдизу фызыщIэхъуэпсрэ къыфщIэхъуэпсыжу езыхьэкI фи гуащэхэм факъедгъэцIыхуну… Дэ фытIэщIамыхмэ, а ди псалъэр зэрызэщIэнум шэч къытедмыхьэжуи вжыдоIэ: лIыфI натIэ фыхъу, ди къэшэнхэ!
ЦIыхубзэ! Къэхъунур фщIэрэт фэ фыщымыIамэ? Фэ фыщымыIамэ, дэ, цIыхухъухэр, дыщыIэнутэкъым. Фубынрэ фызытепсэлъыхьынрэ фимыIамэ, дыкъэфщIэнт итIанэ, цIыхубзхэ! Аращи, дыкъэфхъумэ, зыдвгъэхъумэ, дызэрывгъэхъумэ!

IУТIЫЖ Борис.
Поделиться: