Адыгэбзэ губзыгъэ

 Бзэм епха щIэныгъэхэм я нэхъ гъэщIэгъуэнхэм хыубжэфынущ «этимологие», «лингвистикэ» къудамэхэр. Пасэрей бзэжьхэмрэ иджырейхэмрэ зэралъытым, дэтхэнэ зыми щызекIуэ мыхьэнэхэр зэхагъэкIыурэ, бзэ щIэныгъэлIхэм  ахэр зыIурылъ лъэпкъхэм я блэкIари щIэрыщIэу къытхузэIуах. 

  Ди жагъуэ зэрыхъущи, мы лэжьыгъэм хуэмыхьэзыр куэдми зрапщыт.  Уеблэмэ  езыхэр зэрымыпсалъэ бзэм и зэхэлъыкIэр нэхъ мащIэж зыщIэхэм къыгурагъэIуэну хуожьэ, мэгъуащэ, зыщагъэгугъхэри ягъэбэлэрыгъ.   Псалъэм и къэхъукIэр зэхэзгъэкIынщ жызыIэ дэтхэнэ зыми зи Iуэху зрихуэ бзэм нэмыщI, абы и благъэ, пэгъунэгъу нэгъуэщI зыбжани имыщIэмэ, пэжым щыблэIэбыкIыр нэхъыбэщ.

  Iуэхум зэрыбгъэдыхьэн хуей  щIыкIэхэм я щапхъэу  ди щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ идолъхьэ Iустаз Гуэщокъуэ Абдул-Бакъий «тхьэмадэ», «тхьэмыщкIэ» псалъэхэр къызэрыхъуа щIыкIэм зэрытепсэлъыхьыр.  

А псалъэхэр зэрызэхэлъыр наӀуэу, гурыӀуэгъуэу щытщ. Тхьэ фӀэщхъуныгъэр зи лъабжьэ Тхьэ хабзэхэм (динхэм) языхэзым (ар Муса лъапӀэрами Ибрэхьим лъапӀэрами) и къэунэхугъуэм дунейм къытехьа псалъэщ тӀури. ЦӀыху къызэрыкӀуэхэм Тхьэр я фӀэщ щӀэмыхъур нэхъыбэу къызыхэкӀыр зэрыхамыщӀыкIрауэ, зэрамыщӀэрауэ зэрыщытым, ахэр ямыдэу зэрыныкъуакъуэм папщӀэ, абыхэм «тхьэмыщкIэкIэ» «Тхьэ мыщIэкIэ» еджэхэу щытащ диным бгъэдэтхэр. КIахэ жыIэкӀэкӀэ жыпӀэмэ: «Тхьэ/мыкӀэ е Тхьэ/мышӀэ», - жыпӀэну аращ. Ноби зэрыжаӀэр апхуэдэущ. ИужькӀэ Къэбэрдейм ди жыӀэкӀэм къызэредгъэзэгъам хуэдэу «тхьэмыщкIэ» хъуауэ аращ.

ЦӀыху къызэрыкӀуэу щымыту, хэӀэтыкIауэ зыкъэзылъытэжхэм я фӀэщмыхъуныгъэр къызыхэкIыр ямыщӀэн е щымыгъуэзэнратэкъым, ямыдэнрат. Сыту жыпӀэмэ, ахэр, ямыдэ къудейм къыщымынэу, къедауэрт, къеныкъуэкъурт, уеблэмэ къезауэхэрт Тхьэ хабзэм. Аращи, абыхэм «Тхьэ мыдэ» фӀащри, «Тхьэ мыдэкIэ» еджэу щытащ.

Ауэрэ Iуэхуми щытыкӀэми зихъуэжурэ, дауэри зэпэщӀэтри нэгъуэщI щытыкӀэ иувэм, псалъэхэри нэгъуэщӀ купщӀэм техьэурэ, нобэм дыкъэсащ.

«Тхьэ мыдэ» псалъэм «Тхьэр мыдэн» купщӀэр кӀэрыхури, «нэхъыжь, хэIэтыкIа» купщӀэр къэнащ, и жыӀэкӀэми зихъуэжащ.

«Тхьэ мыщIэ» псалъэми «Тхьэр мыщIэ» купщӀэр кӀэрыхури, «лажьэ зимыӀэ, къуаншагъэ зыбгъэдэмылъ, уеблэмэ уигу зыщIэгъупхъэ» жыхуиӀэ купщӀэм хуэкӀуащ. И жыӀэкӀэми зихъуэжащ. Нэхъ зыщихъуэжари къэбэрдей жыӀэкӀэращ. КIахэ жыӀэкӀэр иджыри нэхь ещхьщ псалъэм и къежьапӀэм.

 

 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: