Адыгэхэм я фIыщIэр зэи кIуэдынукъым

Ди лъэпкъыр щалъхуа щIыпIэм ирахуауэ щыщыта илъэсхэр сигу къыщыдридзеижкIэ, ноби си нэпсхэр къысфIокIуэ… Ар дауэ?.. Лъэпкъ псо залымыгъэкIэ щIыпIэм ипшыну, лажьэ ямыIэу. Зи цIыхухэм я процент 15-р фронтым Iутрэ бийм текIуэным къэмылэнджэжу пэщIэт балъкъэр лъэпкъым апхуэдэ лей кIэлъызепхьэныр захуагъэтэкъым. Дэ абы щыгъуэ, дауи, дыщыгъуазэтэкъым Сталинымрэ Бериерэ ди щIыналъэ дахэм, щIыуэпс къулейкIэ цIэрыIуэм гугъэ гъэтIылъахэр зэрыхуаIэм: абыхэм я мурадащ балъкъэрхэр, къэрэшейхэр, шэшэнхэр, нэгъуэщIхэри ирахуу а щIыпIэхэр Куржым иратыну.
НОБЭ хуэдэу си нэгум щIэтщ а пщэдджыжьыпэр. Гъатхэпэм и 8-м сыхьэти 4-хэм деж Iэуэлъауэшхуэм дыкъызэщIигъэушауэ щытащ унагъуэм щIэсыр. Сэ абы щыгъуэ илъэс I4 срикъуатэкъым. Дэ нэхърэ нэхъ бий къэралым игъащIэм имыIа хуэдэ, НКВД-м и офицеррэ сэлэту мин 20-м щIигъум къаувыхьат дыщыпсэу жылэхэр, балъкъэритI къэс зы сэлэт е офицер къытхуэзэу. Машинэшхуэхэм драгуашэрт, щысхьырабгъу лъэпкъ ямыIэу къытхуэпхъашэу, дызэрадзэу… Ауэ щыхъукIэ, а зэман дыдэм ди адэхэр, къуэш нэхъыжьхэр зауэ IэнатIэм Iутт, Хэкум и щхьэхуитыныгъэм папщIэ лъы ягъажэу, лIыгъэшхуэ зэрахьэу. Абыхэм ящыщу зыкъом ягъэлъэгъуат «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къратыну, арщхьэкIэ, ди лъэпкъыр «къэралым и епцIыжакIуэу» къыщалъытэм, абы и пэкIэ зратам иратауэ къанэри, адрейхэм я Iуэхур орденхэмрэ медалхэмкIэ зэфIагъэкIауэ щытащ.
Гугъут хамэ щIыналъэм ущыпсэуну. Япэ илъэсхэм лъэпощхьэпо куэд дрихьэлIащ: лэжьыгъэ дгъуэтыртэкъым, жэуаплыныгъэ гуэр, куэд-мащIэми, зыпылъ къалэнхэм жыжьэрэ гъунэгъуу дыбгъэдагъэхьэртэкъым. Сэ фIамыщI къыщыщIах шахтэм сыщылэжьащ. Си къалэнхэр ныкъусаныгъэншэу зэрызгъэзащIэм, жэуаплыныгъэ схэлъу сызэрылажьэм гу лъатащ. Зэман дэкIри, шахтэм и комсомол зэгухьэныгъэм и секретару сыхахауэ щытащ. Апхуэдэу къекIуэкIащ си лъэпкъэгъу куэдым я Iуэхур: нэхъ лэжьыгъэ хьэлъэ дыдэхэм пэрагъэувэри иужькIэ, езыхэм я пщIэмрэ щIыхьымрэ къихьауэ, унафэщI къалэнхэри дзыхь къызыхуащIахэр мащIэтэкъым. Ауэ ахэр къыщыхъуар нэхъ иужьыIуэкIэщ…
ПсэупIэкIи гугъу дехьащ: къытхуагъэфэщар бэракъхэмрэ колхоз хьэмхэм щыIэ ухуэныгъэхэмрэщ. КъызэрыджаIэмкIэ, къэралым и къалэнт ипэ мазэхэм псэупIэкIэ, шхынкIэ дыкъызэригъэпэщыну, арщхьэкIэ пщIэ зимыIэжу къалъыта лъэпкъым хэти елIэлIэнт? КарточкэхэмкIэ цIыху къэс къытхуэзэу мазэм къыдатырт гуэдзу грамм 300, фошыгъу килограмм зырыз, IэфIыкIэ сыт жыхуэпIэхэр тлъагъуххэртэкъым.
Къэзахъстанымрэ Къыргъызымрэ вагонхэм ярызу нашэрт дызыщIэсын щытщIкIэ къэдгъэсэбэпыпхъэ псэуалъапхъэхэр: пхъэхэр, абджхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм ящыщу уеблэмэ зы гъущI Iунэ дэ къытIэрыхьэртэкъым, ауэ ихъуреягъкIэ, уэлбанэ нэужьым Iэгъэбэгухэр щIы щхьэфэм къызэрытехутэм хуэдэу, къыщыунэхурт щIыпIэ унафэщIхэм я унэ дэгъуэхэр, колхозхэм, совхозхэм, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм я зыгъэпсэхупIэ екIухэр.
Шэч зыхэмылъыр зыщ: къэрал унафэщIхэм фIэкIа нэгъуэщI дэIэпыкъуэгъурэ гугъапIэрэ дэ, балъкъэрхэм, а хамэ щIыпIэм дыщимыIауэ щытамэ, лъэпкъкIуэдыр къытхуэкIуат. Ауэ хуабжьу зыкъытщIагъэкъуащ цIыху къызэрыгуэкIхэм, дыщыпсэу хьэблэхэм, жылэхэм дэс: къэзахъхэм, къыргъызхэм. Ди насыпти, дэ дахэхуащ зетхьэ динкIэ, тIурылъ бзэкIэ, ди хабзэхэмкIэ дызыпэгъунэгъу лъэпкъхэм. Абыхэм щIэх дыдэ къагурыIуащ дэ цIыхушх гуэру хьэмэрэ лъэпкъ хьэрэму дызэрыщымытыр, атIэ дыIэпщIэлъапщIэу, лэжьыгъэм, гугъуехьым дакъыпимыкIуэту, зи псалъэм тебгъуэтэж цIыхуу гъащIэм дызэрыхэтыр.
 Япэ илъэсищым къриубыдэу хамэщIым я псэр щыщанащ абы нэсахэм я зэхуэдитIым, дыздашэм дынэсын папщIэ зэпытча гъуэгуанэ кIыхьым щытфIэкIуэда цIыху мини 5-р хэмыту. ДагъэIэпхъуэным пыщIа гугъуехьхэр псом хуэмыдэу къате¬хьэ¬лъащ жьыкIэфэкIэхэмрэ сабийхэмрэ.
 ИтIани, сыт хуэдиз гугъуехьрэ хьэзабрэ гъащIэм къытхуимыгъэтIылъами, балъкъэрхэм зытхъумэжыфащ. ХамэщIым щыдгъэкIуэдакъым ди хабзэр, ди анэдэлъхубзэр, псом нэхърэ нэхъыщхьэжращи, ди напэр. Абы дызэрыщыIа илъэс I3-м къриубыдэу ди бжыгъэр мин 40-м нэдгъэсыжыфащ.
Ди щIыналъэ дахэм зыщыдужьыжынымкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ къытхуэхъуащ адыгэхэр. Нобэ псори зым дыхуолажьэ: ди лъэпкъхэм я пщIэрэ щIыхьрэ мыкIуэду, ди нэхъыжьыфIхэм щIэин лъапIэу къытхуагъэна хабзэхэр, бзэхэр зыхъумэн, езыгъэфIэкIуэн щIэблэ узыншэ къытщIэхъуэным. Тхьэм къыдигъэхъулIэ!

КУЧИНАЕВ Ануар, тхакIуэ, усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
Поделиться:

Читать также: