Лъэпкъыр зэрыгушхуэ
Адыгэшыр уанэш лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщщ. Абы и цIэм ущрохьэлIэ шы зехуэным теухуауэ дуней псом щызекIуэ псалъалъэхэм. Шым зэрихьэ цIэм IупщI ещI ар къызэзыгъэпэща лъэпкъым лъыкIэ зэрепхар, адыгэ гъащIэм илъэс мин бжыгъэкIэ пыщIауэ къызэрекIуэкIар.
Адыгэшыр адыгэ лъэпкъым и набдзэщ. Лъэпкъым лIэщIыгъуэ Iэджэ тригъэкIуэдащ ар къызэфIигъэувэным. Шы гъэхъунри абы епха псори адыгэм дунейпсо щэнхабзэм хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэщ. Къэбэрдейр Урысейм и Iыхьэ зэрыхъурэ адыгэшри къэралыр къызэрацIыху нэщэнэхэм яз хъуащ. Аращ шыр зэрагъасэри, зэрагъашхэри, шум зэрызихуапэри, шугъэджэгури, шыгъажэри, шу зекIуэхэри, къинэмыщIхэри щIэныгъэ и лъэныкъуэкIи арыххэу зэрыгъэщIэгъуэн къудейм къыхэкIыуи щэнхабзэ щхьэхуэ щIэхъуар.
Адыгэшыр зэрацIыхур зауэм къыщысэбэп зекIуэшущ. Адыгэхэр зауэ губгъуэм къыщыщхьэпэн, къызэрымыкIуэ хахуагъ зыхэлъ, къуакIэбгыкIэхэм щызекIуэныр къызэмыхьэлъэкI шы бэшэч хуэныкъуэти, а псори я лъэпкъышым хапщэфащ.
ЛIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ, 1917 гъэм къэхъуа революцэр къэсыху, адыгэшым урыс армэм, урыс пащтыхьхэм я шуудзэм щIэупщIэшхуэ щаIэу къекIуэкIащ. 1830 гъэм Николай IV и унафэкIэ Кавказ-Бгырыс эскадрон ныкъуэ жыхуаIэ шуудзэр къызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы хэта зауэлIхэр Кавказ пщы-уэркъхэм ящыщт, нэхъыбэр урыс императорым деж къулыкъу щызыхь къэбэрдей щIалэхэт. Пащтыхьым и Iэгъуэблагъэм гъэлъэгъуэныгъэ гуэрхэр щекIуэкIыху, абыхэм шууей IэщIагъэхэр, шыгъэджэгу Iэмал къызэрымыкIуэхэр къагъэлъагъуэрт. Мис апхуэдэ зы хъыбар, ЩIымахуэ Сэрейм деж франджы зыплъыхьакIуэ Хюстин А. и нэгу щыщIэкIауэ. Ар итщ «Николай и Урысейр» тхылъым:
«Сыхьэтыр пщыкIузым деж зиусхьэнымрэ пащтыхь гуащэмрэ шордакъым къытеувати, абдеж дыдэм Шэрджэс гвардием щыщ щIалэхэм я азиеш ахъырзэманхэмкIэ шы гъэджэгукIэ щIагъуэ дыщыIуагъэплъащ».
Урыс-Кавказ зауэм хэта къэзакъхэм я дежкIэ адыгэш зэбгъэпэщыныр ехъулIэныгъэшхуэт. Адыгэшым и уасэр ящIэрти, абыхэм къэбэрдейхэм я шу хабзэхэри зыхалъхьащ, шы тесыныр тынш зыщI адыгэ цейм и гугъу умыщIыххэ. Урыс уэркъ лъапсэ къэс езым и адыгэш иIэжыныр пщIэ зыпылъ Iуэхуу къалъытэрт. Урыс усакIуэ Лермонтов Михаил сурэт куэд къыщIэнащ шууей къигъэлъагъуэу. УсакIуэм шэч хэмылъу хэдэкIэ ищIэрт, адыгэшхэми фIыуэ хищIыкIырт. Абы и тхылъ цIэрыIуэ «Ди зэманым и лIыхъужьым» хигъэува Печорин и шым фIищар Черкест, езы Печоринми адыгэ шум хэлъ хабзэхэр хэлът.
Вальцов Дмитрий 1913 гъэм итха «Першинская охота» тхылъым къыщыхегъэщ джыназышхуэ Николай и лъапсэм хьэ 365-рэ, арден шы лъэпкърэ адыгэшу 70 щызэрахуэу зэрыщытар.
Япэ дунейпсо зауэм хэта урыс армэм адыгэш куэд иIащ. 1950 гъэм Мишин Г. М., Калинин Р. Е. сымэ мыпхуэдэу ятх: «АдыгэшкIэ узэда шуудзэр тыншу бгылъэ щIыпIэхэм, псыпцIэхэм пхыкIырт, ауэ щыхъукIэ КъухьэпIэ Европэм щыщ шэщым щIэту яхъума шыхэр хэкIуадэрт е земыкIуэжыф хъухэрти, гъуэгу здэщымыIэ щIыпIэхэм къыщысэбэпхэртэкъым».
1950 гъэхэм пщIондэ Совет Союзым адыгэшыр куэд дыдэу щагъэхъуу щытащ. 1946 гъэм Мэзкуу ипподромым Урысейм щагъэхъуа шыхэр километр 250-кIэ къыщызэдагъажэм щыгъуэ, япэ увыпIэр адыгэш Али-Къадым къихьауэ щытащ. Мишинымрэ Калининымрэ ятхыжырт: «Адрей шы лъэпкъхэм щыщхэр гъуэгуанэм здытетым щIакъуэ хъухэурэ зым и ужьым адрейр иту хэкIыху, Али-Къадым шы зыбжанэ и гъусэу и кIэм нэсри япэ увыпIэр къихьащ».
Хрущёв Никитэ и лъэхъэнэм зэрыкъэралу шы гъэхъуныр щыкъуалъхьэжа зэманым, адыгэшми лей къытехьэри, и бжыгъэми фIыуэ хэщIат. Iуэхум хэзыщIыкI, зи псэр етауэ лэжьыгъэм бгъэдэт закъуэтIакъуэхэм я фIыгъэщ адыгэшыр щахъумэфа щIыпIэ зыбжанэ къызэрынар: Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь, Краснодар крайхэм. 1949 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ шыхъуэхэу Бырс Анзор, Къалмыкъ Хьэжмурат, Щоджэн ТIэлашэ сымэ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэр къыфIащауэ щытащ.
1990 гъэхэм ди къэралым зэуэ унэтIыныгъитI къыщежьат: зы лъэныкъуэкIэ шы бжыгъэр жылагъуэм щыхэщIат; адрей лъэныкъуэкIэ нэрыбгэ щхьэхуэхэм езыхэм я гукъыдэжкIэ шы Iуэхум зрагъэужьыжын щIадзэри, адыгэшыр щызэрахуэ заводыщIэхэр, къэрал хабзэкIэ лажьэ IуэхущIапIэ щхьэхуэхэр къэунэхуащ.
Адыгэшыр Урысейм щызэрахуэ шы лъэпкъыфI зыбжанэм къежьапIэ яхуэхъуащ. Ар къыхагъэщауэ щытащ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Мишинрэ Калининрэ: «Урыс шыхъуэхэм хэкум щызекIуэ шы лъэпкъыфIхэм уасэшхуэ хуагъэувырт. Псалъэм папщIэ, «ростопчинскэ», «стрелецкэ» шы лъэпкъхэр щызэфIагъэувэм щыгъуэ, адыгэшыр къагъэщхьэпащ, абы и къарур, и бэшэчагъыр, и быдагъыр, куэд зэрытемыкIуадэр, зэрыпсэукIафIэр ящIэрти. Нэхъ убгъуауэ адыгэшыр хэтащ «донской» шы лъэпкъыр щызэфIагъэувэми». Дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ адыгэшым и уасэ мыкIуэдыжыр «инджылыз-адыгэ» шы лъэпкъым хэпща зэрыхъуари.
Дызэрыт зэманым Аникеев Сергей зи унафэщI, Адыгэшым и Урысей Ассоциацэ мэлажьэ. Абы езым къызэригъэпэщыжауэ Ставрополь крайм адыгэш щигъэхъу завод щиIэщ. Ассоциацэм нэрыбги 100 хэтщ, Урысейм къудамэ зыбжанэ щиIэщ, хамэ къэралхэм - къудамибл, Франджыри Германиери яхэту.
Адыгэшыр гъуэгуанэ кIыхьым тещIыхьа шыгъажэхэм хагъэтщ. Ар хэту зекIуэ убгъуахэр екIуэкIащ Iуащхьэмахуэ лъапэ щегъэжьауэ Тыркум, Иорданием, Сирием нэсу. 2014 гъэм адыгэшыр хэтащ Пиреней бгыхэм щегъэжьауэ Ла-Манш нэс, километр 1300-рэ хъу зекIуэм.
Нобэ и гугъу тщIыпхъэщ адыгэшыр я фIэщу зэрызэфIагъэувэжым. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр ар къызыфIэIуэху цIыху зэрыщыIэрщ. Паспорт зиIэ шыхэм я бжыгъэр мини 4.500-м нэсащ.
УФ-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Рыжков Олег франджы лIыкIуэхэр 2017 гъэм и накъыгъэ мазэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къригъэблэгъауэ щытащ: Париж къикIыу шыкIэ Мэзкуу къэкIуа шууей телъыджэ, тхакIуэ, журналист Гуро Жан-Луи; шым теухуа тхылъхэр къыдэзыгъэкI унагъуэм щыщ Анри Гийом; «Джеймс Филлис. Европей шууей» тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Кортес Габриэль сымэ. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык къакIуэри, ипподромым щыIащ, шыгъажэми хэтащ. Псом хуэмыдэу хьэщIэхэм ягъэщIэгъуащ гъэмахуэм шы гуартэхэр щагъэхъу Бахъсэнрэ ДзэлыкъуэкIэ щыIэ губгъуэхэр. Малкэ заводым зэIущIэ гукъинэж куэд щекIуэкIат. Пасэрей шэщ хьэлэмэтхэр щахъумэфащ а щIыпIэм: 1870 гъэм яухуа Шэщ Хужьымрэ Шэщ Плъыжьымрэ, шыхэм щеIэзэ щIыпIэр. Ахэр шы зехуэным и тхыдэм и хъугъуэфIыгъуэу къэплъытэ хъунущ. А шы заводым и ныбжьыр лIэщIыгъуэрэ ныкъуэрэ ирокъу. Шы лъэпкъыфIым и бжыгъэм и закъуэкъым ар зэрыкъулейр, атIэ зи лэжьыгъэм псэкIэ ета цIыхухэу а беягъэр къызэзыгъэпэщхэрщ. Апхуэдэщ Малкэ заводыр илъэс куэд хъуауэ зи IэмыщIэ илъ Уэрыш Залым. Ар шы гъэхъуным фIыуэ хэзыщIыкI щIэныгъэлIщ. Абы и адэшхуэ КIуэкIуэ Хьэрэбий илъэс 60-кIэ а завод дыдэм гъэсакIуэу щылэжьащ, и анэ дэлъху КIуэкIуэ Анатолий а IуэхущIапIэм и унафэщIу илъэс зыбжанэкIэ щытащ. Апхуэдэу шым елIэлIэн Iуэхур ныбжькIэрэ зэIэпахыу къокIуэкI.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, адыгэшым и Iуэхур республикэм къыщызэфIэувэжыпауэ пхужыIэнукъым, сыту жыпIэмэ, гупыж зиIэ зыбжанэм я къарукIэ Iуэхур зэфIэкIынукъым, къэралым зыкъыщIимы-гъакъуэу. Ауэ цей зыщыгъ адыгэ шууейм и сурэтыр цIыхухэм я нэгум къыщIэувэжакIэщ, гу лъыптэу езы шыми и пщIэр егъуэтыж.
Компьютерхэмрэ кхъухьлъатэхэмрэ я зэманым шым пщIэ зэрыхуащIыр ар зыхузэфIэкI цIыхубэр зэрыузыншэм и нэщэнэщ.
«Охраняется
государством» журнал.
2018 гъэ