ЕджэрыкъуейА цIэр зэрехьэ адыгэ лIакъуэхэм ящыщ зым. БзэщIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, еджэрыкъуейхэм къагъэсэбэпыр кIэмыргуей диалектым и псэлъэкIэ щхьэхуэрщ. Тхыдэтххэм зэрыжаIэмкIи, лIакъуэм зэреджэр абы зэгуэр и пашэу щыта Еджэрыкъуэ и цIэм къытехъукIащ. Еджэрыкъуейхэр, 1849 гъэр къихьэху, Лабэ псым и сэмэгурабгъумкIэ Iусащ, Урыс-Кавказ зауэм и къызэщIэплъэгъуэм Щхьэгуащэ и адрыщIымкIэ Iэпхъуащ. Мейкъуапэ ипщэкIэ щыIэ къуэладжэхэм ящыщ зыр абазэхэхэм ижькIэрэ я зэхуэсыпIэт, я хасэхэр щрагъэкIуэкI щIыпIэт. Мыбдежым щызэпыхьэрт абазэхэхэм, еджэрыкъуейхэм, мамхэгъхэм я щIы кIапэхэр. ЗэратхыжымкIи, мы зэманым дызыщыгъуазэ Еджэрыкъуей къуажэр Щхьэгуащэ (Белая) псым и тIуащIэм урысхэм иужькIэ къыщызэрагъэпэща Тульскэ жылэм деж илъэси 150-рэ ипэкIэ щысащ.
Поделиться:
Читать также:
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
29.03.2024 - 12:24 →
Бийм зы гупу пэщIигъэуват
20.03.2024 - 11:17 →
Къанжал зауэм и щхьэусыгъуэр
24.02.2024 - 12:05 →
КъикIуэт зымыщIэт Къардэн Сыхьэт-Джэрий
16.02.2024 - 12:58 →
Атаман щхьэщытхъум зэрыIущIар
|