Нып гъэфIэж пшыхь

2010 гъэм, Адыгэ ныпыр зэрыщыIэрэ илъэси 180-рэ щри­къум ирихьэлIэу,  дауэдапщэ иращIэкIауэ щытащ. Абы щегъэ­жьауэ, илъэс къэс, мэлыжьыхьым и 25-м ныпым и махуэр лъэпкъым егъэлъапIэ.

Мы гъэми Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм, ди лъэп­къэгъухэр щыпсэу щIыпIэхэм Адыгэ ныпым гуфIэ­гъуэ щращIэ­кIащ.
Налшык дэт Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм щекIуэкIащ­ «Нарт хэку» хасэм къызэригъэпэща Iуэхугъуэр. Абы щагъэлъэ­гъуащ IэпэIэсэхэм я IэрыкI зэмылIэужьыгъуэхэр: пхъэцIычхэр, лъэпкъ тхыпхъэхэр зытет бгъэхэIухэр, матэхэр, пщэрылъхэмрэ Iэпщэ­хъухэмрэ, тхьэгъухэр, къэлътмакъ цIыкIухэр, чысэхэр, жьыхухэр, къамэхэр. Сабийхэм къыхузэрагъэпэщащ адыгэ джэгукIэхэр.
Нып гъэфIэж пшыхьым адыгэ макъамэр, уэрэдыр, къафэр щызэщIэтащ. Лъэпкъым, бзэм, ныпым, хабзэ-нэмысым ятеухуа уэ­рэдхэр жаIащ Бэчхэ Азэмэтрэ Ренатэрэ, ТхьэкIумащIэ Аслъэн, Мэремыкъуэ Резуан, Хьэтыхъу Вадим, ХьэхъупащIэ Астемыр, ­Къуэдз Залым, ГъукIэ Ислъам, Теунэ Джэмал, Щокъуий Мурат, Кумыщ Атмир, Теркъул Астемыр, «Черкес», «Уэредадэ» гупхэм. Ныпым иращIэкIа пшыхьыр адыгэ джэгукIэ зэхуащIыжащ.
 

Гугъуэт Заремэ. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться: