КъуэкIыпIэ Жыжьэм къыщыхожаныкI![]() Владивосток къалэм дэт КъуэкIыпIэ Жыжьэ федеральнэ университетым мэлыжьыхьым и 25 - 27-хэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и зэхьэзэхуэ. МахуищкIэ зэхэта зэIущIэхэм я хьэлъагъ елъытауэ зэщхьэщыхауэ щыта гупипщIым саугъэт нэхъыщхьэхэм щыщIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 47-м къикIа зи ныбжьыр илъэс 24-м нэс спортсмен щIалэщIэ 350-м нэблагъэ. БэнэкIэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спорт школым и гъэсэнхэм абы щызыIэрагъэхьащ медаль зэмылIэужьыгъуэу 7. Урысей Федерацэм и зэхьэзэхуэм и дыжьын медалхэр къахьащ Къарэгъул Анзор (кг 60-м нэблагъэ), Желдашев Валерэ (кг 72-м нэблагъэ), Гъуэныбэ Ауес (кг 82-м нэблагъэ), КIэмпIарэ Марат (кг 130-м нэблагъэ). Ещанэ увыпIэхэр зыIэрагъэхьащ Псэун Станислав (кг 82-м нэблагъэ), Абазэ Темболэт (кг 87-м нэблагъэ), Щад Уэсмэн (кг 130-м нэблагъэ) сымэ.
Поделиться:
Читать также:
01.07.2022 - 20:01 →
Иппосферэ шы гъэлъэгъуэныгъэр екIуэкIащ
01.07.2022 - 14:56 →
Монголием дыщэ медаль кърех
28.06.2022 - 20:40 →
Бицу Къантемыр и текIуэныгъэ
28.06.2022 - 16:33 →
НыбжьыщIэхэм я зэпеуэ
24.06.2022 - 20:01 →
Мы гъэм и еплIанэ медаль
|