ЩIыналъэхэр зэхуэдэн хуейщСи ныбжьэгъум къызжиIащ: «ФатIимэ (и пхъурщ зи гугъу ищIыр) сом мин 25-рэ мазэ къэс къысхурегъэхьри, абы зыкъыдигъэужьыжащ». Сехъуэпсащ икIи сигъэгупсысащ. Абы и пхъур илъэситI хъуауэ Москва щолажьэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, къулыкъу гуэри иIыгъкъым, ауэ и адэ-анэм къадоIэпыкъуф. АтIэ, щыхьэрым мыкIуэу Налшык апхуэдэ зэфIэкI щхьэ щимыIэрэ? Псори зытещIыхьар Москва хэIэтыкIыща зэрыхъуарщ. Хэбгъэзыхьмэ, СССР-м хэта республикэ 15-р зэрызэхэкIам хуэбгъадэ хъуну ари, пыгъэщхьэхукIа хъуащ. Аращ къэралым и ахъшэм и нэхъыбэр здэщыIэр. ИкIи абы псори есэжащ. Москва дэсхэм е къалащхьэм кIуауэ щылажьэхэм фIэкIыпIэ имыIэу я улахуэр нэхъыбэн хуейщ. Ар IэнатIэ псоми тещIыхьащ. Хэбгъэзыхьмэ, Къэбэрдей Балъкъэрым е Осетие Ищхъэрэм егъэджакIуэр улахуэкIэ ауэ жыжьэуи щылъэщIыхьэркьым Москва щыщ и лэжьэгъум. Абы щыгъуэми, яIыгъ класс бжыгъэр зэхуэдэщ, зыпэрытри зы IэнатIэщ. АтIэ, апхуэдэу щытын хуей? Властхэм мыбдеж тегъэщIапIэ щащI щIыналъэхэр я зыужьыныгъэкIэ зэрызэщхьэщыкIыр. Аращи я хэхъуэхэри зэхуэдэкъым. АрщхьэкIэ, зэт! АтIэ, щхьэ дызэхуэдэ дгъэзащIэ къалэнхэмкIэ. Псоми налогыу процент 13% дот - сом мини 7,5-рэ фIэкIа зи улахуэ мыхъухэми мелардырыбжэхэми. Апхуэдэ дыдэу къэралыр хъумэным и лъэныкъуэкIи ди пщэ къыдэхуэ къалэнхэр зэхуэдэ дыдэщ. Иджыри щапхъэ куэдыкIей къыпхуэхьынущ. .
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
23.04.2024 - 11:50 →
Я нэхъ шынагъуэм полъэщ
23.04.2024 - 10:48 →
Iуащхьэмахуэ куэдым я плъапIэщ
|