Зэкъуэшищ

НэщIэпыджэхэ я зэкъуэшищ хэтащ Хэку зауэшхуэм. НэхъыжьитIыр - Мусарэ Къасымрэ – зэрыхэкIуэдам и хъыбар къаIэрыхьауэ щытащ, ауэ ахэр щыщIалъхьа щIыпIэм зыри щыгъуазэтэкъым. Абыхэм я шы нэхъыщIэ Жэмалдин хъыбарыншэу кIуэдат, 1943 гъэ лъандэрэ. 
Дэ, абыхэм я къуэрылъхухэм я бынхэм, ди адэ Альбертрэ ди Iыхьлы ХьэщIэмыз Юрийрэ ди дэIэпыкъуэгъуу, ди нэхъыжьхэм яубла Iуэхур дгъэкIуатэу, адэшхуэхэм я хъыбар дылъыхъуэу щIэддзащ. Ауэ зауэм хэтахэм я унэцIэхэм щыуагъэ хэту зэратхам къыхэкIыу, куэдрэ къыдэхъулIакъым ди мурадыр. 
Дэ тхузэфIэкIащ НэщIэпыджэ зэкъуэшищым я зауэ лъагъуэхэр къэтхутэжыну, щыщIалъхьа щIыпIэхэр къэдгъуэтыжыну. Ахэр ди тегъэщIапIэу зэшхэм я унагъуэхэм, зауэ лъэхъэнэ гугъум халъхуа ди адэшхуэхэм я гугъу фхуэтщIынут мы тхыгъэмкIэ. 
Къэхъун къуажэм дэса НэщIэпыджэ Бэчыррэ Лиуэзарэ (Мызхэ япхъущ) щIалищ зэдагъуэтащ: Муса, Къасым, Жэмалдин. Муса зыпхъурэ къуитIрэ иIэт, Къасым щIалэрэ хъыджэбзрэ иIэт. ЗэкъуэшитIым я щхьэгъусэхэр Тхъуэстхэ япхъу зэшыпхъуитIт.
Зэшхэм я нэхъыщIэ Жэмалдин гъащIэр зи щIэщыгъуэ, унагъуэр куэдкIэ зыщыгугъ, къуэш нэхъыжьхэм я псэр зыхэлъ щIалэ къудант…
 …Зауэр къэхъеящ. Хэкур хъумэн хуей щыхъум, зэкъуэшхэм я нэхъыжьитIыр 1942 гъэм мазаем и 21-м Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Аруан РВК-м ираджащ. ЩIалэ нэхъыщIэ Жэмалдин 1942 гъэм гъатхэпэм и 11-м ираджащ и ныбжьыр иджыри илъэс 18 иримыкъуауэ. 
 1942 гъэм и бжьыхьэм зэкъуэшхэр фронтым щыIэт, я адэжь лъапсэр фашистхэм яубыду нэмыцэ штаб щащIам. Унагъуэм хадэм щыщIатIа шхын гъэтIылъыгъэхэр куэд дэмыкIыу къагъуэтри, къыщIатIыкIыжащ, хадэм Iэщэ хьэлъэ ирагъэуващ, и пэр НалшыккIэ гъэзауэ. Унагъуэр зэфэн псыи, яшхыни ямыIыгъыу щIыунэм щыпсэун хуей хъуащ. 

Муса 

Муса иужьрейуэ къулыкъу щищIар 28-нэ армэм и 169-нэ фочауэ дивизионным и 680-нэ фочауэ полкырщ. ЗэрыжаIэжамкIэ, 1942 гъэм и мэлыжьыхьым Харьков областым щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэм хэкIуэдащ ар. Бийм щебгъэрыкIуэм шэкъэуэжыр къауэри, иукIащ. ХъыбарегъащIэ тхылъым итщ зауапIэм Iуту зэрыхэкIуэдар, сэлэт къалэным зэрыхуэпэжар. Абы и хьэдэр щыщIалъхьащ Украинэ ССР-м хыхьэ Харьков областым щыIэ Старо-Салтовский районым и Викнино хуторым дэт Къуэшыкхъэм (сайт Память Народа). 
Муса и щхьэгъусэм къыхуэна бынхэр зыхуей хуигъэзащ. Абы пщIэшхуэ хуащIырт, ерыскъыкIэ жумартт, езыр гумащIэт. ГъафIэн (и адэм Бажэнэт къыфIищар) и цIэм зэрыжиIэм хуэдэу, ягъафIэу псэуну къыхуихуатэкъым, абы зауэ, зауэ нэужь лъэхъэнэ гугъур и фэм дэкIащ. Уеблэмэ адэншэу къэна адрей сабийхэми гулъытэ яхуищIырт, щIакхъуэ IыхьэкIэ нэхъ мыхъуми, езым ар зэпибжу фIэкIа имыIэ пэтми. 

Къасым

Къасым иужьрейуэ 39-нэ гвардейскэ фочауэ дивизэм сэлэту хэтащ. Ар 1944 гъэм гъатхэпэм и 22-м хэкIуэдащ икIи Украинэм хыхьэ Одесскэ областым и Каспаровкэ къуажэм дэт кхъэм щыщIалъхьащ. 
Къасым и щхьэгъусэ щыпкъэ Данизэт и лIыр зауапIэм яшэн и пэ Георгиевск зауэ хуэIухуэщIэхэм щыхуагъэхьэзыру щыIэу къыщищIам, иIэ мащIэр зэщIикъуэщ, мафIэгу гъуэгум теувэри, Георгиевск лъэсу кIуауэ щытауэ жаIэж. 
«ЦIыхухъу щIыхьым нэхъ лъагэ зыри щыIэкъым, ауэ сэ си щхьэр пхузогъэщхъ», - жиIауэ щытащ Къасым и щхьэгъусэ цIыхубз IэмащIэлъэмащIэм и лъэгум лъыр къыпыжу щIихауэ и пащхьэ щиувам. Бынищ ипIащ Данизэт, илъэси 100-м нэблагъэкIэ псэуащ. Абы и щхьэгъусэм и хъыбар ямыщIэу куэдрэ псэуащ, къалъыхъуэурэ и хьэдащхьэр зыщIэлъ кхъэр къагъуэта нэужь, бзылъхугъэм хъыбар «гуапэ» хуахьат, ауэ и нэгур зэхэуэри, и нэм нэпс къекIуат. А дакъикъэм Данизэт и нэм щIэплъагъуэрт бзылъхугъэм и къару мыкIуэщIыр. Мис иджыри махэу зигъэлъэгъуэну хуейтэкъым абы! КъыжраIа хъыбарым къыхигъэщIэну хуейтэкъым, фIэкIыпIэ зэримыIэр къыгурыIуэ пэтми. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар иджыри къыздэсым гугъат, щыгугъат и лIым къигъэзэжыну! Мис аращ ди лъэпкъым ТекIуэныгъэр къыхуэзыхьар. ЦIыхухэр къикIуэтынутэкъым, иджыри ебгъэрыкIуэнут я къарур щIиха пэтми! 

Жэмалдин

 Зэкъуэшхэм я нэхъыщIэ Жэмалдин хъыбарыншэу кIуэдахэм ящыщщ. Абы и письмохэмкIэ дыщыгъуазэщ, зауэм ираджа нэужь Грознэм зэрыщагъэсам, парашюткIэ къелъэнымкIэ ехъулIэныгъэхэр зэриIэм, сержант нэхъыщIэ цIэр къызэрыфIащам. ИужькIэ, 1942 гъэм уIэгъэ хъури, Орджоникидзе щIэлъащ. Иужьрейуэ къитха письмом итт, узыншэ зэрыхъужар, зауапIэм зэригъэзэжыр, и къуэш Муса пхъу къыхуалъхумэ, Рая фIрагъэщыну зэрылъаIуэр, цIэфIэщджанэу сабийм хуадыну и портянкэр къызэрыригъэхьыр. Абы иужькIэ хъыбарыншэу кIуэдащ. 
Жэмалдин и хъыбархэр къэдгъуэтыну иужь дыщихьэм, лъагъуэм дытехьащ. Ар парашюткIэ къелъэным зэрыхуагъэсам тепщIыхьмэ, тIасхъэщIэххэм я ротэм хэхуагъэнущ. Дэ тщIэр госпиталым зэрызыщигъэхъужа къудейрщ. Хъыбарыншэу кIуэдахэм я дэфтэрхэм къыщыдгъуэтащ сержант нэхъыщIэ Нашапилов Георгий Пакирович цIэр. Мыбдеж щыуагъэ зыхэтыр и унэцIэм и закъуэкъым, атIэ и цIэри, и адэцIэри пэжу тхакъым. Ауэ адрей псори зэрызэтехуэм тепщIыхьмэ, мыр цIэ-унэцIэр зэрытха хъэтIым и ныкъусану къэплъытэ хъунущ. Абдеж дыдэм итщ: «иужьрейуэ къулыкъу щищIа щIыпIэр – Кавказ Ищхъэрэ фронт 1322 к., 1943 гъэм и накъыгъэм фэбжь телъу 417-нэ Пересылочнэ Полевой Госпиталым щIэхуащ, абы 1943 гъэм накъыгъэм и 23-м къыщIатхыкIыжри, Краснодар дэт ещанэ къалэ сымаджэщым щIэхуащ. Абы щIэлъу 1943 гъэм накъыгъэм и 31-м дунейм ехыжащ. Краснодар дэт Къуэшыкхъэм щыщIалъхьащ». 
Абы щыгъуэм абы и ныбжьыр илъэс 19 ирикъуа къудейт. Абы щхьэгъуси быни иIакъым. Жэмалдин и лъэIур ягъэзэщIащ и Iыхьлыхэм, и къуэш Муса и пхъум Рае цIэри фIащри, Жэмалдин и портянкэм къыхэщIыкIа бостеи хуадат. 
Иджыпсту абы и цIэр зэрехьэ и къуэш Къасым и къуэм и къуэрылъху Жэмалдин. 
 

 

Къуэрылъхухэр.
Поделиться: