ПщIэншэу Iуэхутхьэбзэ хуащIэ

Урысей ФСИН-м и Управленэу ди республикэм щыIэм епха уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм и лэжьакIуэхэм юридическэ дэIэпыкъуныгъэ пщIэншэу ират я деж учётым щыщытхэм.

Инспекцэм и юридическэ къудамэм и юрисконсульт Мэшыкъуэ Къантемыр къызэригъэпэщауэ хабзэм ехьэлIа Iуэхутхьэбзэхэр пщIэншэу хуащIэ къытралъхьа тезырыр тутнакъэщым имысу ирахьэкIыну суд унафэкIэ хуит ящIахэм, Управленэм тезырхэр зытралъхьахэм егъэпшыныжынымкIэ и къудамэу Шэджэм щIыналъэм щыIэм епхахэм.

Абы зыкъыхуэзыгъэзахэм я зи чэзу зэIущIэм щызэпкърахахэм ящыщщ къуаншагъэ ялэжьауэ къалъытахэм, ауэ ямыгъэтIысахэм тезырыр и пIалъэр къэмысу зэрыщхьэщахыжым теухуа хабзэхэр, абы теухуа лъэIу тхылъхэр зэрызэрагъэпэщ щIыкIэхэр. Апхуэдэу тезыр зытралъхьахэр щIэупщIащ автомобиль зэрагъэкIуэну хуимыту къытралъхьар трахыж щыхъунур дапщэщми. Абыхэм гурагъэIуащ хуагъэува пIалъэр къызыдабж махуэр дэтхэнэрами, апхуэдэуи яхутепсэлъыхьащ автомобиль зэрагъэкIуэну хуит зыщI тхылъхэр щIэрыщIэу къыдэхыжыным пыщIа хабзэхэм.

ЩытыкIэ гугъу къихута цIыхум зыщIэгъэкъуэнырщ, абы и хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынырщ я мурадыр мыпхуэдэ зэIущIэхэр къызэзыгъэпэщхэм икIи ахэр къайхъулIэу жыпIэ хъунущ.

ЗЭБАР Мадинэ, КъБР-м щыIэ УФСИН-м и пресс-IэнатIэм и унафэщI.
Поделиться: