Ныбжьэгъур пфIэкIуэдыныр псом нэхърэ нэхъ хьэлъэщ

Хэку зауэшхуэм хэта цIыху сы­хуэзэхукIэ пIейтей сохъу: ярэби, къысхуэгъэпсэлъэну, си ­уп­­щIэ- ­хэм­кIэ гугъу езмы­гъэ­хьыну пIэрэ жысIэу. Ауэ дакъикъэ бжы­гъэ докI­ри, здэ­кIуар сымы­щIэу мэб­зэ­хыж си гур зэрыгъуар. ГъащIэ къэзыгъэ­щIа цIыхум удэ­уэр­шэ­ры­ну сы­тым дежи гухэхъуэщ. ЩIэн­гъуа­зэ пэлъытэщ ап­хуэдэ зэ­Iу­щIэхэр, цIыхухэм къы­зэ­рагъэ­сэбэпыр мащIэ дыдэрэщ жу­мыIэмэ. Тхьэ­къуахъуэ Нухь и къуэ Баширщ а псом сезыгъэгупсысар.
 
Башир сыщыхуэзам къызэ­рыщIидзар и сабиигъуэм е зауэ зэман хьэлъэм ехьэлIа гукъэкIыжкъым, атIэ и ныб­жьэгъу­хэр нобэ къызэрыбг­ъэ­дэ­мытыжым кърит гухэщIырщ. Абы щIигъэгумэщIыр нэгъэсауэ къызгурыIуащ ди псалъэмакъым икухэм деж:  ­игъэунэхуат ныбжьэгъугъэ нэсыр - нэгъуэ­щIым пхуемыгъэпщэну фронт зэныбжьэгъугъэр. «Зауэм уи щхьэм нэхърэ нэхъ дзыхь щыхубощI уи ныбжьэгъум», - жиIащ си псэлъэ­гъум. ТIэкIурэ хэгупсысыхьри къыщIидзащ.
- Жьыгъэр уи Iэпкълъэпкъым и щытыкIэм и закъуэкъым къызэрыпщIэр, - ар, ухуей-ухуэмейми, зыри къызэрыпхуэмыныкъуэжым, нэхъ пэжу жыпIэмэ, нобэрей гъащIэм узэрыхэмызэгъэжым теухуа гупсысэр къыщыпкIэщIэзэрыхь ныбжьщ. Ар жьыгъэмрэ щIалэгъуэмрэ я зэпэщIэтыкIэщ. ЩIалэгъуалэм я гъэлъапIэхэри нэгъуэщIщ, я Iуэ­ху еплъыкIэри дыдейм жыжьэрэ гъунэгъуу техуэркъым. Зэгуэрым си къуэрылъху-пхъурылъхухэм сеупщIащ: «Сыт тхылъыр зи­щIысыр?» Жэуапу къызат: «Тхылъыр - тхылъщ». Си дежкIэ ар губзыгъагъэм и кIыщщ, Iущыгъэм и хъумапIэщ. ЦIыху Iущхэм - физикхэм, химикхэм, тхыдэтххэм, тха­кIуэхэм -  а я лэжьыгъэхэм сыт хуэдиз къулеигъэ яхэлъ. Иджырей школхэм сабийхэр щыхуа­гъасэркъым тхылъ еджэныр фIыуэ ялъагъуу. Сэ зи гугъу сщIыр художественнэ литературэм и за­къуэ­къым, атIэ сыт хуэдэ тхылъи. Сабийхэр гъэсэн хуейщ тхылъ еджэрэ  итым егупсысу. Мис абы щы­гъуэщ еджэну хуейуэ тхылъым нэхъуеиншэ щыхуэхъунур, Iэмал имыIэуи щхьэпэ гуэр я щхьэм къинэнущ.
А псалъэхэм иужькIэ «къысхуэгъэгъу» жиIэщ Ба­шири, къэтэджри щIэкIащ. ПсынщIэ дыдэуи къыщIыхьэжащ шумэданышхуэ иIыгъыу. «Иджы­ри къэс и гур зэрыгъум и гугъу къысхуищIауэ аращ, дяпэкIэщ зауэ гукъэкIыжхэм щыхыхьэнур» сигу къэкIащ сэ. Фронтовикхэм я дэфтэрхэр, су­рэт­хэр, медалхэр шумэданым дэлъущ-тIэ зэ­рахъу­мэр.
- Сэ сыкъыщалъхуар мэкъумэшыщIэ уна­гъуэщ. Си адэ Нухьрэ си анэ Къэнитатрэ бынитху зэдапIащ. Илъэсибл школыр къэзуха иужь, Налшык дэт педагогикэ училищэм сыщеджащ, 1940 гъэм Нартан къуажэм лэжьэн щыщIэздзащ. Илъэс дэкIри си къуажэ сагъэкIуэжыну сыщIэ­лъэIуащ. Махуэ къэс псы ежэхым сызэпрыкIыурэ щезгъа­джэ школым сыкIуэрт. КIакхъу зэрыщIач щIыкIэм щыхуедгъасэ дерс щхьэхуэр иухауэ фочыр згъэкъэбзэжу сыщыст махуэ гуэрым. Пионервожатэр къызбгъэдохьэри къызоупщI: «Къэхъуар пщIэ­рэ?» «Хьэуэ», - жэуап изот. «Зауэ къэхъеящ!» Зыри къэмыхъуам хуэдэущ хъыбарым сызэрыIущIар, а псалъэм и мыхьэнэ дыдэри сщIэртэкъым сэ. Мыгувэу комсомол секретару сыхах, районым щекIуэкI зэIущIэхэм я зым къыщыджаIэ зауэм зэрыщIидзар, Хэкур тхъумэн зэрыхуейр. Ар зэхэзыха псоми зэуэ лъэIу тхылъ дотх фронтым дыкIуэну. ЗанщIэу сыдашакъым, зэуапIэм сы­щыIухьар 1942 гъэм и гъатхэпэ мазэращ.
Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр Сталинград къыщебгъэрыкIуэм, а къалэм пэмыжыжьэ Урю­пинск­ дэт дзэ училищэр Къэбэрдей-Балъкъэрым, Щхьэлыкъуэ къуажэм и Iэшэлъашэм, къагъэIэпхъуауэ щытащ. Биидзэр Дон Iус Ростов щынэсам, курсант 2500-м я зыу Тхьэкъуахъуэр а училищэм щеджэрт. 12-нэ дзэм хэт курсант полк щхьэхуэу а­хэр Кубань яшащ.
- Кубань псым и Iуфэр тIыгъыну ди унафэт, абы телъ лъэмыжыр советыдзэм къигъэуэху тхъумэну, зы бий къызэпрыдмыгъэкIыну ди къалэнт. Зэ­хэуэ гущIэгъуншэм щIидзащ. Къагъэуащ лъэ­мыжыр. Гъуэгур зыхузэхуэщIар нэмыцэм я за­къуэ­тэкъым, дэри кIуапIэ къытхуэнатэкъым. Къарухэр зэхуэмыдэт жыпIэнри зыри жумы­Iэххэнри зыщ: курсант лъэсыдзэхэр кхъухьлъатэхэмрэ танк­хэмрэ дызэрыпэщIэтыр мафIэ зыдз птулъкIэхэмкIэт. ПщIы бжыгъэкIэтэкъым зэ­ры­хэкIуадэр, щэ бжыгъэт. А лъыгъажэшхуэр къы­щыхъуа щIыпIэр Кропоткин къалэм щыпсэухэм нобэр къыздэсым ягъэлъапIэ. Зи пащIэ-жьакIэ зэщIэмыхьа щIалэ цIынэхэм, хэкур хъумэным зи бгъэр пэщIэзыгъэувахэм ятеухуащ «Урюпинским солдатам» гимныр. Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыщ курсанту миным щIигъу щыщIалъ­хьа щIыпIэм и деж щагъэувауэ Кропоткин дэтщ курсант дамэтелъыр зи теплъэ, метрипщI зи лъагагъ фэеплъ.
- ЗауапIэм ущыIутым и деж узэгупсысыр зыщ: Хэкум и пащхьэм щыпхь жэуапыр, ар бгъэ­пэжыну тхьэ зэрыпIуар, пщэ­рылъ къыпщащIар нэгъэсауэ зэрыбгъэзэ­щIэ­ныр. Дапщэрэ къыс­хуихуа а зауэм се­гупсысыну икIи зэпымыууэ сы­зы­хуэкIуэжыр сэлэтхэм я зэныб­жьэ­гъу­гъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ те­кIуэ­ныгъэр къызэрахьарщ. Нэ­мыцэ зэ­рыпхъуакIуэм дытекIуэу ди щIыналъэр хуит къэщIыжын зэ­рыхуей гупсысэм зэкъуигъэуват цIыхубэр. Зэкъуигъэуват къы­­зы­хэкIа лъэпкъми, зэрихьэ динми, зы­щыщ щIыпIэми е­мы­лъы­тауэ.
Кубань и деж щрагъэкIуэкIа зэ­хэуэ гущIэ­гъуншэм щыщу къэнар курсант полкым и гуп щхьэхуэхэт. Ахэр щытрагуэшэжым, Тхьэкъуа­хъуэр­ хэ­хуащ 221-нэ дивизэм и 671-нэ фочауэ полкым.
- Иджы бийм дебгъэрыкIуэу арат. ЗэрикIуэтым щхьэкIэ къэгубжьа нэмыцэр хьэIуцыдз хъуат. Къа­лэхэмрэ къуажэхэмрэ ягъэсырт, сабийхэр, лIыжь-фызыжьхэр яукIырт. Ди зауэлIхэм къагурыIуэрт гужьеигъуэ къызылъыса хьэкIэ­кхъуэкIэм ищIэфынури, щхьэкъэIэтыпIэ ирамыту и ужьыр яхурт. А махуэхэм дэ мэжалIи зыгъэп­сэхун хуейуи тщIакъым. Ди дивизэм и командир, Совет Союзым и ЛIыхъужь Блажевич жьэIурыхьэ­гъуэ щыдгъуэта дакъикъэхэм къыджиIат: «Фэ фы­зыхыхьэр фщIэрэ? Ар лъыгъажэшхуэщ. Ауэ фыщыхэкIуадэкIи КъухьэпIэмкIэ фи Iэхэр зэ­рыфшиин хуейр зэвгъащIэ, фызытехуэ щIыри къызэрывзэуар къривгъэлъагъуэу». А генералыр сэ мызэ-мытIэу слъэгъуащ Iэщэ иIыгъыу ­зауэу. ТекIуэныгъэр и нэгу щIэкIакъым абы, Прибалтикэм щыхэкIуэдащ.
1944 гъэм щIышылэм и 10-м Днепр Iус Никополь­ къалэм и деж Башир уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ. «Сыкъыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу нэмыцэхэм тыгъэ схуащIат», - гушыIэрт Тхьэкъуахъуэр. Сымаджэщ нэужьым Башир ягъэкIуащ фронтым папщIэ ягъэхьэзыр ротэр зыхыхьэ 85-нэ фочауэ полкым. «Пщэджыжьым жьыуэ къэIуащ махуэ къэс дыкъэзыгъэуш макъыр. Псори дыкъы­щылъэтащ, арщхьэкIэ зэхыдох: «Зывмыхуа­пэ! Германием къыдищIылIа зауэр ди текIуэныгъэкIэ иухащ!» - игу къегъэкIыж Башир и нэпсыр къызэпижыхьауэ.
Тхьэкъуахъуэр дзэм къыхэкIыжащ 1945 гъэм. Зэман иIэтэкъым Iэпкълъэпкъым телъ уIэгъи псэ чэтхъаи кIыжыху ежьэну, абы къыпэплъэрт къигъэна еджакIуэхэр. ЯпэщIыкIэ дзэ Iуэхумрэ физкультурэмкIэ иригъэджащ. Зытриублэжын хуейр и лэжьыгъэм и закъуэтэкъым, еджэнри иригъэ­жьэ­жыпхъэт. Педагогикэ институтым щIэ­тIыс­хьэжащ, 1961 гъэм щегъэжьауэ 1983 гъэ хъуху географиемрэ биологиемкIэ иригъэджащ. Пенсэм кIуэху школ директорым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ и къуэдзэу щытащ. Абы иужь­кIи Башир и Iэ зэтридзэу тIысыжакъым, фIыуэ илъагъу биолоигие дерсыр иригъэджащ. Псори зэхэту Тхьэкъуахъуэ Башир лэ­жьащ илъэс 59-кIэ.
Дзэм щищIа къулыкъум нэхърэ нэхъ тIасхъэкъым Башир школым щрихьэкIа лэжьыгъэр. Абы иригъэджащ, игъэсащ щIэблэ куэд. Ар КъБР-м, СССР-м егъэджэныгъэмкIэ я отличникщ, лэжьыгъэм и ветеранщ, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым, ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм, Профсоюзым и ЦК-м я щIыхь тхылъхэр, нэгъуэщIхэри мызэ-мытIэу къыхуа­гъэфэщащ. Ахэр къыкIэлъыкIуат «Хэку зауэш­хуэ» орденым и 1-нэ нагъыщэм, «Хахуагъэм папщIэ», «Германием дызэрытекIуам папщIэ» медалхэм, нэгъуэщIхэми.
А дамыгъэхэмрэ дэфтэрхэмрэ я гъусэу Тхьэ­къуа­хъуэхэ я унагъуэм щахъумэ сурэтхэр, зэуа­пIэм къыдыIута и ныбжьэгъухэм къыхуагъэхьа письмохэр. 221-нэ Мариуполь дивизэм и 671-нэ фочауэ полкым хэтахэм яIащ щызэхуэзэ, я гимныр щыжаIэ щIыпIэ - Кропоткин. Фронт зэныбжьэгъугъэ быдэ яку дэлъащ абыхэм, иужьрей дыдэ ветераныр дунейм ехыжа иужькIи кIуэ­дыжынкIэ Iэмал имыIэу. Сыту жыпIэмэ апхуэдэ зэхущытыкIэр, апхуэдэ лIыгъэр пщыгъупщэ хъунукъым, лIэщIыгъуэкIэрэ къытщIэхъуэ щIэблэм ящIэжын хуейщ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, Тхьэкъуа­хъуэхэ я унагъуэм исщ а фэеплъыр зыхъу­мэфынхэр. Баширрэ абы и щхьэгъусэ ФатIимэ­рэ къуищ зэдапIащ, псоми щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ, пщIэ зыпылъ IэнатIэ пэрытщ: Руслан - егъэджакIуэщ, Климент - ин­же­нер-ухуакIуэщ, Аслъэн - агрономщ. Я зэкIэ­лъыкIуэкIэм пхузэ­фIэмыкIыу урегъэгупсыс: нэхъыжьым ире­гъаджэ, курытым еухуэ, нэхъыщIэм егъашхэ. Мис а и бынхэмрэ абыхэм я быныжхэмрэ я уафэр къащхъуэу, я щIылъэр щхъуантIэу, яфIэфI IэнатIэм пэрыту лэжьэн щхьэкIэкъэ иджыри зи пащIэ-жьакIэ зыщIэмыхьа Башир и Хэкум къыщхьэщыжу зэ­уапIэм щIыIутар?! И ужьыр махуэ Тхьэм яхуищI и щIэблэм!

БЕЙТЫГЪУЭН ХьэIишэт.
Поделиться: