Нэпс ткIуэпс

Хэку зауэшхуэр зищIысу щытар нэсу зыхэзыщIэфыр абы пхыкIарщ, ар зи нэгу щIэкIарщ, абы и хьэзабымрэ и бэлыхьымрэ, и гуауэр зыгъэварщ. ИкIэм-икIэжым, ­зауэ нэужь лъэхъэнэ гугъум халъхуа щIэблэрщ. А псори гурэ псэкIэ зыхащIэ мафIаем къелу къэзыгъэзэжа нэхъыжьхэм я гукъэ­кIыжхэм къыдэтэджа, абы­хэм гуп­сэ­хуу щэдэIуа щIэблэми.

Си адэ шыпхъум и хъы­бархэм сыщедаIуэкIэ, абы ­къиIуэтэжхэм, зытепсэ­лъы­хьыж­хэм сахэзэрыхьырти, си гупсысэхэм а лъэхъэнэ бзаджэм сахьырт. Абы и дэтхэнэ псалъэхэри гугъэкIэ гъэнщIати, зы телъыджэ къэхъуу, ар нахуапIэ хъуну псэкIэ сыпэп­лъэрт. Хьэуэ, си закъуэтэкъым апхуэдэ хьэлэмэтым пэплъэр, атIэ абы и хъуреягъкIэ къетIысэкIауэ гукъэкIыжхэм щIэ­дэIу адрей си дэлъхухэри, си шыпхъухэри, езым и бынхэри а гугъэ телъыджэм ежьэрт. Апхуэдэ гупсысэмрэ гугъэмрэ узэщIамыIэтэнкIэ Iэмал иIэ­тэкъым, адэ шыпхъум и гущIэм къиIукI IэфIыгъэрэ гуа­пагъэкIэ, анэкъилъху лъагъу­ныгъэ мыкIуэщIкIэ гъэнщIа ­гукъэкIыжхэм уащыщIэ­дэIу­кIэ.
Уэрдокъуэ зэкъуэшищымрэ я шыпхъу закъуэмрэ - Гъэфур, Елмырзэ, Мырзэкъан, ФатIимэт - я адэ-анэр пасэ дыдэу яIэщIэкIат. Я нэхъы­жьыр Гъэфурти, 1939 гъэм дзэ къулы­къум ираджат, ар къы­щиу­хым, Хэку зауэшхуэр къэхъейри, япэу фронтым кIуа­хэм яхэхуащ. ЗэкъуэшитIыр балигъыпIэм нэсатэкъым, шыпхъу закъуэри унагъуэти, гугъуехь куэд ягъэващ. Ауэ щыри пэп­лъэрт я нэхъыжь Гъэфур и хъыбарым, ар къы­щыкIуэжынум.
ФатIимэт зауэм дигъэкIар и дэлъхум и закъуэтэкъым, атIэ и щхьэгъусэри а мафIэ лыгъэм щыIэт. Зыр адрейм кIэ­лъыкIуэу абы къыIэрыхьащ пса­лъэ жагъуэу гур хэзыгъэ­щIыр зэрыт письмо щимэхэр. Ар иджы щхьэгъусэншэт, и дэлъхури хъыбарыншэу кIуэдат.
Куэдрэ дыщIэдэIуащ ди адэ къуэшым теухуауэ абы и ­шыпхъу закъуэм къиIуэтэжа хъыбархэм. Ауэ зэи блэкIа ­зэманым иту дэлъхум и цIэр ­къриIуэртэкъым, «мыгъуэ» пса­лъэр пигъэувэртэкъым. А гукъэкIыжхэм гъусэ яхуэс­щIырт мы тхыгъэ кIэщIым ­хэзгъэува Гъэфур и сурэтри, адэ шыпхъум къиIуэтэжхэр си нэгум щIэкIырт. Абы теплъа, хуэзауэ зи хъыбар къэзыIуэ­тэжыфын щыIэмэ, жиIэу ди адэ шыпхъур куэдрэ щIэуп­щIэрт…
ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 50 щрикъум къыдагъэкIауэ щытащ зауэм хэкIуэдахэр зэрыт фэеплъ тхылъ. Бахъсэн куейм щыщу къэзымыгъэзэжахэр зэ­рыт тхылъыр зи щхьэгъу­сэри дэлъхури хэкIуэда си адэ шыпхъу ФатIимэт фэеплъу ныхуахьат… 
ЦIыхухъу щхьэщымытрэ ­бынунагъуэшхуэу къэна ФатIимэт хьэзаб куэд игъэват.  Зауэ лъэхъэнэ, мэжэщIалIэ илъэс­хэр псом хуэмыдэу къы­те­хьэ­лъат. Езым и джийм зыри емыхми, быныр мы­мэжалIэ­мэ нэхъ къищтэрт. А гугъуе­хьыр лъэужьыншэ ­хъуакъым. Ар набгъэ хъуати, дапхуэдэу еIэзэми, екIакIуэ мыхъумэ, яхуэгъэхъужыртэкъым.
… Махуэр дыгъэпсти, гум егуэпэкIырт. ФатIимэт тхылъ плъыжьыр къищтэри и къуэ­рылъхум еджащ. И дэлъхум и цIэр зэрыт напэкIуэцIыр къы­зэгуригъэхри, хъыджэбзыр иутIыпщыжащ. Зы тэлай дэ­кIауэ гъы макъ къэIуащ. Унэ щIыбымкIэ щыт жыг лъабжьэм щIэст зи нэпсхэр тхылъ зэIухам телъалъэ ди адэ ­шыпхъур. «Нобэщ, ипэжы­пIэ­кIэ но­бэщ узэрысфIэкIуэдар хьэкъ щысщыхъуар. Ауэ дэнэ щыIэ уи мащэр, уи кхъащхьэри дэнэ щыхэкIуэдэжа, фIыуэ слъагъу си анэкъилъху гумащIэм?» Хъыбар гуауэр лIэ­щыгъуэ ныкъуэ ипэжкIэ къы­-Iэ­рыхьами, игури и псэри хуит ищIауэ макъкIэ шыпхъум дэлъхур нобэ игъеижырт…
Мы сатырхэм нэпс темыткIуэу схунэгъэсакъым. Сыту жыпIэмэ, а махуэр гукъинэж сщызыщIа хьэдагъэр зращIэкIа Гъэфур къыкIэлъыкIуэжащ «Уэрдокъуэхэ япхъу за­къуэкIэ» фIэкIа и цIэр жамыIэу уардэу, и хабзэмрэ и щэнымрэ адрейхэм я щапхъэу, пщIэ иIэу къэгъуэгурыкIуа, хьэзаб куэд зи нэгу щIэкIа си адэ шыпхъури, си адэ къуэшри, зэрыбыным я нэхъыщIэ си адэри. Абыхэм я сурэтхэр куэдрэ зэбгъэдызогъэувэ. И хъыбаррэ сурэткIэ фIэкIа сы­мыцIыху си адэ къуэш нэхъы­жьыр, и цIэми хуэдэу адрейхэм къащхьэщыкIыу, къахолыдыкI.
Хъыбарыншэу кIуэда, зэрахьа лIыхъужьыгъэм къыпэкIуа дамыгъэ лъапIэхэр зыхуа­гъэ­фэщауэ ахэр зыIэрымыхьэжа, Хэку зауэшхуэм зи псэр щы­зыта куэдым ятеухуа хъыбархэр къэтIэщIыным хуэгъэза лэжьыгъэшхуэ ирагъэ­кIуэ­кIащ Урысейм и Федеральнэ налог IуэхущIапIэм и управ­ленэу КъБР-м щыIэм и къэ­-рал налог инспектор нэхъыщ­хьэ Нэхущ Ахьмэдрэ абы ипхъу Дианэрэ. Хэку зауэш­хуэм и лъэхъэнэм дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэщауэ щыта зауэлI хъыжьэхэу псэууэ ахэр зыIэрымыхьэжа 316-м ахэр я Iыхьлыхэм иратыжащ. Ди адэ къуэшым теухуауэ Нэхущ Ахьмэд иджыблагъэ къысIэригъэхьа тхылъым, Уры­сей Федерацэм Зыхъумэ­жыныгъэмкIэ и министерствэм и Архив нэхъыщхьэм щIэлъым, къызэрыщыхьащи, 115-нэ шуудзэм и 278-нэ шуу­дзэ полкым къулыкъур щезы­хьэкIа зауэлI Уэрдокъуэ Гъэфур Къасым и къуэр Ростов областым щыхэкIуэдащ 1942 гъэм жэпуэгъуэм и 11-м.

 

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться: