ЩIыпIэр зыгъэдэха куэдыр къагъэщIэрэщIэж

Вольнэ Аул и ипщэ къыдэлъэдапIэм хуэзэ Налшыкыпс Iуфэм бгъу­рыту дэкIуей гъуэгур зэрагъэпэщыж.

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэр ноби егъэдахэ ныбжь зиIэ псы Iуфэ щихухэр екIуэкIыу зыIут а гъуэгу бгъуфIэшхуэм. Мэзымрэ псы ежэхымрэ я хьэуа къабзэр ауэ къэгъэнауэ, ар щIы­пIэ нэхъ дахэхэм хабжэу зэры­щытам и щапхъэ куэд щыплъагъунущ Iэхэлъахэм: псы Iуфэ нэпкъ лъагэхэр, псыутхым хуэдэу псыр къызэжэх мывэ хъу­реишхуэхэр, жыг абрагъуэхэр, щIыпIэ-щIыпIэхэм къыщызэпхыщыж лъэс ­лъагъуэ нашэкъашэ цIыкIухэр - псори блэкIам и фэеплъщ, удихьэхыу.
Гъуэгур бгъуэ пэтми, зэи асфальт ­телъу щытакъым. Апхуэдэ теплъэр яхъумэнри хэлъщ, транспортым кIуа­пIэ яхуэмыхъун папщIэ. Совет лъэхъэнэм зэращIам хуэдэу, гъуэгубгъу гущIыIум тету ирикIуэ псы бжьамийхэм я щытыкIэр къапщытауэ, сэкъат зи­Iэхэр зэрагъэпэщыж. АдрыщIымкIи апхуэдэ лэжьыгъэ дыдэхэр щокIуэкI. Ахэр нэхъыбэу зэхьэлIар щIы щIагъкIэ кIуэ бжьамийхэрщ.
Налшык и нэчыхь тхыпIэ уардэ унэм и Iэгъуэблагъэм зэман и пэкIэ къы­щызэпхыкIыу щыта псыIагъэр иIэжкъым - щIыпIэм елэжьащ, дяпэкIи я нэIэ тетынущ. Псом ящхьэращи, дэтхэнэ зы зыгъэпсэхупIэ щIыпIэми хуэ­дэу, ди паркым и фэеплъ жыжьэхэр къагъэщIэрэщIэж. 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: