Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ

«ТекIуэныгъэм и накъыгъэ мазэр-музейм». Аращ зэреджэр Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 77-рэ щрикъум ири­хьэлIэу иджыблагъэ Лъэпкъ музейм къыщызэрагъэпэща гъэ­лъэгъуэныгъэм.

ЦIыхубэр бийм пэщIэтыну, абы зыкъримыгъэгъэпцIэну, лъахэр зыхъумэхэм зэралъэкIкIэ зыщIагъэкъуэну къыхураджэу Хэку зауэшхуэр щекIуэкIа илъэсхэм дунейм къытехьауэ щыта газет икIи блын тхыгъэ бжыгъэншэхэм я гъэлъэгъуэныгъэр музейм и пэшышхуэм IэщIагъэм и хабзэ псори къызэдиубыду щызэкIэлъыгъэкIуащ. Тхыдэм пэджэжу, гъэлъэгъуэныгъэр щекIуэкI пэшым музейм и лэжьакIуэхэм я бынхэр усэ къыщоджэ, зауэ гъуэгуанэр къэзыгъэлъэгъуэж тхыгъэхэм щыщ пычыгъуэхэр щагъэлъагъуэ.
«Нобэ утыку къитлъхьа газет икIи блын тхыгъэ гъэлъэгъуэныгъэр илъэс къэси къызыдогъэпэщ, зэрыхъукIи къыдогъэщIэрэщIэж. Дэ абы ди гуапэ дыдэу къыдогъэблагъэ кIуэ пэтми мащIэ хъу ди нэхъыжьыфIхэр, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къыщызыхьа ди лIыхъужьхэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, мы гъэм ди Iуэхум абыхэм ящыщ къыхыхьэфыну къы­щIэкIынкъым. Дэ къытхуэнэжыр къарууншэ хъуа ди нэхъыжьыфIхэм узи бзаджи къемыуалIэу тхуэпсэуну дахуэлъэIуэнырщ. Апхуэдэу щыт пэтми, Хэку зауэшхуэр щекIуэкIа илъэс бзаджэхэм я шэ зэщIэфие ­макъхэр ди деж иджыри къос - ар зылъэмыIэсарэ зыжьэхэмыуарэ унагъуэ ди хэгъэгум искъыми, лъырэ нэпскIэ ТекIуэныгъэр къэзыхьахэр ­дигу къэдгъэкIыжыныр, зэрахьа хахуагъэмрэ лIыгъэмрэ тщымы­гъупщэу дигу илъыныр ди хьэкъщ. Абы къыхэкIыу ди гуапэ дыдэу дапэплъэнущ ди адэшхуэхэм къакIуа лIыхъужь гъуэгуанэр зэрагъащIэмэ зыфIэигъуэ дэтхэнэ ди зы лъахэгъуми, псом хуэмыдэу ди щIалэ­гъуалэм», - жиIащ гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщахэм ящыщ, музейм и щIэныгъэ лэжьакIуэ пашэ Буринэ Миленэ.
Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым ар зытращIыхьа, зихуэдэ щымыIэ хьэпшыпхэм, газетхэм, блын тхыгъэхэм я хъыбарым къызэхуэсахэм яхутепсэлъыхьащ, ар зэращIу щыта щIыкIэм, Налшык къалэ зэрыщытрадзэу щыта Iэмалхэм я гугъу ищIащ. «Нобэ музейм и блынджабэхэм кIэрылъ газетхэм, блын тхыгъэхэм япэщIыкIэ уагъэлъагъу Iэщэ къимыщтами, гурэ псэкIэ бийм пэува цIыху къызэрыгуэкIхэм, жэщ-махуэ ямыIэу ТекIуэныгъэм хуэ­лэжьахэм, яIа гуращэр, фIым и IэщакIуэу зэрызалъытэжыр. Гупсысэ хьэлъэхэм цIыхур ямыутIыпщу щхьэлажьэ ищIами, зэуапIэм Iут я щIалэхэм я щхьэ кърикIуам и пэжыпIэр ямыщIэми, мыпхуэдэ къыхуеджэныгъэхэр езыхэм къабгъэдэкIыу къащыхъуу, Iэщэ яIыгъыу бийм езауэ я щIалэхэм а псалъэхэр зэхахыу къафIэщIу, абыхэм къызэщIаIэтэрт, ­ягъэгушхуэрт, гуащIэмащIэ хъуами, нэхъри я лъэр щIагъэкIырт. ТекIуэныгъэр гъунэгъу къэщIынымкIэ, цIыхур мамыр гъащIэм щIэх хуэкIуэжынымкIэ нобэ флъагъу мы тхылъымпIэ кIапэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIам шэч хэлъкъым», - жиIащ Накуэ Феликс.
Ветеранхэм я къалэ советым хэт Къардэн Эммэ псалъэ щратым къыхигъэщащ музейм зэхилъхьа гъэлъэгъуэныгъэм мамыр гъащIэм и мыхьэнэр нэхъ гуащIэу зыхыуигъащIэу зэрыщытыр, абы къыхэкIыу зауэм хэта ди нэхъыжьхэм мыухыж Iулыдж зэрахуэфащэр. Абы музейм и лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ Хэку зауэшхуэм хэта зауэлIхэм хуащI гулъытэм, адэжь лъахэр зыхъумахэм я пщIэр зэрихъумэм папщIэ.
Къардэн Эммэ зэрыжиIамкIэ, Хэку зауэшхуэм хэтахэм ящыщу Налшык къалэ нобэ псэууэ дэсыжыр цIыху 16 къудейщ. «Ди жагъуэ зэры­хъунщи, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу ди зауэлI нэхъыжьхэр тщхьэщокI. Нобэ щIэтлъхьащ зауэм икIыхьагъкIэ медсестрауэ хэта, лейтенант нэхъыжь цIэр зиIэ Мамедовэ Александрэ. Зэману къытхуэнэжари мащIэ дыдэщ. Псэуху тIэкIу ди гулъытэ ахэр щыдмыгъащIэмэ, тхуэщIэфыну мащIэр щыз ирикъунт», - къыхигъэщащ Къардэным.
Зауэм и щIыбкIэ ТекIуэныгъэм хуэлэжьахэм я гугъу щищIым, Къардэным жиIащ абыхэм ящыщу цIыху 420-рэ хуэдиз щыхьэрым зэрыщыпсэур.
«ЗауэлI нэхъыжьхэр мащIэ щыхъу мы лъэхъэнэм дэ абыхэм яхуэтщIэжыфынур зыщ - лIыгъэу зэрахьар тщымыгъупщэу ди гъащIэ гъуазэу дунейм дытетынырщ», - жиIащ «ЗауэлI зэшхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Хасащхьэм хэт Абэнокъуэ Владимир. Ар ТекIуэныгъэм и мыхьэнэм тепсэлъыхьащ, зи сценарийр итха кинофильм кIэщIри къызэхуэсахэм яригъэлъэгъуащ. Ар теухуат Совет Союзым и ЛIыхъужь Иуан Хьэсэн, тегъэщIапIэ хуэхъуари зауэлIым и къуэм и гукъэкIыжхэрщ.

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
Поделиться: