КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къэрал дамыгъэхэр яритыжащ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэхум Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу хэкIуэда щIалэхэм я Iыхьлыхэм.
Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и УнафэкIэ, ЛIыгъэм и орденхэр хуагъэфэщащ дзэ къулыкъур ирахьэкIыу, хахуагъэрэ лIыгъэрэ къагъэлъагъуэу хэкIуэда прапорщик нэхъыжь Биттиров Рэмэзан Абдулчэрим и къуэм, ефрейтор Жылау Анзор Владимир и къуэм, рядовой КIуащ Астемыр Аслъэн и къуэм, сержант нэхъыщIэ Кумыщ Азэмэт Ахьед и къуэм, сержант Кучменов Тауби Ибрэхьим и къуэм, сержант нэхъыщIэ Назаров Александр Николай и къуэм, сержант Уэрэзей Мурат Ибрэхьим и къуэм, подполковник Орехов Дмитрий Владимир и къуэм, прапорщик Понэж Альберт Мухьэмэд и къуэм, капитан Понэж Аслъэн Хьэсэн и къуэм, сержант нэхъыжь ПщыхьэщIэ Раджа Муса и къуэм, прапорщик Слъон Билал Эдуард и къуэм, рядовой Шыбзыхъуэ Амир Елдар и къуэм, ефрейтор Вайберт Андрей Владимир и къуэм.
ХэкIуэда зауэлIхэм я Iыхьлыхэм защыхуигъазэм КIуэкIуэ Казбек жиIащ: «Дыфхуогузавэ, фи гуауэр вдыдогъэв. Фи къуэхэм, щхьэгъусэхэм, адэхэм къэрал дзэ къулыкъур и кIэм нэсу ягъэзэщIащ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэн зэфIагъэкIащ абыхэм: къыдэкIуэтей щIэблэм мамыр гъащIэкIэ яхуэупсащ. Ди щIалэ хахуэхэм ди адэшхуэхэр зыпэщIэта нацизмэм ебэбыным я щхьэр халъхьащ. Ди гум щIыхьэу фи гуауэр вдыдогуэш. Си щхьэр фхузогъэщхъ».