Къулыкъум хуэпэжыну псалъэ ятУрысей ФСИН-м и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм тезырхэр щапшын и 4-нэ колонием щызэхэтащ УФСИН-м и IэнатIэхэм къалэным щыпэрыувэ лэжьакIуэщIэхэм тхьэрыIуэ щата зэхыхьэ гуапэ. УФСИН-м и унафэщIхэмрэ пщIэ зиIэ и ветеранхэмрэ я пащхьэм лэжьакIуэщIэхэм псалъэ щатащ Урысей Федерацэм и Конституцэмрэ хабзэмрэ тетыну. ЩатIэгъа фащэмрэ псалъэ ятамрэ хуэпэжу уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и пщIэмрэ щIыхьымрэ сыт щыгъуи зэрахъумэнур, я къалэнхэр нэсу зэрызэфIагъэкIынур и фIэщ зэрыхъур жиIащ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Iэпщэ Арсен тхьэрыIуэ зыта лэжьакIуэщIэхэм щехъуэхъум.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
23.04.2024 - 10:48 →
Iуащхьэмахуэ куэдым я плъапIэщ
20.04.2024 - 10:52 →
Ветеранхэм гулъытэ хуащI
|