ЛIэщIыгъуэр зи ныбжь

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм ЛъахэхутэмкIэ и къудамэм иджыблагъэ зэIущIэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. Ар теухуат къызэралъхурэ дызэрыт илъэсым илъэси 100 ирикъу адыгэ бзэщIэныгъэлI цIэрыIуэ Урыс Хьэталий. Зи гъащIэр щIэныгъэм езыта цIыху щэджащэр ягу къагъэкIыжыну, я гукъэкIыжхэмкIэ щIалэгъуалэм ядэгуэшэну зэIущIэм кърихьэлIащ щIэныгъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, ныбжьыщIэхэр.

Апхуэдэу фэеплъ пшыхьым хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БищIо Борис, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и доцентхэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидатхэу Абазэ Албэчрэ Къардэн Мусэдинрэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и тхьэмадэ Табыщ Мурат, Лъэпкъ IэщIагъэхэмрэ IэужьхэмкIэ хэгъэгу центрым и унафэщI, щIэныгъэлIым и къуэ Урыс Аслъэн, нэгъуэщIхэри.

Пшыхьыр къыщызэIуихым, ЛъахэхутэмкIэ къудамэм и унафэщI Гергоковэ Лейлэ къызэрыхигъэщамкIэ, Урысхэ я унагъуэр игъащIэми щIэныгъэм епхауэ, щIэблэр узэщIыным телажьэу къогъуэгурыкIуэ.

- Урыс зэщхьэгъусэхэр я къару емыблэжу телэжьащ къызыхэкIа лъэпкъым щIэныгъэ етыным и мызакъуэу, а щIэныгъэр зэрыбгъэдалъхьэну Iэмалхэр зэгъэпэщыным, щIэблэр еджэныгъэм хуэгъэушыным, губзыгъагъэрэ акъыл жаныгъэкIэ я гъащIэр зэрагъэпсыным. Урыс Хьэталий адыгэ дунейм пщIэ щызиIэ щIэныгъэлIщ, ди щIыналъэм и къэралыгъуэм и лъэгуажьэгъу хьэзырщ. ГурыIуэгъуэщ абы и гъащIэм гъэщIэгъуэн куэд къызэрыщыхъуар, и IыхьэфIи псэукIэщIэмрэ щыIэкIэщIэмрэ къыздахь зэхъуэкIыныгъэхэм зэрыхилъхьар. Ди пшыхьыр а лIы щыпкъэм и фэеплъу зэхэтшащи, шэч къытесхьэркъым гъэщIэгъуэн куэд зэрызэхэтхынум, гуимыхуж тщыхъун Iэджэм ди хьэщIэхэм дызэрырагъэдэIуэнум. Дэ ди къалэнщ ди щIыналъэм зиIэтыным, и фIыр жыжьэ гъэIуным телэжьахэр тщымыгъупщэныр, я фэеплъыр ди гум илъыныр, – жиIащ абы.

АдэкIэ зэIущIэр езыгъэкIуэкIар Лъэпкъ библиотекэм и лэжьакIуэ Безыр Ленэщ. Абы хьэщIэхэр щигъэгъуэзащ Урысым и къэхутэныгъэхэм, яригъэлъэгъуащ щIэныгъэлIым и IэдакъэщIэкI тхылъхэр, иригъэплъащ къэхутакIуэм теухуа видеотеплъэгъуэ кIэщIым. Ленэ къыхигъэщащ Хьэталий и лэжьыгъэхэр тхылъ фондым и гъэтIылъыгъэ нэхъыфI дыдэхэм зэращыщыр, абыхэм щIэупщIэ зэраIэр, сыт щыгъуи къалъыгъуазэу зэрыщытыр.

Безырым адэкIэ псалъэр зрита БищIо Борис зэIущIэм къекIуэлIахэм ягу къигъэкIыжащ щ1эныгъэл1ым къикIуа гъащIэ гъуэгуанэр. «Урыс Хьэталий 1967 гъэм къыщегъэжьауэ 1990 гъэ пщIондэ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и унафэщIу щытащ. Абы егъэджэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэм зымащIэкIи къыкIэрыхуркъым щIэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэр. Урыс Хьэталий и цIэм епхащ адыгэбзэм фонетикэм, грамматикэм, морфемикэм, синтаксисым ятеухуауэ щыIэ къэхутэныгъэшхуэхэр. Жэуап зыхуумыгъуэт, нэсу джа мыхъуа Iуэхугъуэ куэдыр зэпкърызыхар Хьэталийщ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ монографие къудейуэ 20-м нызэрыхьэс, зэхилъхьащ адыгэбзэм и пэжырытхэм тегъэщIапIэ ищIын хуей псалъалъэр, зэхигъэуващ курыт еджапIэм адыгэбзэр зэрыщаджыну тхылъхэр. Урыс Хьэталийщ лъэпкъ бзэщIэныгъэм и кIуэцIкIэ адыгэ тхыбзэм и тхыдэм теухуа очеркхэр зытхар, я гугъу пщIынкIэ шынагъуэу а лъэхъэнэм цIыхум IэщIагъэхуж щIэныгъэлI щэджащэ куэдым я цIэхэр къыдэзыхыжар. Адыгэбзэ щIэныгъэм зыгуэр хэслъхьэнщ, жиIэу апхуэдэ гупыжкIэ Iуэхум хуежьэр Урыс Хьэталий и лэжьыгъэхэм блэплъыкIынкIэ Iэмал иIэкъыми, и цIэр мыкIуэдыжу къызэрынэнум шэч хэлъкъым», – жиIащ БищIо Борис.

Абазэ Албэч и псалъэмакъыр нэхъыбэу зытригъэщIар Урыс Хьэталий еджэныгъэм зэрыбгъэдэта щIыкIэрщ. «Хьэталий, шэч хэлъкъым, нобэ и гугъу щащIкIэ, нэхъыбэм къыхагъэщынур ткIийуэ зэрыщытарщ. Пэжщ, ар хуабжьу ткIийт, ауэ абы и ткIиягъым захуагъэ хэлът. Абы къыппиубыдынур пщIэн хуейуэ къалэн къыпщащIа Iуэхугъуэрати, абыкIэ къыщIэкIуэ иIэтэкъым. Хьэталий лэжьыгъэм хилъхьэ псэр зыдэлажьэ, щIэныгъэ зрит щIалэгъуалэм Iуэхум халъхьэфу игъэсэну хущIэкъурт. ЗымащIэкIи гурыщхъуэ сиIэкъым ар абы къызэрехъулIамкIэ. Хьэталий теухуауэ щыIэ щIэныгъэ очеркыр япэу зытхар сэращ. Абы щыгъуэ сыт щIэщыгъуэу къэсхутэфыну пIэрэ жысIэу архивхэм сыщыхэлэжьыхьым, къыхэзгъуэта гъэщIэгъуэным щыщщ ар комсомолым и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым 1939 гъэм хахауэ зэрыщытар. ЩIалэщIэ дыдэу апхуэдэ къалэн и пщэ къызэрыдалъхьам къегъэлъагъуэ ар жэуаплыныгъэ зыхэлъ цIыху пэжу зэрыщытар. Ауэ, нэхъ хьэлэмэтыжращи, апхуэдэ къулыкъу лъагэ зыхуагъэфэща Урысым лъэIу тхылъкIэ унафэщIхэм захуигъэзауэ щытыгъащ а къалэныр щхьэщахыну, и узыншагъэкIэ зэрыпэмылъэщым къыхэкIыу… НэгъуэщI гуэру щытамэ, сыту пIэрэт ищIэнур, жыпIэу уогупсыс. Псэуху захуагъэм и телъхьэу, щIэныгъэщIэкъуу щыта цIыху щыпкъэр адыгэ дунейм тетыху ягу ихунукъым».

Къардэн Мусэдин Хьэталий иригъэджахэм зэращыщыр, абы и щIэныгъэр зылъэIэсахэм зэрахэтыр къыхигъэщащ. «Хьэталий гупсысакIуэт. Абы иригъэджахэм яхэту къыщIэкIынкъым ар пыгуфIыкIыу зылъэгъуа, дерсыр щригъэкIуэкIым деж псалъэмэ, зыгъэпсэхугъуэм деж зыгуэрым егупсысу къикIукI-никIукIыу Iужым зэрытетым къищынэмыщIа. Иджыпсту дыздынэсам къызгуроIуэ абы и щхьэм зэригъэзахуэу щыта щIэныгъэм имыутIыпщу зэриIыгъар, абы нэгузыужь Iуэху къримыту ахэр зэригъэлъыту зэрыщытар. Хьэталий и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэр дэтхэнэри щIэныгъэм и къэкIуапIэщ. Дэри абы зегъэубгъуным, нэхъыбэм ялъэгъэIэсыным дегупсысри, ди еджакIуэхэмрэ дэрэ «Адыгэбзэ орфографическэ псалъалъэшхуэр», псалъэ мин 90-м щIигъу къызэщIэзыубыдэр, электрон жыпхъэм итлъхьащ, дяпэкIэ абы къызэрыхэдгъэхъуэным дыхущIэкъуу, Хьэталий и лэжьыгъэми псэщIэ къыIудгъакIэу», – жиIащ Къардэным.

Табыщ Мурат и къэпсэлъэныгъэм Урыс Хьэталий игу къызэринар, и гушыIэ дахэхэм куэдрэ къазэрыхуигъэзэжыр къыхигъэщащ. «Илъэсихк1э деджати, зы илъэс дэкIакъым абы дыщыхуэмыза, и лекцэ дыщыщIэмыса. И ныбжьыр хэкIуэтами, и щIэныгъэмрэ и псалъэмрэ зэIэпэгъут, Iуэхум зэрыбгъэдыхьэ щIыкIэм зэи зихъуэжыртэкъым, абыкIэ хэлъ жэуаплыныгъэр дэри къытхипщэну иужь итт. Хьэталий хуэдэхэм я цIэр щIэблэм яIэщIэбгъэху хъунукъым, зэпымычу ар ебгъэцIыхуу, и IуэхущIафэхэм нэIуасэ яхуэпщIу щытын хуейщ. Аращ Адыгэбзэ Хасэм илъэситху хъуауэ Урыс Хьэталий и фэеплъу еджакIуэ цIыкIухэм я щIэныгъэщIэкъу зэпеуэхэр къыщIызэригъэпэщыр, щIэныгъэлIым и дунеймрэ и Iэужьымрэ щыгъуазэ щIахуищIыр. Зэпеуэм щIэупщIэшхуэ иIэщ. Илъэситхум къриубыдэу абы хэтащ сабий 700-м щIигъу. ДяпэкIи зедгъэубгъуну, зэпеуэм нэхъри зедгъэIэтыну ди гугъэщ», – жиIащ Табыщ Мурат.

Апхуэдэу Мурат къызэхуэсахэр иригъэдэIуащ Хьэталий епха Iуэхугъуэ дыхьэшхэн зыбжанэ, арыххэуи нэхъыжьхэр къызэрылэри, гукъинэж ящыхъуа, гушыIэ папщIэу къахуэна хъыбар гъэщIэгъуэнхэмкIэ цIыкIухэм ядэгуэшащ.

ЗэIущIэм кърихьэлIа егъэджакIуэхэри Iуэхум къыхэпсэлъыхьащ, Хьэталий бзэщIэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэри, еджэныгъэм хухиша гъуэгу щыпкъэми тепсэлъыхьащ.

Фэеплъ пшыхьыр гъэщIэгъуэну, купщIафIэу зэрекIуэкIар абы кърихьэлIа псоми къыхагъэщащ. Иужьрей бысым псалъэу Урыс Аслъэн хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ, и адэм и фэеплъыр зэрахъумэм папщIэ зэрахуэарэзыри къыхигъэщащ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: