ЦIыхубэ макъамэхэм я дунейГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым иджыблагъэ щекIуэкIащ «ЩIалэгъуалэр. Гъуазджэр. КъэгъэщIэрэщIэжыныгъэр» фIэщыгъэм щIэт цIыхубэ макъамэмкIэ дунейпсо фестиваль-зэпеуэ. Институтым тхыдэмрэ музыкэмкIэ кафедрэм и унафэщI Нало Людмилэ зэрыжиIамкIэ, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ министерствэмрэ ГъуазджэхэмкIэ институтымрэ къызэрагъэпэща зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэр Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ бейр хъумэнырщ, зегъэужьынырщ. КъищынэмыщIауэ, мы Iуэхум хэгъуэгу зэмылIэужьыгъуэхэм щыщу къыхыхьа щIалэгъуалэр зэрыгъэцIыхунырщ. 2005-2018 гъэхэм къриубыдэу фестивалыр блэ ирагъэкIуэкIащ, мы гъэм абы Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу, Абхъазым, Краснодар, Ставрополь щIыналъэхэм, Къалмыкъым, Москва, Дон Iуфэ Iус Ростов, Самарэ, Саратов, уеблэмэ Китайм къикIа зэрыхэтам и фIыгъэкIэ дунейпсо мыхьэнэ игъуэтащ. ХьэщIэхэмрэ зэпеуэм хэтынухэмрэ фIэхъус псалъэкIэ кърагъэблэгъащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Муратрэ ГъуазджэхэмкIэ институтым и унафэщI Рахаев Анатолийрэ. ЗэIущIэр къызэIуаха иужькIэ, абыхэм Институтым и медалыр хуагъэфэщащ пшынауэ Iэзэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, дунейпсо зэпеуэ куэдым къыщыхэжаныкIа Шишкин Юрий. Хабзэ зэрыхъуауэ, фестиваль – зэпеуэр ГъуазджэхэмкIэ институтым и оркестрым къызэIуихащ. МахуитIкIэ екIуэкIа зэхыхьэм мастер-классхэри щатащ. Псом хуэмыдэу гукъинэжу щытащ Ростов дэт Къэрал филармонием и солист, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэ куэдым я лауреат Буряков Алексей, дунейпсо зэпеуэм куэдым я лауреат, Саратов щыщ щIалэ Бондаренкэ Вячеслав, Самарэ дэт къэрал филармонием и солист Хромов Алексей сымэ ягъэзэщIа макъамахэр.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2024 - 11:10 →
Илъэс 40 гъуэгуанэ
17.03.2024 - 10:08 →
СурэтыщI, егъэджакIуэ
14.03.2024 - 17:35 →
«Адыгэжьхэр щыстхкIэ, сщохъу лъэхъэнэ жыжьэхэм сахьыж…»
07.03.2024 - 23:17 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм теухуа и хъуэхъу
04.03.2024 - 19:10 →
ЛIэужьыгъуэхэр
|