Бахъсэндэсхэм я зэфIэкI хэлъу![]() Санкт-Петербург къалэм дэт «Юбилейный» спорт комплексым щекIуэкIащ самбэмкIэ ХХ дунейпсо ныбжьыщIэ зэхьэзэхуэ. «ТекIуэныгъэ» зыфIаща зэпеуэм зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм. Дунейпсо зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр къыщызыхьа Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и командэ къыхэхам и ехъулIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ Сунш Къантемыр, КъуэщIысокъуэ Темырлан, Беслъэней Темырлан, Сонэ Идар сымэ. Зи цIэ къитIуа спортсменхэм зыщагъасэ Бахъсэн къалэ дэт Щауэ А. и цIэр зезызьэ спорт школым, ПщIэнашэ Мурат, КъарэмыщIэ СулътIан, Уэщхъун Башир сымэ я нэIэ щIэту.
Поделиться:
Читать также:
01.07.2022 - 20:01 →
Иппосферэ шы гъэлъэгъуэныгъэр екIуэкIащ
01.07.2022 - 14:56 →
Монголием дыщэ медаль кърех
28.06.2022 - 20:40 →
Бицу Къантемыр и текIуэныгъэ
28.06.2022 - 16:33 →
НыбжьыщIэхэм я зэпеуэ
24.06.2022 - 20:01 →
Мы гъэм и еплIанэ медаль
|