Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

  Уней лъапсэхэр, дачэ хозяйствэхэр, хадэхэкIхэр, жыг хадэхэр зыгъэкI хозяйствэхэр зехьэным, уней гаражхэр, уней псэупIэхэр щыухуэным хухаха щIы Iыхьэхэм яхуэгъэза кадастр лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIыным нэхъыбэ дыдэу япэкIуэ  уасэхэр гъэувыным, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм я языныкъуэ унафэхэм къару ямыIэжу къэлъытэным  я IуэхукIэ

2022 гъэм мэлыжьыхьым и 25-м            Налшык къалэ     №92-ПП

 

«Кадастр лэжьыгъэм и IуэхукIэ» 2007 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м къащта Федеральнэ закон №221-ФЗ-м и 47-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

 

1.Уней лъапсэхэр, дачэ хозяйствэхэр, хадэхэкIхэр, жыг хадэхэр зыгъэкI хозяйствэхэр зехьэным, уней гаражхэр, уней псэупIэхэр щыухуэным хухаха щIы Iыхьэхэм яхуэгъэза кадастр лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIыным 2025 гъэм гъатхэпэм и I-м нэсыху нэхъыбэ дыдэу япэкIуэ уасэхэр гъэувын мы унафэм и гуэдзэным зэритым хуэдэу.      

2. Кадастр лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIыным нэхъыбэ дыдэу япэкIуэ уасэхэм хеубыдэ ямыгъэIэпхъуэ мылъкур учетым гъэувыным теухуауэ кадастр учетымкIэ органым  ират лъэIу тхылъым «ЯмыгъэIэпхъуэ мылъкум и къэрал кадастрым и IуэхукIэ» 2007 гъэ бадзэуэгъуэм и 24-м къащта Федеральнэ закон №221-ФЗ-м и 37-нэ статьям ипкъ иткIэ щIыгъун хуей документхэр гъэхьэзырыным  пыщIа кадастр лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIыным текIуадэр (абыхэм ящыщщ транспортыр къызэрагъэсэбэпам, консультацэ Iуэхухэм, адрей кадастр лэжьыгъэхэм трагъэкIуэдар, апхуэдэу федеральнэ законодательствэм ипкъ иткIэ хэт налог, къинэмыщI адрей ахъшэ псори).

3.Къару ямыIэжу къэлъытэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм мы къыкIэлъыкIуэ и унафэхэм:

«Уней лъапсэхэр, дачэ хозяйствэхэр, хадэхэкIхэр, жыг хадэхэр зыгъэкI хозяйствэхэр зехьэным, уней гаражхэр, уней псэупIэхэр щыухуэным хухаха щIы Iыхьэхэм яхуэгъэза кадастр лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIыным нэхъыбэ дыдэу япэкIуэ уасэхэр гъэувыным теухуауэ» 2007 гъэм гъатхэпэм и 15-м къащта унафэ №54-ПП-м;

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2007 гъэм гъатхэпэм и 15-м къищта унафэ №54-ПП-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» 20I0 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м къащта унафэ №69-ПП-м;

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2007 гъэм гъатхэпэм и 15-м къищта унафэ №54-м ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» 2015 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м къащта унафэ №235-ПП-м;

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2007 гъэм гъатхэпэм и 15-м къищта унафэ №54-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» 2018 гъэм накъыгъэм и  28-м къащта унафэм.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

 

 

 

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм

  и Правительствэм 2022 гъэм

 мэлыжьыхьым и 25-м къищта

 унафэ №92-ПП-м и гуэдзэн

Уней лъапсэхэр, дачэ хозяйствэхэр, хадэхэкIхэр, жыг хадэхэр зыгъэкI хозяйствэхэр зехьэным, уней гаражхэр, уней псэупIэхэр щыухуэным хухаха щIы Iыхьэхэм яхуэгъэза кадастр лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIыным нэхъыбэ дыдэу япэкIуэ уасэхэр

ЩIы Iыхьэ лIэужьыгъуэхэр

уней лъапсэхэр щызэрахьэхэр

уней псэупIэхэр щаухуэхэр

уней гаражхэр щаухуэхэр

дачэхэр жыг хадэхэр щызэрахьэхэр

хадэхэкIхэр щагъэкIхэр

Зы  щIы Iыхьэм щIатыр, сом

6299,14

60I2,82

4294,87

3722,22

2290,60

 

 

 

 

Поделиться: