Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ, социальнэ зэпIэзэрытыныгъэр щыхъумэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр зэзыгъэуIу штабым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм гъатхэпэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ №2I-РГ-мкIэ къищтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) лэжьыгъэхэр зэзыгъэуIу штабым хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Кужонов Ж.А. – Урысей Федерацэм ЮстицэмкIэ и министерствэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)
Къумахуэ А.В. – Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым и къалэнэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)
Мэремкъул А.Н. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЛэжьыгъэмкIэ и къэрал инспекцэм и унафэщIыр- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмкIэ и къэрал инспектор нэхъыщхьэр (зэгурыIуауэ)
IутIыж Ш.Б. – Федеральнэ казначействэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)
Чочаев А.М. – «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зыужьыныгъэмкIэ и корпорацэ» акционер зэгухьэныгъэм и генеральнэ директорыр (зэгурыIуауэ);
б) Саенкэ Т.В. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын: «Май муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)»;
в) лэжьыгъэхэр зэзыгъэуIу штабым къыхэгъэкIыжын Пщыншэ К.Хь.
2. Мы унафэм къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 26-м №42-РГ

Поделиться: