НэщIикIыж хьидыр ягъэлъапIэу

Аруан районым хыхьэ Чернэ Речкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ  и унэм и утыкум хьид махуэшхуэр щагъэлъэпIащ. Зэхыхьэр къызэригъэпэщащ а жылэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и ху­дожественнэ унафэщI Бекъул Аслъэн, щIыпIэ администра-цэр и дэIэпыкъуэгъуу. Къуажэдэсхэми даIыгъащ нэщIикIыж махуэр гъэлъэпIэным ехьэлIа Iуэхур.

Нарткъалэ щапхъэу къалъыта «Волшебный мир» театрым и артистхэм сабийхэм я нэгу зрагъэужьащ, къагъэфащ, ягъэджэгуащ. Къуажэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ папщIэ къызэрагъэпэща концертым хэтащ уэрэджыIакIуэ Къашыргъэ Аскэр, пшынауэ ­Къуэдз Залым, «Псыгуэнсу» ансамблыр.
- НэщIикIыж махуэр гъэлъэпIэным теухуа жэрдэмыр къызыбгъэдэкIа Бекъул Аслъэн фIыщIэ хуэфащэщ. Ди жылэр мыинми, ини цIыкIуи хьид махуэшхуэм зригъэуIури, нэхъри зэкъуигъэуващ, - жиIащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ  егъэджакIуэ Медалы Зое. - А махуэм къуажэдэсхэм я нэгу зэрызиужьар, ­гукъыдэж зэраритар щапхъэу къызолъытэ.
Концерт нэужьым цIыкIугъашхэ ящIащ, пщафIэ Мэрзей Залымрэ сабий садым и гъэсакIуэхэмрэ ягъэхьэзыра лъэпкъ шхыныгъуэ щIэщыгъуэхэр Iэнэм трагъэувэри.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: