Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и транспорт IэнатIэм зегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2022 гъэм мэлыжьыхьым и 18-м Налшык къалэ №86-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и транспорт IэнатIэм зегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм шыщхьэуIум и 17-м къыдигъэкIа унафэ №179-ПП-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн мы унафэм и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий

ЩIыуэпсым и къэхъукъащIэхэмрэ техникэр къызэрагъэсэбэпымрэ япыщIа къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмрэ абыхэм я лъэужьхэмрэ гъэзэкIуэжынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэтIылъыгъэ фондым хухах бюджет ахъшэр къызэрагъэсэбэпым теухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2022 гъэм мэлыжьыхьым и 18-м Налшык къалэ №87-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
ЩIыуэпсым и къэхъукъащIэхэмрэ техникэр къызэрагъэсэбэпымрэ япыщIа къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмрэ абыхэм я лъэужьхэмрэ гъэзэкIуэжынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъэтIылъыгъэ фондым хухах бюджет ахъшэр къызэрагъэсэбэпым теухуа Положенэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2021 гъэм щэкIуэгъуэм и 11-м къыдигъэкIа унафэ №27-ПП-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн икIи абы пункт 4-1-нэ дэщIыгъужын мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу иту:
«4-1. Мы Положенэм и 3-нэ пунктым и «б»- «г» пункт къуэдзэхэм къыщыгъэлъэгъуа ахъшэр яхухэхынымрэ тынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэр».
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий

 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэныр, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр зэтегъэувэжыныр икIи къэгъэсэбэпыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2022 гъэм мэлыжьыхьым и 25-м Налшык къалэ №90-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэныр, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр зэтегъэувэжыныр икIи къэгъэсэбпыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 27-м къыдигъэкIа унафэ №206-ПП-мкIэ къищтам, мы унафэм и гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий 

Поделиться: