ЗэуапIэ губгъуэм къратхыкIырт…

Хэку зауэшхуэр щекIуэкIа илъэсхэм цIыхухэр письмокIэ зэрыщIэрт. Зауэм щыIэхэм я адэ-анэхэм, щхьэгъусэхэм, къуэшхэм, шыпхъухэм, Iыхьлыхэм апхуэдэут хъыбар зэрыIэрагъэхьэр. 
Сэлэт письмохэр тхылъымпIэ кIапэм тету къаутIыпщырт шэкъэкIэ е къэрэндащкIэ тхауэ. Дэтхэнэ унагъуэри темыпыIэу пэплъэрт сэлэт письмохэм. Нобэр къыздэсым унагъуэхэм щахъумэ ахэр. Мыр Сэрмакъ къуажэм къыдэкIа зауэлIхэм я Iыхьлыхэм хуатха письмохэрщ е абыхэм теухуа хъыбару фронтым къратхыкIахэрщ.
Махуэ Анатолэ,
Сэрмакъ къуажэ.

Мэремкъул Мухьэб ХьэмытI и къуэ
Щхьэгъусэ письмо

Сэлам гуапэ узох, си щхьэгъусэ Дзунэ. Уи узыншагъэр сыт хуэдэ, сыт пщIэхэр? Сэ укъысщIэупщIэмэ, сыузыншэщ. Адыгэ зыри си гъусэкъым, псори урысщ. 
Жэмыр лъхуакIэ? ХадэхэкIхэр сыт хуэдэ? Нартыху фиIэ, кIэртIоф хэфса? 
Алихъан, Хьэнифэ, Мухьэмэд, Жэмалдин, Лъостэнбий, КIунэ, Кулалэ, Гъэфар, Жамырзэ, ТэIибат, Залым, Хьилэ, Бабэ, МатIу, ХуаркIэ, Музэчыр, ХьэтIутI, Хьэмид, Къазихъан, Хьэли, Чэзибан, Бэрэсбий сымэ псоми адыгэ сэлам схуехыж!
Мэремкъул Мухьэб,
Москва. 23.06.1942 гъэ.
Мэремкъул Мухьэб I943 гъэм дыгъэгъазэм зауэм хъыбарыншэу хэкIуэдащ. 

Зыхьэ Шэфихь Бемырзэ и къуэ.
Унагъуэм деж

Сэлам гуапэ узох, Катя! Сынохъуэхъу, фашист зэрыпхъуакIуэхэм факъызэрыIэщIагъэкIыжам теухуауэ фызыхэт гуфIэгъуэшхуэм папщIэ! Дауэ ефхьэкIа, дауэрэ фыпсэуа нэмыцэхэр фи тепщэу щыщыта лъэхъэнэм? Умыгузавэ, фэ а хьэкIэхъуэкIэхэм фагъэшэча псори я фэ итхыжынщ, жэуапым я нэхъ гуащIэм етшэлIэнщ.
… Сыт я псэукIэ, дауэ щыт ди бынхэр, сыт я узыншагъэ? Барэ, Нинэ сымэ! Сэ сытым хуэдэу ахэр сигу къэкIа! 
Сэлам гуапэ схуехыж Пщымахуэ, Бырэ, Хьэжбарэ, Куржанэ сымэ. БетIал, Царк я хъыбар щыIэ, я письмо къыфхуэкIуэрэ? 
Фашист зэрыпхъуакIуэхэр ди Хэкум итхужынущ, текIуэныгъэри дэ къэтхьынущ. Абы шэч лъэпкъ къытевмыхьэ! Дэри узыншэу дыкъелмэ, дыныфхуэкIуэжынщ. ЗэкIэ аращ. Узыншэу! Уи жэуапым сожьэ. 
Зыхьэ Шэфихь.
Сталинград, 25.01.1943 гъэ.

1988 гъэм шыщхьэуIум и 8-м Московскэ областым Подольск къалэм и архивым Зыхьэ Борис Шэфихь и къуэм теухуа дэфтэр къикIащ:
«1916 гъэм къалъхуа, майор Зыхьэ Шэфихь Бемырзэ и къуэр, 2-нэ танк корпусым и 26-нэ танк бригадэм и полит отделым и инструктор нэхъыжьыр, 1943 гъэм шыщхьэуIум и 23-м зауэм хэкIуэдащ. Ар щыщIалъхьащ Украинэ ССР-м, Сумскэ областым и Лебедин къалэм и къуэшыкхъэм». 

Махуэ Нуралий ЦIыру и къуэ
Адэ-анэм я деж…

Унагъуэм ис псоми сэлам фызох. Дауэ фыщытхэ, си адэ? Сэ фыкъысщIэупщIэмэ, сыузыншэщ, фэ фызэрызмылъагъум нэхъ гукъеуэ сиIэкъым. Хьэблэм, сэ къысщIэупщIэ псоми сэлам схуехыж. 
Щэлэуат и хъыбар фщIэркъэ… Мухьэмэд уIэгъэ хъуащ жыпIа? Хьэмудэ, Жэмалдин я гугъу ящIыркъэ? Псори зэхэхауэ къитхэ письмом. 
Мамэ! Сэр щхьэкIэ фи гур фымыгъэныкъуэ, сынолъэIур хуабжьу. Тхьэм жыхуиIам хуэдэу хъунщ псори. Жэнгуащэ къригъэхьа письмори, уэ къебгъэхьари къысIэрыхьащ. 
Наурбий! СынэкIуэжыху жэмыр фIыуэ гъашхэ. 
Аращи соух, мыухыжын гъащIэ тхьэм къывит!
Махуэ Нуралий.
Краснодар край. Мейкъуапэ, 12.06.1942 гъэ. 
Махуэ Нуралий 1944 гъэм мэлыжьыхьым хъыбарыншэу зауэм хэкIуэдащ. 

Алътуд БетIал Пщымахуэ и къуэ
Письмо хуабэ

Уи махуэ фIыуэ, си къуэш Хьэжбарэ! Хуит сыкъэщI мэлыжьыхьым къысхуебгъэхьа письмом папщIэ фIыщIэ пхуэсщIыну. Ныжэбэ сыхьэтыр 2-м къысIэрыхьащ. ЗанщIэу сыкъеджащ. Дауи, сэркIэ гуфIэгъуэшхуэт уи письмор, Хьэжбарэ! 
Сэлам схуехыж си щхьэгъусэ Куржанэ, къимыдэкIэ, Пщымахуэ, Бырэ, Катя, Бай сымэ.
Хьэжбарэ! Уэ къэптхащ иджыблагъэ Москва ущыIауэ. Уи хэщIапIэр сщIамэ сыныпхуэзэфыну щытащ, сынакIуэу дызэрылъагъуфынут. Дауэ щымытми, сэ уэ письмо ныпхуезгъэхьащ, зыкъысхуумыгъэгусэ. Сэ усщыгъупщэнкъым уэ, Хьэжбарэ. Сэ фронтым пIалъэкIэ сыщыIэу аращ. Куэд дэмыкIыу бийм удын хьэлъэ еттынущ. Ар къыщыхъунур мы 1944 гъэрщ. ГъэщIэгъуэнщ, сыту пIэрэ Куржанэ письмо къыщIысхуимытхыр?
Сэлам схуехыж Башир, Амырбий, Абубэчыр сымэ. Сэ абыхэм письмо яхуэстхынущ. Иджыпсту зэман сиIэкъым. ФIыкIэ дызэхуэзэну!
Алътуд БетIал.
2.06.1944 гъэ. 
СССР-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм КадрхэмкIэ и управленэ нэхъыщхьэм къикIа тхыгъэ, Алътуд Хьэбидэт БетIал и пхъум хуэгъэзауэ. (КъБАССР. Налшык къалэ):
«Хъыбар узогъащIэ, уи адэ, лейтенант нэхъыщIэ Алътуд БетIал Пщымахуэ и къуэр, 193-нэ фочауэ дивизэм и 883-нэ фочауэ полкым и 1 батальоным парторгыу хэту, 1944 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м зэхэуэ гуащIэм зэрыхэкIуэдамкIэ. Беларусь ССР-м, Брест областым, Барановичи къалэм щыщIалъхьащ.

Полковник Соловьев.

Поделиться: