Къэрал унафэ

Ар зым емыщхьу даIуэрт, и пщэр хэшауэ, и нэхэр, зыгуэр къалъыхъуэ фIэкIа умыщIэну, зежэу. Зэзэмызэ куууэ хэщэтыкIт, зыгуэр щхьэкIэ зэрызэгуэпыр нэрылъагъуу. А псом и щхьэусыгъуэм зыри щIэупщIэртэкъым, игъащIэми апхуэдэщ ар жаIэрти, ежьэжырт. Ар ди гъунэгъути зэзэмызэ ди деж ныдыхьэрт. УнэмкIэ нимыгъазэу пщIантIэм щетIысэхыти, гу лъыптэу убгъэдыхьэн хуейуэ арат. Зыкъомрэ щысынти, псалъитI-щы нэхъ жимыIэу дэкIыжынт, къыщIэкIуари умыщIэу. ИужькIэ хьэлъэ гуэр уи гум къытенэрт.
Иужьрей зэманым абы и Iуэхум нэхъыбэрэ сегупсыс хъуат, сыбгъэдэтIысхьэу и гум илъ къезгъэIуатэрэт жысIэу, ауэ сытегушхуэртэкъым. Сэ мы хьэблэм сызэрыщыпсэурэ куэд дыдэ щIатэкъыми, абы хуитыныгъэр нэхъ мащIэу къызиту къызэрысщыхъури Iуэхум хэлът.
Зы пщыхьэщхьэ гуэрым ар ди деж ныдыхьащ, япэм емыщхьу, и щхьэр лъагэу Iэтарэ и нэхэр лыду. И зекIуэкIэри нэгъуэщI зыгуэр хъуат – хэIэтыкIауэ бакъуэрт. «Мис ар хабзэщ, къэралым зыгуэр фIыуэ ищIэнум, мис ар ищIащ!» – иджыри къэс шэщIауэ зэхэзмыха и макъым зригъэIэту жиIэрт абы.
– Сыт зи гугъу пщIыр? – сыщIоупщIэ, слъагъур згъэщIагъуэу.
– Мис а машинэхэр къэувыIэурэ лъэсырызекIуэхэр благъэкIын хуейуэ ящIа унафэ быдэр! Сыту гухэхъуэгъуэшхуэ ар! Сыкъ жиIэу къоувыIэ мо щIихьа къомыр, гъуэгум узэпрыкIыну узэрежьэу. А итхъа тIэкIум апхуэдэ къару иIэщ, уи щхьэр лъагэу узыгъэлъагъуж къару!
Къытригъэзэжурэ ар ину жиIэу лIыр дэкIыжащ. ИгъащIэ лъандэрэ абы и гум телъа бампIэр тезыхам еплъ…

Ацкъан Руслан.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ