Зэхэтык1эм и хабзэжьхэр

Ди лъэпкъым ищI тхьэлъэIухэр лIэужьыгъуэ куэд хъууэ щытащ нэхъапэм. Жылэ, къуажэ псор щызэхыхьэ тхьэлъэIуи щыIэт, зы лIакъуэм (лъэпкъым), зы унагъуэм и тхьэлъэIуи щыIэт. ТхьэлъэIу зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыкIуэрт нысашэхэми, псом хуэмыдэу кIахэ нысашэм – гуащэ тхьэлъэIу, нысэ къыщIэш тхьэлъэIу, нысэ тхьэлъэIу, н. къ.

Унагъуэ тхьэлъэIур гъатхэм ящIырт гъэфI техьэн, зыхуэныкъуэншэу, узыншэу псэун папщIэ. Шапсыгъым, псалъэм папщIэ, унагъуэ тхьэлъэIур мыпхуэдэу ящIырт.

Махуэ бжыгъэ ипэ къихуэу унагъуэм ис псоми шхын ящIу тхьэлъэIум зыхуагъэхьэзырт. Махъсымэ, къабз (тхьэлъэIу псыхьэлывэ мышыу), мырамысэ ящIт, бжэн (мэл) яукIырт.

ТхьэлъэIур пщыхьэщхьэу унэм щащIырт: жьэгу мафIэр ину зэщIагъанэрт, унэ кIуэцIыр уэздыгъей пхъэдзакIэкIэ ягъэнэхут. Шхыну ящIар Iэнэм тралъхьэрт. Нэхъыжьыр а Iэнэм щхьэщыту тхьэ елъэIурт, адрейхэр абы и щIыбагъым къыдэтт (мыбы бзылъхугъэ яхэттэкъым). Нэхъыжьыр тхьэ елъэIуа нэужь, псори унэм щIыхьэжырти шхэт.

Лъэхъэнэ елъытауэ, зыхуэлъаIуэ елъытауэ, унагъуэр зэлъэIу тхьэхэр зэхуэмыдэу щытащ. Апхуэдэу унагъуэр елъэIуу щытагъэнщ Жьэгупатхьэм, Созырэшым, Псатхьэм, Тхьэм, Тхьэшхуэм, ислъамыр къащта нэужь - Алыхьым.

ЛIакъуэ тхьэлъэIур езы лIакъуэм и тхьэм хуэгъэзауэ щытащ, апхуэдэу ящIт, псалъэм папщIэ, шапсыгъхэм. А тхьэлъэIур цIыхухъухэм дахырт. Ахэр япэ щIыкIэ лъэпкъым я нэхъыжьым деж щызэхуэсырти, итIанэ, ар я пашэу, тхьэщIагъ жыгым кIуэхэрт. Абы шхын здахьт, бжэн (мэл)

здашэрти тыхьу яукIырт. Iэщым и щхьэр къурыкъум фIащIэрт, лыр ягъавэрт. Лы гъэвари шхыну яхьари Iэнэм телъу жыг гупэм щагъэувырти, тхьэ елъэIурт. Iэнэм нэхъыжьхэр пэрытIысхьэти шхэт, нэхъыщIэхэр абы якIэлъыплъу ящхьэщытт, ядэмытIысу, абыхэм къела IэнэкIэр яшхыжырт.

Адыгэ тхьэлъэIухэр и нэхъыбэу жылэпсо тхьэлъэIуу, жылэ псом я фIыгъуэрэ я узыншагъэрэ щIэлъэIуу щытащ.

ТхьэлъэIу лIэужьыгъуэ псоми къыщыкIуэрэ нэхъыщхьэу хэтхэм ящыщщ тхьэм зыхуагъазэу псалъэкIэ лъэIуэныр. Псалъэм мэгъу мыхьэнэуэ иIэр хуабжьу инщ.

Апхуэдэ мэгъу псалъэу адыгэм яIэщ хъуэхъужьхэр. Шортэн Аскэрбий зэрыжиIэмкIэ, хъуэхъухэр тхьэлъэIу-усыгъэу къежьащ; тхьэ къэси, тхьэлъэIу къэси хъуэхъу щхьэхуэ иIэрэ зэIэпахыу щытащ. Хъуэхъу тхьэлъэIум япэ щIыкIэ тхьэр егъафIэ, еIэт, итIанэ цIыхур зыхуеймкIэ мэлъаIуэ.

Апхуэдэщ Тхьэгъэлэдж зэрызыхуагъазэ хъуэхъужьхэр. Псалъэм папщIэ, мыпхуэдэу жеIэ:

Я дэ ди тхьэ,

Тхьэгъэлэдж,

Телъыджэр зи Iэужь…

Е мыпхуэдэу:

Тхьэгъэлэдж и лъэныкъуэу

ГъатхэфI тхьэм дригъажьэ,

Дунейр зи лэжьыгъэу,

ЩымыIэр хэзыгъахъуэу,

Къэхъури зэлъэIуу,

Зыми емылъэIуж, ди тхьэ…

Апхуэдэу тхьэр игъэфIа нэужь зыхуеймкIэ мэлъаIуэ:

Едгъэжьа Iуэхур гъэбагъуэ!

И гугъур яхуэмыIуатэу,

МатэщIэдзауэ дыпсэууэ...

Вабдзэм и махуэр щIэдгъэлъауэ,

Гъунэм и махуэр итлъауэ,

ЩIылъэм и хуабэр хыхьауэ,

Бэвым и кIыпIэм дытехьауэ,

Я дэ ди тхьэ, къыщIэукI!

Хъуэхъу тхьэлъэIур хуэм-хуэмурэ абыхэм яблоIэбыкIри, мэлъаIуэ Iэщ бэгъуакIэ, унагъуэ зэпэщкIэ, нысэ махуэкIэ.

Жылагъуэ зэхэтыкIэм зыщиужькIэ, тхьэр гъэзакъуэным (закъуэу къэлъытэным) щыхуэкIуэкIэ, цIыхур зэрылъаIуэми зехъуэж. Япэ щIыкIэ тхьэлъэIур цIыхум и гъащIэр къегъэлыным дэщIамэ, и «ныбэм къипсэлъыкIмэ», иужькIэ абы къыщымынэу, зыкъомкIэ дэщIа мэхъу псапэмрэ гуэныхьымрэ, емрэ фIымрэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, тхьэлъэIум хуэм-хуэмурэ зыщIешэ лъэпкъым къигъэщI гупсысэхэу цIыхугъэ, нэмыс, фIыщIэ сытхэр - цIыху зэхэтыкIэ дахэм хуэзыущий Iуэхугъуэхэр. Абы шэсыпIэ хуохъу чристэн, ислъам динхэм я Iуэху еплъыкIэри: псапэ, фIы зыщIэр, хейр, захуэр жэнэтым макIуэ, Iей зыщIэр, гуэныхь къэзыхьыр, мысэр жыхьэнмэм макIуэ.

ТхьэлъэIум и зы Iыхьэ нэхъыщхьэу щытщ тыхьри. Ар тхьэм хуащI тыгъэщ. Тыхьу къокIуэ Iэщ яукIхэр, шхын зэмылIэужьыгъуэхэр, хьэпшып сытхэр. Тыхьу яукIыу къокIуэ бжэн, мэл, щынэ, жэм, вы, джэдкъаз. Адыгэм бжэным пщIэшхуэ хуащIырти, Iэмал иIэмэ бжэн яукIырт. Тавернье Ж. зэритхымкIэ, адыгэм ХVII лIэщIыгъуэм гъавэр Iуахыжа нэужь ящI тхьэлъэIум тыхьу бжэн (е мэл) яукIырт. Зэпкърамыхыу, зэрыпсоуэ ягъэва Iэщыр Iэнэм къытралъхьа нэужь, я нэхъыжьу цIыхуищым лыр Iыхьэ-Iыхьэу яупщIатэти, къызэхуэсахэм хуагуэшт. Лым и гъусэу махъсыми иратт абы хэфурэ хъурейуэ кърагъэкIуэкIт. А автор дыдэм зэритхымкIэ, мэкъуауэгъуэм ипэ къихуэу унагъуэ къэс бжэн яукIырт. Унагъуэ къэс псоуэ гъэва бжэныр къуажэкум яхьри Iэнэм тралъхьэ (нэхъыжьым и пащхьэ иралъхьэ). Апхуэдэу бжэн (мэл, щынэ) 50 къыщрахьэлIэ къохъу.

ИтIанэ машхэ, махъсымэр ираф, къоуджхэ. Тыхьым щыщ Iыхьэ тхьэм хуагъэтIылъу къокIуэ. Абы нэмыщIу тыхь пэлъытэу тхьэлъэIупIэхэм щагъэтIылъу къокIуэ Iэщэ, хьэпшып зэхуэмыдэхэр, уеблэмэ зекIуэм къраха къуентхъхэр (еплъ Тыхь тхыгъэм). Тыхьым къыдэкIуэу тхьэлъэIум къыщаIэт хабзэщ шхын зэмылIэужьыгъуэхэри. Къапщтэмэ, шхынри къоув тхьэхэм хуащI тыхьрэ тхьэхэм пэблагъэ зэрыхъу Iэмалу.

Апхуэдэ шхыну къокIуэ пIастэ, хьэлывэ, дэлэн, махъсымэ сытхэр. ТхьэлъэIумрэ шхынымрэ зэщIэтщи, шхэн ипэкIэ, санэ, махъсымэ ирафын ипэкIэ, тхьэм йолъэIу фIы къахуищIэну. ТхьэлъэIу шхыныр псоми яIухуэн хуейщ, тхьэм и нэфI псоми къащыхуэн папщIэ.

ТхьэлъэIум хэмытхэми Iыхьэ хуащI, уеблэмэ сабийхэми я жьэм жьэдалъхьэ, сыту жыпIэмэ, апхуэдэу щIашхыныр тхьэм пэблагъэ зэрыхъу Iэмалщ.

ТхьэлъэIум къыщокIуэ джэгу зэмылIэужьыгъуэхэри - удж, джэгу, шыгъажэ сытхэр. Джэгур зэм тхьэлъэIум хэпщIарэ абы къыгуэпх мыхъуу къокIуэ, зэм тхьэлъэIум пэщхьэхуэ зэштегъэу хуэдэу къокIуэ. Ауэ тIум щыгъуи тхьэлъэIум и зы Iыхьэрэ абы и къалэныр игъэзащIэу щытщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Щыблэуджыр. УджкIэ тхьэр зэриIэтым къинэмыщIа, уджым хэтхэр мэлъаIуэ Щыблэр жылэм къемыуэну, я гъащIэр къихъумэну. Уджри тхьэлъэIури зэщIэту къыщокIуэ гъатхэм ящIу щыта Вабдзэпэгъум. Абы хэт щIалэгъуалэр йоуджэкI Тхьэгъэлэдж гъавэ бэвкIэ елъэIуу.

Джэгу хэтщ нэгъуэщI тхьэлъэIухэми. Псалъэм папщIэ, вакIуэихьэжым шыгъажэ хэтщ. Джэгу хэтщ цIыхур лIэуэ сэдэкъэ щыхуащIкIи. Апхуэдэу адыгэм илъэс сэдэкъэ щищIкIэ икъукIэ цIыху куэд зэхуэсырти, тхьэлъэIум къыдэкIуэу шхын къаIэтт, шыгъажэ ящIт, къэбакъым еIэфIауэт, сабийхэр пкъом дэпщейуэ джэгухэрт.

Зэ щхьэкIэ къыпфIэщIынкIи мэхъу нэщхъеягъуэм (хьэдэIус сэдэкъэм) деж щащI джэгур (шыгъажэ сытхэр) къемыкIуу. Ауэ цIыхубэ щэнхабзэм мыхьэнэ имыIэрэ пщIэншэу зыри къигъэщIыркъым. Къэнар псэун хуейщи, псэуныгъэм зетыжын зэрыхуейм и нагъыщэ мэхъу нэщхъеягъуэм и кIэм щащI шыгъажэ, джэгу сытхэр. Абы къинэмыщIауэ, ахэр лIам и цIэр зэрагъэлъапIэ Iэмалу щытщ. Мыри адрей джэгухэри къоув зы Iуэхум и пIалъэ икIыу нэгъуэщI Iуэхум и пIалъэ къызэрысам и нагъыщэу. Абы къинэмыщIа джэгухэм ягъэнахуэ цIыху зэхэтыкIэр, пщIэщхьэ зэхуэщIыныр, жылагъуэ Iуэхур зэтес щIыныр.

Поделиться: