Лъагъуныгъэ

Бжьыхьэ дыщафэм и дахагъэр пэш сызыщIэсым и щхьэгъубжэм къыкIэрыт жыг тхьэмпэхэм зэрыхэслъагъуэр арами сымыщIэ, ауэ гупсысэр гуэгъу схуэхъуащи, тхылъымпIэ напэр си стIолым къытеслъхащи, сымытхэныр схулъэмыкIынщ. ЖыпIэнурамэ, гупсысэхэм куэдым къыщаущыхь, абыхэм кIуапIэ ямыIэ, зылъэмыIэс, здынэмыс щIыпIэ щымыIэ. Курых абыхэм яхуэхъуар Лъагъуныгъэрщ.

Лъагъуныгъэ… Мы псалъэр зымыцIыху щыIэкъым, ауэ абы и купщIэр пыухыкIауэ сыту щытми зыми къыбжиIэфынукъым. Апхуэдэу щIыщытым и щхьэусыгъуэр лъагъуныгъэм плъыфэ куэд, пкъыгъуэ зыбжанэ зэриIэр арагъэнщ. Лъагъуныгъэр зы жыпхъэу къапщтэу уеплъ хъунукъым, сыту жыпIэмэ щыIэщ цIыхум хэкум хуиIэ лъагъуныгъэ, бынымрэ адэ-анэмрэ яку дэлъ лъагъуныгъэри гъащIэм щыкуэдщ. ЦIыхуитIым яку къыдэхъуэ гухэлъ IэфIу лъагъуныгъэкIэ дызэджэми иIэщ къаруушхуэ. Сыт хуэдэу щымытами, лъагъуныгъэр дыгъэщ, Iэпэ бзийхэмкIэ зэ уи гумрэ уи псэмрэ къыхэIэбамэ, мыужьыхыжу, дэп жьэражьэу Iэпкълъэпкъ псом къару езытщ.

Хэкум папщIэ цIыхум иIэ лъагъуныгъэр сыту лъэщ. Си ныбжькIэ сыщIалэми, а лъагъуныгъэм сызэщIеIэтэ. ХамэщI сыщыIауэ си щIыналъэ къыщызгъэзэжым деж, къысфIощI си Хэку дыщэм IэплIэ къысхуищIу, къысщыгуфIыкIыу, къысхуэзэшарэ и фIыгъуэ псомкIи къысхуэтыгъэу. Дэнэ сыщымыIами, си щIыналъэм пэсщIын щыIэкъым. Лъагъуныгъэ хъужыр аращи, сыхуей-сыхуэмейми, си япэ лъэбакъуэм и къежьапIэ хъуа, зи дзапэ уэрэдхэм сыщIапIыкIа, зи таурыхъхэмк1э сапсыхьа, си къежьапIэ, си къуэпсхэм зыщаужь щIыналъэм къару мыкIуэщIкIэ сыпыщIащ, арагъэнущ Хэку лъагъуныгъэ хъуж къарури.

Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ, абы и щхьэусыгъуэкIэ гупсысэу сиIэм бгъащхъуэу къызэхалъэтыхьаи бгыжь-къуршыжьхэр, Iуащхьэмахуэ и уардагъэм сыщагъэгъуэзаи, Балъкъ псыхъуэ и псынэпс щIыIи срагъэфаи, нанэ и Iэнэгум шхыныгъуэ IэфIхэр щызагъэшхаи, дадэ и хъуэхъу жыIэр адыгэбзэу сIуралъхьаи. Сыту къаруушхуэ уиIэ, лъагъуныгъэ!

Дыщафэ тхьэмпэхэр къызопсалъэ. Си жыIэр тхылъымпIэм тестхэмэ, къэзмыгъэнэну мэлъаIуэ адэ-анэмрэ бынхэмрэ яку дэлъ лъагъуныгъэр. ЛъэIур IэщIыб зэрызмыщIыным щыгъуазэщ ахэр. Мы лъагъуныгъэ лIэужьыгъуэм плъыфэу иIэр нэгъуэщIщ. Анэмрэ бынымрэ яку къыдэхъуэ хуабагъэр зыми емыщхьщ. Анэм и гур быным хэлъщ, жэщ-махуэ имыIэу ар быным толажьэ. Сэри си анэм и лъагъуныгъэр йофIэкI, йобэкI адрейхэм. ЗгъэщIагъуэр аращи, зэи кIащхъэ хъуркъым си анэм сэркIэ иIэ лъагъуныгъэр. Ар зэщIоплъэ мафIэу, нуркIэ мэтыгъэ, гуапагъэкIэ мэщыгъэри, сагъэгушхуэ, сагъэин. Си анэм и жыIэм слъимыгъэкIын щыIэкъым. Апхуэдэ дыдэуи си адэр лъагъуныгъэк1э къысхуогуапэ. Си анэм тыгъэу хуабагъэу къысхуиIэр къызбгъэдилъхьэмэ, си адэм и лъагъуныгъэр нэхъ къузащ. Ар лъэпкъ гъэсэныгъэм къызэремызэгъыр арагъэнщ. Ауэ зэзэмызэ Iэдэлъэ къызэрысхуищIымкIэ, лэжьыгъэ хьэлъэхэр зэрысщхьэщихымкIэ, сызэриущий-сызэригъэIущ псалъэхэм къагъэнаIуэ абы сэркIэ иIэ лъагъуныгъэр. Сэри си адэ-анэм яхузиIэ хуабагъэр мащIэкъым. ЗэрысхулъэкIкIэ, зэрысхузэфIэкIкIэ абыхэм я жагъуэ зэрызмыщIыным, я напэ зэрытезмыхыным сыхущIокъу…

Жыг къудамэм къытетIысхьауэ къыздэуэршэр бзуущхъуэ цIыкIур мэлъаIуэ нэгъуэщI зы лъэныкъуэкIи лъагъуныгъэм сытетхыхьыну: цIыхуитIым яку къыдэхъуэ гухэлъ IэфIым. Мыпхуэдэ лъагъуныгъэр псоми нэхъ къахэщхьэхукIыу, къахэцIуукIыу щытщ. Пщащэмрэ щауэмрэ яку къыдэхъуэ гухэлъыр йобэкI, йофIэкI псоми. Абы узэщIеIэтэ, къару къует, псори плъегъэкI, уэгум урехьэ, щIылъэм ущегъэджэгу. Ар мыувыIэу зэщIост, нэхъри нэхъ ин мэхъу, итIанэ уи зэхэщIыкIри къэухьри абы елъахъэ. Лъагъуныгъэм теплъэ иIэуи, тэрэзэм иплъхьэуи пшэчыфу щыткъым, ауэ ар зыхэзыщIа цIыхур «зэрыщымыт» мэхъу. Абы и махуэхэм дыгъэм и бзийхэр щоджэгу, къалэбзур мыувыIэу мэусэ, пшынэ дыкъуакъуэхэм макъамэ гурыхьыр ягъэIу, уафэр лэгъупыкъум иреIэ, жыгхэр гъагъэм ехь, гур мэусэ, уэрэдыр къреш, нэхэм ялъагъу дэтхэнэри щхъуэкIэплъыкIэщ, Iэпкълъэпкъыр жанщ, лъэхэм ящIыр ислъэмей, уигу къэкIыркъым зы Iей. ФIыуэ плъэгъуам ухуэзамэ, уоубзэрабзэ, псалъэхэр дахагъэм и налъэкIэ богъэнщI. ЖыпIэнурамэ, дамэ къыптокIэри, ар уэгум ибохьэ, хьэуа къабзэкIи богъэбауэ, къуршыбгъэм и дамэр здишэщI псоми къыщыбогъэлъэтыхь, псынэпс ибогъафэ, уогъафIэ, ухуоусэ…

Усэ зэхэплъхьэм хэт дэтхэнэ зы псалъэри макъыбэу зэролъэлъ. Зы псалъэ жыпIамэ, етIуанэр езыр-езыру къоунэху, аращи, уи гум илъ псори наIуэ мэхъу. Лъагъуныгъэр зыщIауэ усэ зэхэзымылъхьа гъуэтыгъуейщ, уеблэмэ щымыIэххэнри зым хэмылъщ. Гухэлъ IэфIымк1э Тхьэшхуэр зыхуэупсар зэрыпсалъэр лъагъуныгъэм и бзэщ. «Апхуэди щыIэ?» - жызыIэни бгъуэтынщ. Ауэ ар щыIэщ, ар бзэ къабзэщ, гурыхьщ, дахэщ, дахащэщ. Ар зэролъэлъ, фом хуэдэу IэфIщ, гум ехуэбылIэщ, псэр хэзыгъахъуэщ. Сыту и насып апхуэдэбзэр игъащIэкIэ зыIурылъ цIыхум. Насыпышхуэщ! Апхуэдэбзэм ирипсалъэр бгъэхъуахъуэ хъунущ сытым и дежи, сыту жыпIэмэ ар фIым пэджэнущ, дахагъэ къипсэлъынущ, гур гушхуэныгъэм гуэгъу хуищIынущ, псэм ехуэбылIэнущ. Ар зэхэзыха дэтхэнэми и дунейр нэщхъыфIэ хъунущ…

Лъагъуныгъэр зи гум илъ цIыхур гуибл банэ лъапцIэу хэтми, щищ1ынущ абы екIуу ислъэмейр, Сосрыкъуэ хуэдэу, тепщэчыр и нэзымкIэ къифыхьыфынущ, пкъым щIэт къару псори уигъэлъагъунущ… Пэж дыдэуи, Iэпкълъэпкъым ищIэркъым зэшыр, ар зэщIэплъэ зэпытщ, къыпфIощI уи джылъхэм щежэх хъугъэпсыр нэхъри гуащIэу... Аращи, жьым утесу псым уопыдж. Къару къыпхелъхьэ лъагъуныгъэм. Къэрабгъэм лIыгъэ къыкъуегъэкIыф, лIыгъэ зиIэм и дунейми зрегъэхъуэж… Ей, лъагъуныгъэ, лъагъуныгъэ, сыту угуащIащэ, сытуи уIэф1ыщэ!

Си ныбжьыр хэкIуэтэху си гупсысэхэми захъуэжынущ. НобэкIэ лъагъуныгъэр къызэрысщыхъур апхуэдэущ. Бжьыхьэ дыщафэм и щыгъыныр зыщыгъ жыгми, абы и къудамэм тес бзуущхъуэми лъагъуныгъэ сэ къысхуаIэщ, сэри яхузиIэщ. Жыгым и тхьэмпэ зэмыфэгъухэмкIэ щхьэгъубжэ абджыпсхэм дыщэидэу къытогъуалъхьэ, зэрылъэлъу уэрэд дахащэр бзу цIыкIум къысхуреш. Аракъэ хъужыр лъагъуныгъэ уэрэд жыпIэныр, дахагъэ къебгуэшэкIыныр, дыгъэр къыптепсэу упсэуныр…

МАХУЭЛI Беслъэн. Москва къалэ.
Поделиться: