Зи зэфIэкIыр къуэпсыбэ

 

Адыгей тхакIуэ, литературэхутэ цIэрыIуэ Куэстэнэ Дмитрий къызэралъхурэ   илъэси II0-рэ мэхъу.

Накъыгъэм и 9-м дунейм къытехьа  щIалэм  и гъащIэм а дамыгъэм  мыхьэнэ тIууащIэ щигъуэтауэ къэплъытэ хъунущ.

ЩIэныгъэм хуэпабгъэ щIалэщIэм егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыру Краснодар  дэт университетым и филологие къудамэр къиухащ.

1942 гъэм и шыщхьэуIу  мазэм, езым и фIэфIыныгъэкIэ зауэм дэкIри,  лIыхъужьыгъэ къигъэлъагъуэу  Берлин нэсахэм яхэтащ. Зауэм абы IэнатIэ зыбжанэ щызэрихъуэкIащ, япэ щIыкIэ миномётчикыу, иужькIэ фочгъауэ  ротэм и  политрукыу, итIанэ ар ягъэуващ  я дивизэм къыдигъэкI «За Родину»  газетым и  литературэ лэжьакIуэу. А къулыкъур игъэзащIэху абы публицистикэ тхыгъэ, очерк, Iуэтэж гъэщIэгъуэнхэр   итхыжурэ къытридзащ.

Зауэм къыщигъэлъэгъуа  зэфIэкI лъагэхэм папщIэ абы «Вагъуэ Плъыжь», «Хэку  зауэшхуэ» (I нагъыщэ) орденхэр,  «Берлин къызэращтам папщIэ», «Венэ къызэращтам папщIэ», «1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Германым зэрыщытекIуам папщIэ», «Зауэм  къыщигъэлъэгъуа  зэфIэкIхэм папщIэ» медалхэр  къыхуагъэфэщащ.

1946 гъэм  и лъахэм къигъэзэжа иужь,  ар жыджэру хущIокъу тхакIуэхэм я  IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэращIэжыным. «Дружба» альманахыр  адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ къыдагъэкIыу  щIадзэжыным толажьэ,   критикэ тхыгъэхэр, очеркхэр, Iуэтэжхэр етх.

Куэстэнэ Дмитрий лэжьащ  Адыгейм я тхылъ тедзапIэм  и редактор нэхъыщхьэу, унафэщIу,  АР-м и ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и  щIэныгъэ лэжьакIуэу,  ар мызэ-мытIэу хахащ  Адыгей, Краснодар щIыналъэхэм  я цIыхубэ депутату.

Къалэмыр Iэзэу зыгъэлажьэ  тхакIуэм, зауэм и гуащIэгъуэм хэтам итхын и мащIэт?! Мис а Iуэхугъуэхэращ ар  псэуху  зытетхыхьар. Дмитрий  и IэдакъэщIэкIхэм куэд щIыдихьэхым я щхьэусыгъуэр  и тхыгъэхэм и нэгу щIэкIа Iуэхугъуэхэр лъабжьэ зэрахуищIарщ.

Абы къигъэщI   тхыгъэхэм дэ  дыщрохьэлIэ дзэм  Iут корреспондентым  и  гупсысэ гъэщIэгъуэнхэм.

 Куэстэнэ Дмитрий ящыщщ зи зэфIэкIыр къуэпсыбэ цIыху насыпыфIэхэм. Курыт еджапIэм и класс нэхъыжьхэм щеджэхэм папщIэ 40 гъэхэм икухэм  абы зэхигъэува     тхылъыр   куэд дыдэрэ къыдагъэкIыжауэ щытащ. Литературэхутэ  лэжьыгъэ мымащIэ къыщIэнащ абы. Куэстэнэм   куууэ иджауэ щытащ Теучэж ТIэхьир (Цуг)   и  творческэ гъуэгуанэр. Абы и къэхутэныгъэхэм  япкъ иткIэ «Цуг Теучеж», «Песня обретает крылья» тхылъхэр дунейм къытехьащ. 

ТхакIуэм адыгейбзэкIэ зэридзэкIи къыдигъэкIащ     Горький Максим и «На дне» пьесэр, Фадеев Александр и «Молодая  гвардия» романыр,  Бабаевский Семён и «Кавалер Золотой Звезды»   романыр, нэгъуэщIхэри.

 1941 гъэм  Куэстэнэр СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ.

1985  гъэм  Кустэнэ Дмитрий  и ныбжьыр  илъэс 73-м иту  дунейм ехыжащ.

 

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: