Нэфхэм я алыфбейр къигупсысащ

 

Дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа цIыхухэм яхэтщ нэфхэр. Зинэ имылъагъухэм дуней щхьэхуэ гуэр зыхащIэ, я гупсысэкIэри адрейхэм къащхьэщыкIнкIи мэхъу. И нэм сэкъат игъуэта нэужь, IэмалыншагъэкIэ и гурыхуагъэм нэхъри хэхъуа хуэдэт фэдгъэцIыхуну щIэныгъэлIым…

Француз щIэныгъэлIт Брайль Луи. БыниплIым я нэхъыщIэ цIыкIум Людовик фIащами, гъэфIэныцIэу ирата Луи-м къытенат. И адэр IэпщIэлъапщIэт, шы Iэпслъэпсхэм елэжьырт. Махуэр щигъэкIуэн фIэфIт щIалэ цIыкIум адэм и лъэщапIэм. Фэ пытхъахуэхэр зэхуихьэст, зыгуэрхэр къыхищIыкIыну и ужь итт. КIэщIу жыпIэмэ, зэрыджэгу хьэпшып хуэдэу иIэт. Ауэ, адэм езыр имыгъусэу щIигъэхьэртэкъым и лъэщапIэм, дзыхь ищIыртэкъым. Зэгуэрым, зигъэпщкIури, и закъуэу абы кIуащ/ Aэ бзыхьэхуэм гъуанэ хуищIын и гугъэу, дыдкIэ епэщэщурэ, и нэм щIэуэжащ. Абы щыгъуэ илъэсищым иту арат. Сабийм и нэр къахуегъэлакъым: е екIуащ, адрей нэми Iэпхъуащ.  Илъэситхум щIалэ цIыкIур нэф хъуащ. Луи цIыкIу и адэм еджэкIэ иригъэсащ мыпхуэдэ щIыкIэкIэ: пхъэбгъум хьэрфхэм я щытыкIэм техуэу гъущI Iунэхэр хиукIэри, IэпэрыгъуазэкIэ ар сабийм къригъэпщытэу щIидзащ. ИлъэсипщIым иту, зи нэ имылъагъухэм папщIэ институтым Париж ягъэкIуащ. Зи нэ имылъагъу сабийхэм папщIэ институтым еджэнкIэ къыхэжаныкIри еджапIэм ит стипендиери къилэжьащ. «Жэщырыгъуазэ алыфбейкIэ» а зэманым зэджэу щытамкIэ ирагъаджэрт сабийхэр. А алыфбейр къагъэсэбэпу щытащ жэщым хъыбар щэхуу зэIэпызыхын хуей хъу сэлэтхэм. Луи пасэу щIидзащ Iэпэрыгъуэзэным и щэхухэр къихутэу. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэу, и адэ-анэм я деж къэкIуэжамэ, щIалэ цIыкIур ялъагъурт зыгуэрым епэщэщу гъуэгу Iуфэхэм Iусу: папцIэ гуэрхэмкIэ тхылъымпIэпс Iувыр иугъуэнырт, IэпэкIэ зэригъапщэрт. Илъэс I6-м иту, апхуэдизрэ зэпэщэщу щытар къэхутэныгъэ хъуащ: точкэ 63-рэ къыщыгъэсэбэпа алыфбей. Илъэс 20 щыхъуам Брайль Луи зи нэ имылъагъухэм папщIэ Iэпэрыгъуазэ еджэкIэр къигупсысащ. Брайль и шрифтым и сэбэпкIэ зи нэ сэкъат иIэхэр тхылъ йоджэф, компьютерым иролажьэ, макъамэм хуоджэ. Брайль и алыфбейр иджыпсту дуней псом къыщагъэсэбэп. Алыфбейм лъабжьэ хуищIащ  дамыгъищ: ахэр сатыритIым щырыщу тетщ.  А дамыгъэхэмкIэ бжыгъэхэр, псалъэхэр, сурэтхэр, макъамэ нотэхэр къыхэпщIыкI мэхъу. Брайль и дамыгъэхэм ижьымкIэ къыщыщIидзэу уотх, итIанэ, къызыбогъэзэкIри, сэмэгумкIэ къыщыщIидзэу укъоджэ.   Брайль хузэфIэкIащ нэфхэм дуней яригъэлъагъуну. Иджы Луи Брайль и Iэпэрытхэр компьютерым Iэмалыми ирагъэзэгъащ – компьютерым илъ тхыгъэ къызэрыгуэкIыр Брайль и Iэпэрытхэм хуэзыгъакIуэ программэ къагупсысащ.

Францием, Кувр къалэм дэтщ Брайль и унэ-музейр. И сабиигъуэр щигъэкIуар музей ящIыжащ.

 

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: