Гъуэгухэр, лъагъуэхэр

Налшык и гъуэгухэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIа лэжьыгъэхэм пащэ.
Мэлбахъуэм и уэрамым и кIыхьагъкIэ иджыпсту техникэ хьэлъэхэр щолажьэ: кхъахэ хъуа бжьамийхэр къанэ щымыIэу щIэкIэ яхъуэж, лъэс лъагъуэ къудей фIэкIа здэщымыIа щIыпIэхэм лъэс зекIуапIэхэр щащI. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр къыщрахьэлIащ Къэбэрдей, Кадыровым и цIэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхэкIыпIэм щегъэжьауэ ехыу.
Къалэкур къатщтэмэ, лэжьыгъэ нэхъыбэ иджыпсту къыщрахьэлIэр Лениным и уэрамым ирикIуэ лъэс зекIуапIэращи, плиткэхэр щIадзауэ иралъхьэ. Гъуэгумрэ лъэс зекIуапIэмрэ я зэхуакум дэлъ жыг щIагъ удзыпцIэр Iыхьэ - Iыхьэу зэпаудри датIыкIащ. Ахэр дизайнер хабзэ пыухыкIам тету ягъэщIэрэщIэнущ.
А лэжьыгъэхэм къадэкIуэу йолэжь сэкъат зыгъуэта къалэкIуэцI гъуэгухэми йолэжь. Шортэным, Лермонтовым я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм махуэ зыбжанэ хъуауэ кумблIэмбхэр щагъэсей. Лэжьыгъэ псори Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 щрикъу фокIадэ мазэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ.
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: