Хымрэ щIымрэ я зэдэхъукIэрХышхуэхэм я инагъым хэхъуэ зэпытыр пэжмэ, апщIондэху щIым хэщIын хуеякъэ? - упщIэ къызэрыгуэкIщ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, мыбдежым щIыр хуэбгъадэ хъунущ псы къикъуэлъыкIым къытрищIэ тхъурымбэхэм, аращ континентхэм зыщIамыхъуэжри.
ЩIым и купсэр (ядрор) упщIыIуху, мафIэ хуэм дыдэм тет кIэструлым хэубыдыкIауэ и зы щIыпIэкIэ мащIэу къыщыдэкъуэлъейм ещхьыркъабзэу, магмэр гущIыIум къокIуэри, базальт пкъыгъуэу тожыхь. Ахэр апхуэдэу Iувкъым - жьанэ мыинурэ зэкIэщIокIыж, щIым щыщу къызэщIашэ щIагъуи щымыIэу. Хышхуэ лъащIэхэм континентальнэ лъэгухэр щызэжьэхэуэмэ, ар къыщыхъу щIыпIэхэм деж Iэмал имыIэу бгы къырхэр къыщоунэху. Континентхэр щымыхъей щIыпIэхэм базальт къэунэхуныгъэхэр и щхьэмкIэ къыдэмыкIуеифу, щIым и купсэм нэс йохри магмэм хозэрыхьыж.
Къэхъуащ, дауи, ар гущIыIум къыдэкIуейуэ, хышхуэр зэрыщыту щыщIиуфаи. Абы и щапхъэщ ижь зэманым щыIа Тетис хышхуэм и бзэхыкIар. Абы щыщу къэнауэ аращ хы ФIыцIэр, Каспие хыр, адыгэхэр ХыщхъуэкIэ зэджэу щыта Хыкурыхыр. КъызэрыщIэкIымкIэ, Кавказ къуршхэри щIымрэ псымрэ я зэпэщIэуэныгъэхэм ящыщ зым къыдэунэхуащ.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2024 - 17:44 →
ЩIэблэ къабзэ къытщIохъуэ
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
10.04.2024 - 11:00 →
Дисанэ и ехъулIэныгъэ
|